ЩIалэгъуалэр ущииным и мыхьэнэр

«Россельхознадзор»-м и Къэбэрдей-Балъкъэр референт центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ къэрал политикэм и лъэныкъуэ нэхъыщхьэхэр къызэщIэзыубыдэ, мыхьэнэшхуэ зиIэ зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ тхыдэм и пэжыр хъумэным, къэкIуэну щIэблэхэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным, нобэ Iэщэ яIыгъыу Хэкум и гъунапкъэхэр зыхъумэхэм зэрызыщIагъакъуэ Iэмалхэр гъэлъэщыным, нэгъуэщIхэми.

ЗэIущIэм хэтащ «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIым и къуэдзэхэр, СВО-м и ветеранхэу ПщыхьэщIэ Ахьмэдрэ Чеченов Елдаррэ.

Абыхэм къызэхуэсахэм жраIэжащ дзэ Iуэху хэхам щагъэзэщIа къалэнхэр, нобэ Хэкур хъумэным къикIыр, фронтым къикIыжа зауэлIхэр мамыр гъащIэм хэзэгъэжынымкIэ дэIэпыкъуэгъу зэрыхъур, нэгъуэщIхэри. Къызэхуэсахэм дзэ къулыкъум пэрытхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зэрызыщIагъакъуэм, къэралым яхуищI хуэгъэкIуатэм теухуауэ иджыпсту зэфIагъэкIхэм и закъуэкъым зи гугъу ящIар, атIэ социальнэ, психологие реабилитацэ Iуэхутхьэбзэхэр пIалъэ кIыхьым тещIыхьауэ цIыхухэм зэрыхуащIэну Iэмалхэми хэплъащ ахэр.

Гулъытэ хэха хуащIащ щIалэгъуалэр хамэ къэралхэм къикI къыхуеджэныгъэ мыщхьэпэхэм демыгъэхьэхыным, апхуэдэ Iуэху мыфэмыцхэм щыхъумэным ехьэлIауэ щыIэ хэкIыпIэхэм. КъухьэпIэ спецслужбэхэр иужьрей зэманым балигъ мыхъуахэр интернетымкIэ, социальнэ сетхэмкIэ хабзэм къемызэгъ Iуэху гуэрхэм хашэным зэрыхэтыр щIэхуэбжьащ, абыхэм хъыбар нэпцIхэр зэбграгъэх. Абы къыхэкIыу къыхагъэщащ хабзэхъумэ IэнатIэхэм къыщыщIэдзауэ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, адэ-анэхэм я деж нэсу псоми я къарур зэгъэуIуным мыхьэнэшхуэ зэриIэр, сыт хуэдэ Iуэху мыщхьэпэри гъэкIуэдыным елэжьын зэрыхуейр.

ЗэIущIэм хэтахэм жаIащ егъэджакIуэхэм, адэ-анэхэм, балигъхэм щIэблэм дзыхь хуащIмэ, зэIухауэ зэпсалъэмэ, критикэ гупсысэкIэм ныбжьыщIэхэр хуагъасэмэ, щIалэгъуалэр Iейм щыхъумэным зэрыпэлъэщынур. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэр къайхъулIэмэ, щIыналъэм зэпIэзэрыту зиужьынымкIэ, Хэкум и тхыдэм пщIэ хуащIу ныбжьыщIэхэр гъэсэнымкIэ сэбэп хъунущ. ЗэIущIэм и кIэухым яубзыхуащ Iуэху мыщхьэпэм и лъабжьэр къыщежьэр студентхэм ягурыгъэIуэнымкIэ лэжьыгъэр щIэгъэхуэбжьэн, балигъ мыхъуахэр гъуэгу пхэнж темыхьэнымкIэ Iэмал нэхъыбэ къэгъэсэбэпын зэрыхуейр.

ДАРИЙ Дахэнур.
Поделиться: