Анэм и гъуапэр пхъум и пщампIэщ![]() Пасэм псэуахэм зэрыжаIауэ, «анэм и гъуапэр пхъум и пщампIэщ». Сабийм зыхилъхьэ хьэлыр балигъхэм ядилъагъумрэ жаIэу зэхихымрэщ жысIэмэ, сыщыуэну къыщIэкIынкъым. Зи гугъу фхуэсщIыну пщащэми, Нарткъалэ щыщ Къущхьэ Камилэ, къежьапIэ хуэхъуар и анэм бгъэдэлъ зэчийрщ. Камилэ и анэ Яхэгуауэ Анетэ Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэщ, Нарткъалэ музыкэмкIэ и еджапIэм илъэс куэдкIэ щылэжьащ, мы зэманым а къалэм дэт «Сказка», «Налмэс» сабий IыгъыпIэхэм къафэмкIэ я гъэсакIуэщ. Илъэсихым иту Камилэ «Алло! Мы ищем таланты» зи фIэщыгъэ зэпеуэм хотри, етIуанэ увыпIэр къыщехь. «Вдохновение» ансамблым хагъэхьэ, Сэралъп Жаннэ и гъэсэнхэм ящыщ мэхъу. Жаннэ и нэIэм щIэту музыкэмкIэ школри курыт еджапIэри фIы дыдэу къызэдеухри, Гъуазджэхэмрэ щэнхабзэмкIэ колледжым щIотIысхьэ. Колледжыр 2009 гъэм къеухри, Москва макIуэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ къэрал университетым щIэтIысхьэну. Ар абы зэрылажьэм хуэдэурэ фIы дыдэу къиухащ. Псэлъэгъу схуэхъуа, къэфэныр зи псэм хэлъ пщащэм къызжиIахэм фыщызогъэгъуазэ. - Уи IэщIагъэм къежьапIэ хуэхъуам щыгъуазэ дыпщIамэ арат, Камилэ? - Дунейм къытехьэ дэтхэнэ цIыхуми зы къежьапIэ гуэр, зы гугъапIэ гуэр иIэщ. СызэригугъэмкIэ, унагъуэм къыщекIуэкIрауэ къызолъытэ сабийм лъагъуэ хуэхъур. Сэри абы сыдихьэхыным щхьэусыгъуэ хуэхъуар си анэр гъуазджэм зэрыпыщIар арагъэнущ. СызэрыцIыкIурэ си псэм хэлъщ къэфэныр. Университетым сыщIэтIысхьэжа нэужь, КъБР-м МузыкэмкIэ и театрым ПащIэ Рамед и жьауэм сыщIэту лэжьэн щыщIэздзащ. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзгъэгъуэтри, Гъуазджэмрэ щэнхабзэмкIэ колледжым балет къафэмкIэ щезгъаджэу илъэс зыбжанэ хъуауэ абы сыщыIэщ. ГугъапIэу пщIыр къохъулIэн папщIэ къыбдэзыIыгъын, къыбдэзыгъэпсынщIэн, къыпхуэзыгъэдэхэн уиIэн хуейщ. Си адэр пасэу дунейм ехыжами, си анэм зыми дримыгъэхъуапсэу, дызыхуей дыхуигъазэу, ди гурыгъу-гурыщIэхэм щыгъуазэу дыкъэхъуащ. Сабиищыр ди анэм и закъуэ дипIащ, дригъэджащ, щыми IэщIагъэ, щIэныгъэ дигъэгъуэтащ. Дэр папщIэ гугъуехь куэд зышэча ди анэр адэкIи гугъу зэредмыгъэхьыным, и пщIэр зэрытIэтыным дыхущIокъу. Сыхуейщ куэдрэ ди анэ лъапIэр узыншэу къытщхьэщытыну. Пасэм псэуахэм зэрыжаIауэ, «анэм къуипэсыр гунэсщ». Быным папщIэ анэм и псэр итыфынущ. - Гъатхэ кIуам МузыкэмкIэ театрым Лермонтовым «Герой нашего времени» романымкIэ щагъэува спектаклым Бэлэ и ролыр щыбгъэзэщIащ. Уи IэщIагъэкIэ укъэфакIуэщ, дауэ утегушхуа а партием? - Си гъэсакIуэ ПащIэ Рамед и фIыгъэщ абы сытегушхуэн хуей щIэхъуар. Сигуми си псэми дыхьэу згъэзэщIащ къыслъыса ролыр. Гъуазджэм куууэ ухэтын папщIэ, куэдым ухуэIэрыхуэн хуейуэ къызолъытэ. ТIэкIу къызэхьэлъэкIами, псори хъарзынэу щызэфIэкIым, сыщыгуфIыкIыжащ. - Сыт хуэдэ лъагапIэхэм сынэсащэрэт жыпIэрэ? - Си гум щызгъафIэ балет къафэкIэмкIэ дунейпсо утыку сихьарэт жызоIэ. Ди адыгэ къафэм пэсщIын щыIэкъым, ауэ адрей къафэхэри си жагъуэкъым. Тхьэм къысхузэпищэмэ, си мурадщ дунейпсо утыкушхуэм зыкъыщызгъэлъэгъуэну, ди лъэпкъым и щэнхабзэм нэхъыбэ щыгъуэзэным си зэфIэкI хэслъхьэну. Гуауэ сщохъу ди бзэмрэ хабзэмрэ лъэныкъуэкIэ щрагъэкIуэтэкIым деж. Си лъэпкъ фащэр сщыгъуу утыкум сыкъыщихьэкIэ, пхуэмыIуэтэщIын хуэдизу дэрэжэгъуэ къызет. Ди нэхъыжьыфIхэм лIэщIыгъуэ куэдым къадэгъуэгурыкIуа хъугъуэфIыгъуэхэр тхъумэныр, абыхэм яхуэфащэу дыщытыныр, адыгэу зызыбжыж дэтхэнэ зыми къыттехуэу къызолъытэ, - жеIэ Камилэ. - Упсэу, Камилэ! Уи мурадхэр къохъулIэну ди гуапэщ.
Поделиться:
Читать также:
13.07.2026 - 19:17 →
Бай Галинэ и лэжьыгъэхэр
05.07.2026 - 13:00 →
Театр сурэтыщIым и IэдакъэщIэкIхэр
28.06.2026 - 12:00 →
ТхакIуэхэм я щIэнIуатэ
18.06.2026 - 17:00 →
Гуащэ телъыджэхэр зи IэрыкI
17.05.2026 - 10:33 →
Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь
| ||





