«ЩIакIуэ кIапэм» и IуэхукIэ

Адыгэ IуэрыIуатэхутэ КъардэнгъущI Зырамыку къызэринэкIа и тхыгъэхэм яхэтщ щIакIуэ кIапэм теухуауэ лэжьыгъэ гъэщIэгъуэн. Абы теухуауэ IуэрыIуэтэжу ди лъэхъэнэм къэсахэр япэ дыдэу зэхуэзыхьэсар аращ, щIакIуэ кIапэм хабзэ щхьэхуэхэр епхауэ къызэрыгъуэгурыкIуар тегъэчыныхьауэ япэу жызыIари аращ. «Адыгэ псалъэм» и щIэджыкIакIуэхэм папщIэ щIэныгъэлIым и къалэмыпэ къыщIэкIа тхыгъэр къитлъхьэныр игъуэу къэтлъытащ, абы хэлъ Iуэху еплъыкIэм иIэ тхыдэ икIи щэнхабзэ мыхьэнэр къэтлъытэри.

«Жыхьэнэмэм уритет нэхърэ, жэнэтым уриунэIутмэ нэхъыфIщ», – жеIэ адыгэ псалъэжь гуэрым. Абы къикIыр гурыIуэгъуэщ: Iуэху Iейм уриунафэщI нэхърэ, IуэхуфIым уриIуэхутхьэбзащIэм нэхъыфIщ, жыхуиIэщ. Зэуэныр сыт хуэдизу Iуэхугъуэ икIэу щымытми, зэманым гъащIэм зэбиитIыр зэмызэуэну, зэрымыукIыну Iэмал имыIэу ирихулIэрт. Апхуэдэу щыхъукIэ, абыи зы унафэ гуэр иIэн хуейт, зы хабзэ гуэр хэлъын хуейт, зэбиитIым яку дэлъ зэныкъуэкъур иригъэзакIуэу. Мис аращ адыгэм я «щIакIуэ кIапэр» къызыхэкIар. Ар Адыгэ Хабзэм щыщ зы Iыхьэщ.

Адыгэ «щIакIуэ кIапэр» зэращIу щытам занщIэу хыболъагъуэ ар лъэныкъуитIымкIи захуагъэ зыхэлъ зэзэуэкIэу зэрыщытар. Пасэрей адыгэхэм къащIэнауэ ди зэманым къэсащ абы теухуауэ псалъэжь куэд: «ЛIы пхам еуэркъым», «Щылъым еуэркъым», «ЛIыр гъэпцIагъэкIэ Iэрыубыд пщIыну емыкIущ», нэгъуэщIхэри. Абыхэми къыжаIэри аращ – уи бийми ет уэ зэптыжым хуэдэ хуитыныгъэ, лIыгъэ уиIэмэ.

Нарт хъыбархэми, таурыхъыжьхэми къахощыж зэбиитIыр хьэлэлу къарукIэ зэпэуврэ, чэзууэ зэIэурэ щIым зэрыхэтIэу щытауэ. Абы зэреджэр «хэтIэхэсэт». Ар хьэрэмыгъэншэу, захуагъэ зыхэлъ зэзэуэкIэу щытт. Ауэ, апхуэмыдэу, зэбиитIым я зыр хъуагъэщагъэ екIуэрэ, гъэпцIагъэкIэ, хьэрэмыгъэкIэ и бийр иукIамэ, арат лъыщIэжыныр Iэмал имыIэу къызыхэкIыр.

Нарт Сосрыкъуэ и бийм щыхуэзам хъуагъэщагъэ хуекIуэу пIалъэ къызэрыIихар, иужькIэ хабзэм тету къару хьэлэлкIэ пэмыуву, удыгъэ хилъхьэу, нарт Тотрэшыр зэриукIарщ нартхэр Сосрыкъуэ бий щIыхуэхъуар. Сосрыкъуэ Тотрэшым зэрезэуа щIыкIэр зыми игъэзэхуакъым.

УзэщIакIуэ Нэгумэ Шорэ итхыж хъыбарыр пэжу щытмэ, адыгэ пелуан Редадэрэ Тмутэрэкъаныпщ Мстиславрэ (Щихъ Владимир жыхуаIэм и къуэрщ) я Iэщэхэр зыпщIэхахыу, хьэлэлу къарукIэ зэбэныну щызэрыубыдам щыгъуэ, сыхьэт зытIущкIэ зэрызекъуащ, зэрытемыгъадзэу. Абы щыгъуэ Мстиславыр сэкIэ къемыпыджауэ щытамэ, Редадэр къыхигъэщIэфынутэкъым. АтIэ, Нэгумэм зэритхыжымкIэ, Мстислав хьэрэмыгъэкIэ Редадэр къызэриукIарщ, иужькIэ адыгэхэр кIуэуэ Тмутэрэкъаныр щIызэхакъутар, я пелуан Редадэ и лъыр щIащIэжар.

Мыри щапхъэу къэтхьыжынщ: ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIохъущыкъуэ дэмысу, Шужьеипщ езым и пелуан Хъусин Лъэгубгъуэмрэ ХьэтIохъущокъуэм и пелуан Къуалэ Созэрыхьэрэ залымыгъэкIэ зэригъэбэнащ. Къуалэ Созэрыхьэ Хъусин Лъэгубгъуэр къыщыхигъащIэм, Шужьеипщ ябгъэдэлъадэу Созэрыхьэ и псэфылъэм хьэджасэ хихуэу зэриукIар арщ ХьэтIохъущокъуэм Шужьеипщ щIиукIыжар, пщы къудамитIыр зэрыукIыжыным езышэлIари.

Апхуэдэу гъэпцIагъэ, хъуагъэщагъэрэ хьэрэмыгъэрэ зэхэмылъу щыта зэуэкIэ хабзэщ «щIакIуэ кIапэр». Иджырей зэманым къэсауэ щыIэщ псэлъафэ «ЩIакIуэ кIапэ дызэдытеувэнщ», жиIэу. Абы къикIыр «Дызэпэувэнщи, дызэхуэдэу лIыгъэкIэ дызэзэуэнщи, текIуэр псэунщ, зытекIуар иукIынщ» жиIэу арт.

Мыбдежым, Iэмал имыIэу, нэгъуэщI зы упщIэ къоув: гъэпцIагъэ хэмылъу, хьэлэлу лIыгъэкIэ зэзэуэнымрэ «щIакIуэ кIапэмрэ» сыткIэ я Iуэху зэхэлъ? Сыт абы «щIакIуэ кIапэкIэ» щIеджэр? – жиIэу. «ЩIакIуэ кIапэкIэ» абы щIеджэр зэбиитIыр щIакIуэм теувэрти, щIакIуэ кIапэ зырызым тету, а щIакIуэ кIапитIым яку дэлъым фIэкIа зэпэжыжьагъ ямыIэу, нэхъри гъунэгъуу зэбгъэдыхьэну хуиту, ауэ а щIакIуэм къытебэкъуэкIыу щIым теувэну хуимыту, зэзауэрти, аращ «щIакIуэ кIапэ» цIэр къызытекIар. Ахэр зэзэуэнкIэ хъурт джатэкIэ е къамэкIэ, ауэ зэбиитIым я Iэщэхэр зэхуэдэу щытын хуейт: зым къамэ иIыгъмэ, адрейми къамэ иIыгъын хуейт.

Пэжи пцIыи, зэгуэрым пащтыхьым и лIыкIуэр къакIуэри къэбэрдеипщхэр зы Iуащхьэ джабэ гуэрым щызэхуишэсащ. «Псори фыпщу, зыр зым фемыдэIуэжу псэуа фыхъункъым. Си унафэм щIэту, сэ нэхъ къызбгъэдыхьэу, псоми фипщу зы фиIэн хуейщ», – къажриIащ. Ауэ псори хуейт пщы я пщыжу щытынуи, зыми зыри жиIэртэкъым, дэтхэнэми езыр хахмэ фIэфIти, зэплъыжу щысхэт. ИкIэм, ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIохъущыкъуэ къэтэджщ, Iуащхьэм дэкIри и щIакIуэр иубгъуащ. И джатэр кърихри щIакIуэ кIапэм теуващ: «ЛIыгъэ зиIэм пщыгъэри ейщ, лIыгъэ зиIэу жызыIэр кърекIуи къытреувэ. КъыстекIуэмэ, пщы я пщыжу дгъэувынщ», – жиIэри. Мис абы щыгъуэ пэувын къахэмыкIыу ХьэтIохъущокъуэр пщы я пщыж хъуауэ жеIэ хъыбарым. Ари «щIакIуэ кIапэщ». А «щIакIуэ кIапэ» зэзэуэкIэ хабзэр икъукIэ ткIийуэ адыгэм яхэлъащ. Ар зыхуэдэу щытар куэду IупщIу къыхощыж Хъаным и къуэмрэ НапцIэ и къуэмрэ «щIакIуэ кIапэ» зэдытеувэу зэрызэзэуа хъыбарым.

IуэрыIуатэм зэрыжиIэмкIэ, НапцIэ и къуэр лIы лъэрызехьэу Хэкум зэрисым и хъыбарыр Хъаным и къуэм зэхихырти, ар иукIын мурад иIэу къэкIуащ. А зэманым НапцIэ и къуэм и къуажэр Налшык къалэм хыхьэ Александровкэ хьэблэр здэщыс щIыпIэм исащ. Махуэ гуэрым НапцIэ и къуэм шыр псафэ дишауэ Хъаным и къуэр къакIуэу зэхуэзэри, къиукIын мурадкIэ къызэрыкIуар къыжриIащ. ЗэмызэункIэ Iэмал имыIэ хъуащ.

– АтIэ, Хъан и къуэ, дызэмызауэу мыхъуну щыбгъэувкIэ, дэ ди хабзэмкIэ дызэзэуэнщ, «щIакIуэ кIапэ» дызэдытеувэнщ, – жиIэри, щIакIуэр яубгъури теувахэщ. – Уэ ухьэщIэщи, япэ уэгъуэр уэстынщ. (Мыбдежым пауэр НапцIэ и къуэм лъысын хуеящ, зэуакIуэ къэкIуар Хъан и къуэр арауэ зэрыщытым щхьэкIэ, ауэ НапцIэ и къуэм абы хьэщIагъэ ирихащ). Ди зэзэуэкIэнур мыпхуэдэущ: си IэпхъуамбэжьакIэр нэсшиинщи, уэ ар къамэкIэ пыбупщIынщ. КъыкIэлъыкIуэу уэ уи IэпхъуамбэжьакIэр къэпшиинщи, сэ ар къыпызупщIынщ. Апхуэдэу, чэзууэрэ ди Iэпхъуамбэхэр зэрыухмэ, ди Iэблэхэм, ди лъакъуэхэм дынэсынщ, дызэрыухыху дызэзэуэнщ. Зыр япэ къэдзыхэмэ, мыдрейр хуитщ епыджу иукIыну, – жиIащ НапцIэ и къуэм.

Хъан и къуэри абыкIэ арэзы хъури щIадзащ. НапцIэ и къуэм и Iэпхъуамбэ етIуанэр пригъэупщIащ. Хъан и къуэм и чэзути, и Iэпэр къишияуэ НапцIэ и къуэр щеуэм, Хъан и къуэр шынэжри Iуипхъуэтыжащ. ЗэрызэраухылIам ипкъ иткIэ, НапцIэ и къуэр епыджри, Хъан и къуэр иукIащ.

Зэрынэрылъагъущи, зэзэуэкIэр куэд хъурт, зэрызэраухылIэт, ауэ Iэмал имыIэу щIакIуэм тетын хуейт, ар я зэхуакуу.

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар

ТАБЫЩ Муратщ.

Поделиться:

Читать также: