Иджыри гъуэгу тетщ(Гупсысэ зэхэджахэм къагъэщIа тхыгъэ) Дэсащ ди къуажэ кIыхьым зи гугъур нобэми яхуэмыух зы нанэ, БынэкIэ еджэу. Нэхъ гъунэгъуIуэхэм ар зэрацIыхур ЛъапIэут. Пэжыр жыпIэмэ, цIыху лъапIэт ар. И Iум уригъэпщхьэну къыпфIэщIу гумащIэт, иIэр игъэпщкIунутэкъым, уехъуэпсауэ ищIэмэ, ар къыпIэримыгъэхьауэ увыIэнутэкъым. IыхьлыкIэ хуэдэ дунейм къытехьамэ, етIуанэт, «пхъурылъху» жыпIамэ, джэдыкIэ къутэным хуэдэу игъафIэрт икIи илъытэрт, анэшкIэ нэхъуеиншэти, ахэр имылъэгъуауэ махуэл дихыртэкъым, дунейм ехыжахэми яхуищIэр фIэмащIэт. Япэ ищахэм я хьэкъ телъу жиIэрти, е духьэ IэбжьыбкIэ е дагъэкIэ жьэрымэкIэ ахэр игу къыщымыкI щыIэтэкъым. Ар къэгъэнауэ, къуажэм нобэми щызэрахьэ «Бынэ и жьэрымэу нэсащ» псэлъафэр и ужьым къринащ. Емыджа щхьэкIэ губзыгъэт Бынэ. Гулъытэ жан зэриIарами хэт ищIэн, зэримыгъэзахуэ щыIэтэкъым: нэху къекIмэ, быным яшхынум къыщегъэжьауэ жылэр зыхуэныкъуэм щыщIэкIыжу псори и гупсысэ шыбзэм щIигъэкIырт. И ныбжьыр хэкIуэтамэ, бынымкIэ и гумызэгъагъыр щхьэ къимыгъэувыIэрэт, къуажэ псом сытым абы яхуищIэфынур, жызыIэн щыIэнщ. ЦIыху щхьэхуэхэм ятеухуауэ апхуэдэу жыпIэфынкIи хъунщ, ауэ ар Бынэ ехьэлIатэкъым. Нэхъапэм, мо зы илъэс тIощIырыпщI хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, хьэблэм дэс сабийхэр псоми я зэхуэдэу щытащ. Хьэблэ цIыкIурашым зэраныгъэ гуэр ящIамэ, мысэр зэжалIэр Бынэт. Зэрыщыуар зыдэзыщIэжым, сытым къыхихми, абы ежалIэрэ иузэхужмэ нэхъ къищтэрт. Бынэ щабэу псалъэрт, ауэ а псалъэр къыпхэмыхьэнкIэ Iэмал имыIэу зыхэпщIэрт, узэбакъуэ мыхъун зэрыщыIэри ар зыIэщIэщIам гуригъэIуэфырт. Абы щхьэкIэ хьэблэ сабийхэм ар зыхалъхьэ щымыIэу фIыуэ ялъагъурт. Къуажэдэсхэм тхьэ щаIуэжырт, Бынэ зыдэс хьэблэм къыщыхъуа щIалэ цIыкIухэм уипхъу ебгъашэ, щагъэса хъыджэбз цIыкIухэр къапшэ хъунущ, жаIэу, апхуэдизкIэ ар абыхэм еущиеурэ къигъэдэIуэфырти. Шэрэ шабзэшэрэ зэIузымыдзар, жиIэу щытащ Бынэ, сабийм хуэщIын хуей гулъытэр игъэмащIэрэ ар щхьэрыутIыпщ зыщIым щхьэкIэ иIэ гукъеуэр имыбзыщIу. Абы щхьэкIэ псалъэр къыхихырт Бынэ. ЖеIэн хуеймэ, жепIэкIэ зэфIэкIынумэ, сабийм дахагъэр яхилъхьэнут, щапхъи яригъэлъагъунут. Зи ныбжь хэкIуэтауэ Бынэ къэзыщIэжхэм нобэми жаIэу зэхэпхынущ: «Бынэ илъэгъуатэмэ, сытыр жиIэнт». Бынэ и гугъур кIыхь хъуа щхьэкIэ, и зы псалъэщ мыпхуэдизыр къызытехъеикIар. «Алыхьталэ, адыгэбзэкIэ зэIамыха хабзэр бзыпхъэ схуэмыхъун», – къуажэдэсхэм куэдрэ зэхаха мы псалъэхэр къызыбгъэдэкIар Бынэщ. Мы псалъэми хъыбар пылъщ. Большевик жыхуаIэм хуэдэу лIы гуэрым IэнатIэ иратри, щыхьэрым Iэпхъуат. Хъарзынэу зэригъэкIэсщ аби, унагъуи щищIыжри, дунейм ехыжыхункIи абы щыпсэуащ. Щыпсэуащ а дунейр кIэкIэ зэрихьэрэ зэIищIэу... Сытми, зыщыщ лъэпкъым зы Iуэху гуэр яIэу и быныр къуажэм къишэри къэкIуэжат а большевикыр. Гъэсащ, еджащ, епщащ, урыс тхылъыр яIэщIэлъщ, жаIэурэ цIыхуцIэ зиIэр мо къуажэм япэу къаша быным яхэплъэрт. Пэжу, уеплъамэ, плъыжь хъууэ, уакIэлъыплъамэ, щIыкIэ дахэ яхэлъу яIуплъат большевик щIалэхэм Бынэ. – Алыхьталэ, бын дыгъэмэ, сахыхьэнщи, зыкъезгъэцIыхунщ, сэри зихуэдэр зэзгъэщIэнщ, – жиIэри Бынэ щIалэхэм деж кIуэтащ. А махуэр гуимыхуж дыдэ хъуат. ЦIыхубз зыбжанэ зыщIигъури, Бынэ ябгъэдыхьащ абыхэм. – Алыхьталэ, фыкъеблагъэ, си щIалэхэ, сыт фыхуэдэ? Дауэ дыкъыфщыхъурэ? Фи щыпэ къакIуэщ, дауэрэ фыкъытхэплъэрэ? – жиIэри. «Блэ къызэуамэ, апхуэдэу зыхэсщIэнтэкъым», – жиIауэ къаIуэтэж Бынэм, зыбгъэдыхьахэр нэ бзаджэкIэ къеуэу, мафIэ кърадзу ягъэсын фIэкIа умыщIэну гуащIэу къыщепсэлъэжам. – Шооооо? – жиIащ зым. – О чем горланишь, старуха? Отошла ровно настолько шагов, насколько приблизилась к нам. Мо игъащIэм лъэпкъым къахэмыхьахэм адыгэбзэ зэраIурымылъыр къыщыгурыIуэм, Бынэ япэщIыкIэ зыхуихьынур ищIакъым. – Ар дауэ хъун? Дауэ бын бзэмыIу ущалъхуа жылэжь зэрыпшэжынур? Укъэзылъхуа адэ-анэм я шыгъупIастэм уелъэпэуауэ аракъэ? УкъызыхэкIа лъэпкъым уепцIыжауэ аракъэ? – апхуэдэ щIэщхъу лъэпкъым щыщ зылI IэщIэщIэныр къэгъэнауэ, ар къэхъункIэ хъуну гурыщхъуэ зымыщI цIыхубзым псалъэ хузэпыгъэувэжыртэкъым, зэхихар апхуэдизкIэ гущIыхьэ щыхъуати. Бынэ щIалэхэр адыгэбзэкIэ зэрымыпсалъэр щхьэкIуэ щыхъуати, къыжраIам къикI дыдэр зэригъэзэхуэну хунэсыжакъым, я большевик адэм псалъэмакъыр зэхихыу къащыбгъэдыхьам. – Бзэр умыщIэмэ, узэрыщIэсам хуэдэу цIэ пщыIэм утесу уи гъащIэр пхьыну аращ. Сыт адыгэбзэ жыхуэпIэр? Хэт абы хуейр? Дэнэ нэс абы уздынишэсынур? Къулыкъу упэрыувэнущи, къэралыбзэр умыщIэмэ, ухэкIыжащ, IэнатIэшхуэ къыпхуагъэфэщэнущи, бзэ умыщIэмэ, ари бблахыну аращ. ФыкIэрыкI мы Iэщыхъуэ-мэлыхъуэхэм я бзэми, цIыху къифщIыкI фи быным, – жиIащ большевикым. Бынэм, уеуами лъы ткIуэпс къыщIэмыкIыжыну, и фэр щIэкIащ, ауэ, зэраIуэтэжымкIэ, зэуэ зыкъызэщIикъуэжщ: – Фи ужьым фи адэжь-анэжь я гыбзэ къыфтемыхуэу куэдрэ фыщигъэIэ, ауэ а жыпIам акъылышхуэ хэлъу къыпщыхъуу арамэ, пэж дыдэщ, зблахмэ нэхъыфIщ, – жиIэри, абыхэм къабгъэдэкIыжащ. ЛъэныкъуэкIэ щыту къыпэплъэ цIыхубзхэм къащыхыхьэжым, псори къежащ мо зи фэм имытыж Бынэ. – Дауэ къыпщыхъуа? Сыт жаIэр? – жаIэу къыщыщIэупщIэм, жиIащ: – Алыхьталэ, адыгэбзэкIэ зэIамыха хабзэр сэ бзыпхъэ схуэмыхъун, быдзышэ хьэкъым шырыкъу лъэдакъэкIэ теджэгукIами фIы къимыхьын. Дэ ди унагъуэбжэр ди IэкIэ щызэхуэтщIыжар дызэпэгэкIыж хъуа нэужьщи, маржэ хъунхэ, фи бынхэм феущие, фи псалъэ щывмыгъащIэ, ахэр зыIэщIэвмыгъэн, гъуэгу захуэм зэрытетын акъылрэ гупсысэрэ евгъэгъуэт. Мы слъэгъуахэр сфIэпсэкIуэд хъуащ, дуней гъуэгум зэрырикIуэн гъуэмылэр я анэм яхузэрилъхьакъым, – жиIащ Бынэ. Абы лъандэрэ сыт хуэдиз илъэс дэкIыжа, Бынэ щыIэжкъым, ауэ бзаджэу къепсэлъа щIалэхэр псэущ, «цIэрэ щхьэрэ» яIэу.. Мыпхуэдэ псалъэ щыIэщ: лъэпкъ къыхэкIа щхьэкIэ и напщIэ игъалIэкъым, зыкъыфIэщIыжакъым, жыхуаIэу. Бынэ езыр лъэпкъ къыхэкIат. ЛъэпкъыфI дыдэт къызыхэкIар. Лъэгуажьэмыщхьэу ягъэтIыса лъэпкът къызыхэкIар. Плъыжьыр фIэфIтэкъым. Лъыпсыфэщ, жиIэрт. И шыпхъум и пхъур нысашэу щыдашынуми, гущхьэтедэ жыхуаIэри щэкI хужьт къызыхригъэхар, и щIалэгъуэщ, кIыхьу ирегъатхэ, жиIэри... ИгукIэ зэрыхужьым хуэдэу, и гупсысэкIи хужьт. Плъыжь зи щIасэхэри зэи игъэпудакъым, къыхахар а гъуэгуращ, сыт щхьэкIэ япэбубыдын, жиIэурэ. Мо большевикым плъыжьым и фэр ириплъырти, илъэгъуамрэ зэхихамрэ хуэмыIуэтэщIурэ и дуней Iыхьэр ихьащ. «Плъыжь лъакъуэрэ лъэкъухьрэ» – арат илъэгъуа мыхъумыщIэм Бынэ зэреджэр. Псэ зыхэмытым и сэнжакъ хэт щIэувэн? Анэхэр щыанэ лъэхъэнэм, гугъу ехьа жыпIэмэ, шэч къытумыхьэну Iэджэ хьэзаби ягъэващ, ауэ быным нэхъапэ зэрыщымыIэр, абы бгъэдэплъхьэ гъэсэныгъэм лIэужькIэ зэрызиукъуэдийр ящIэрти, ягъасэрт, псом япэрауэ, къызыхэкIам пщIэ хуащIу, и бзэр яцIыхуу, шынэ-укIытэр яхэлъу. Лъыщхьэм уебэныфынкъым, гугъуехьыр нэрэ IэкIэ япшыныжым хуэдэщ нобэрей анэхэм. Быным и тыншыпIэрэ и хуабапIэрэ къэзылъыхъуэхэм а хъерыр щагъуэтым адыгэбзэр щызекIуэркъым, апхуэдэми ар абыхэм дежкIэ Iуэхушхуэкъым. Арыххэуи, утыкур зей иджырей анэхэм адыгэбзэм и мащэр къатI… Куэд дыдэрэ согупсысэ, сыткIэ къисшын мы адыгэбзэр зэрыт «вакъэ зэвым» жысIэу. Вакъэ зэв къипшынт, ауэ хунэр абы дауэрэ къыхэпхыжын? Хунэр вакъэр зэрызэщIалъхьэ пхъэ Iунэращ, ар къыхэпIиикIмэ, къыпхухэмычмэ, я лыфэр трих пэтми, зэрагъэпэщыжыну иужь имытмэ… Апхуэдизу хьэлъэу сымаджэ адыгэбзэм и гур къахудэшейркъым щIэупщIакIуэ къыхуэкIуэ закъуэтIакъуэми. Тыркум къыщыхъуат мыпхуэдэ зы Iуэхугъуэ. ГушыIэ хэлъу жаIэжми, къару зыщIэлъ гупсысэ щIагъуэхэм щхьэр хуаунэтI абы. ЛIыжьитI зэдэуэршэрырти, зым адрейм жриIащ: – БлэкIа тхьэмахуэм Къайсэр сыкIуат, тIэкIу зыкIэлъызгъэплъыну. – ИгъащIэм къуажэм удэкIакъым, уздэкIуа щыIэу сщIэркъым. Тыркубзэ пщIэрэт, хьэжы? – жиIэри адрейр къеупщIащ. – Уэлей, сымыщIэт, – жиIащ псэлъэн къезыгъэжьам. – Гугъу уадехьагъэнщ, – жиIащ адрей лIым, тыркухэм я бзэр щумыщIэкIэ. – Уэлей, мастэ хуэдизкIэ семыхьа, къыздехьар езыхэрам. Адыгэбзэ зрагъэщIатэмэ, тыншатэкъэ, – жиIащ Къайсэр щыIа лIым. Гупсысэ зэхэджахэр Бынэ деж къыщыщIэддзащ, адыгэ цIыхубзхэм анэдэлъхубзэм хуащIа пщIэм ирипсалъэу зэрыщымытар, ар IуэхукIэ яIэту, хабзэкIэ ягъэдахэу къызэрекIуэкIар къыхэзгъэщын щхьэкIэ. Армырмэ, къыфIэIуэхун хуеятэкъым зыхиубыда щIэщхъу бзаджэр. ТIыс-тэджыжурэ адыгэбзэр ноби гъуэгу тетщ, здынихьэсыныр Тхьэращ зыщIэр, ауэ ар иджыри Iуэхурэ хабзэкIэ зыгъэдахэ анэхэр щыIэщи, гугъэр зыфIэдгъэкIуэдыркъым, ауэ къайуэлIа узыфэм Iэзэгъуэ хуэныкъуэщи, жылэ гулъытэм фIэкIа зыгъэхъужыфын щыIэкъым. Маржэ хъун, дывгъэхъумэ ди анэдэлъхубзэр! ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться:
Читать также:
15.07.2026 - 11:26 →
Адыгэ тхыдэм и гъуджэ
14.07.2026 - 15:40 →
ЕтIанэгъи къыпащэну я мурадщ
14.07.2026 - 14:39 →
Унэ-музейр зэрагъэпэщыж
14.07.2026 - 10:01 →
Май жыг хадэ
13.07.2026 - 19:17 →
Бай Галинэ и лэжьыгъэхэр
| ||




