Гуащэ телъыджэхэр зи IэрыкI![]() Иджыблагъэ и Хэкужь щыхьэщIащ Каппадокие щIыпIэм (Тырку) Тхыдэмрэ гъуазджэмрэ я музей къыщызэIузыха Гуэбэл Сибел (Езауэхэ я пхъурылъхущ). Сибел Тыркум щыпсэу адыгэ бзылъхугъэ щыпкъэщ, лъэпкъым ирагъэбгына щIыналъэр нэхъыжьхэм фIыуэ зрагъэлъэгъуахэм ящыщщ, IэпэIэсэщ. Ар, и къуэ Серканрэ ипхъу Селдэрэ и гъусэу Налшык щыхьэщIащ. Абыхэм дазэрыIущIам хэхэс гъащIэм иджыри зэ дыхигъэплъащ, Сибел хуэдэ хэкупсэхэр диIэху, адыгэр зэрыпсэунур ди фIэщ ищIащ, хамэ щIыпIэм къыщыхута адыгэхэм я псэм игъэвам щыщ зы Iыхьэ щыгъуазэ дыхъуащ. Къыхэбгъэщмэ, Сибел и унагъуэр щIымахуэм Анкара щопсэу, гъэмахуэм Каппадокие щIыналъэ дахащэм исщ. Абы щыпсэуа алыджхэр дагъэкIыжа иужь, нэщIу къэнауэ щытащ унэ куэд. Каппадокием хиубыдэ Мустэфа-пэщэ жылэм апхуэдэ зы къыщащэхужри, хьэщIэщ ящIауэ ягъэлажьэ, и щIалэмрэ и хъыджэбзымрэ и гъусэу а Iуэхум пэрытщ. Адыгэбзэ къабзэ дыдэ Iурылъырщ Сибел. Ар зи фIыщIэр и сабиигъуэр щыкIуа, ди лъэпкъэгъухэр зэрыIыгъыу зэрыса Узун-Яйла щIыпIэращ. Сибел гуащэ ещI, хьэщIэщым и япэ къатыр музейращи, цIыху куэд къокIуалIэ. Тырку псом къыщащIэ а IуэхущIапIэр, фестиваль нэгъунэ щрагъэкIуэкI абдежым. Унэ къищэхужам къыщIэнат абы щыпсэуа унагъуэм я хьэпшып, сурэт куэд. Ахэр зы къэмынэу ихъумащ Сибел, я тхьэлъэIупIэ нэгъунэ зыхуей хуигъэзауэ щытщ. И щхьэ ирилъытауэ аращ, шэч хэмылъу. Шыпсэу хуэдэурэ и адэм Хэкум и хъыбар увыIэгъуэ имыIэу къажриIэу зэрыщытаращ бзылъхугъэм и гукъэкIыж IэфIыр. - «Сэ сымылъагъуми, фыкIуэнурэ зэвгъэлъагъунущ хэкурысхэр. Абы фынэсмэ, ятIэм, мывэм фысхуеIэб», - къыджиIэрт. – ИлъэсипщI ипэ сыкъыщыкIуам щIымахуэт, уэс телъти, сеIусэфатэкъым. Иджы дэнэкIэ сыплъэми, щIыми, жыгми, удзми си адэр сигу къагъэкI, Iэ ядызолъэ. Тхьэм и шыкурщ сыкъызэрыкIуэфар, фэ фызэрыслъэгъуар. Хэкур щабгынэм я гум щыщIам, хамэ щIыпIэм щашэчам, я щIыналъэр зэи я гум зэримыхуам дыщыгъуазэу дыкъэхъуащ дэ. Мыбы сыкъызэрыкIуэрэ жэщкIэрэ си нэгум къыщIохьэ си адэр, абы и псалъэхэр си гум къокIыж. Къысхуэвгъэгъу фызгъэгумэщIамэ, иджы нэхъ дахэхэр вжесIэнщ, - жеIэ си нэпсыр къызэрысфIежэхам Сибел гу щылъитэкIэ. ИщхьэкIэ зэрыжытIащи, Узун-Яйла щIыпIэм къыщалъхуащ, и ныбжьыр илъэс 15 хъуху, къуажэм щыпсэуащ. Адыгэ къуажэ 13 нэхъ я гъунэгъум щыпсэухэр джэгу яIэми, гузэвэгъуэ къалъыкъуэкIми зэхыхьэхэрт. Ахэр зэрилъэгъуамкIэ насыпыфIэу зыкъелъытэж Сибел. - Си анэм гуащэ цIыкIу хъыданкIэ тхуищIырти, шыпсэ дахэхэр пщыхьэщхьэкIэрэ къыджиIэрт. Шыпсэу хъуами я лъабжьэр мыбыкIэ икIа гуэрхэт. Мэзым щIэта зыгуэрхэм я гугъу щищIкIэ, къызгурыIуэртэкъым. Зы жыг закъуэ щымыкI щIыпIэм къыщалъхуа сэ мэз сцIыхурэт?! «КъысхуэщIэркъым, мэзыр лIо?» - жысIэу сыщеупщIкIэ: «Уи нэр уфIынцIи плъагъунщ», - къызжаIэрт. Пэж дыдэуи си нэгу къыщIыхьэрт. А шыпсэхэм седаIуэурэ, ди адэм и тхъылъхэм сеплъурэ ин сыхъуащ. Иджы абыхэм яхуэфащэу сыт сщIэфынур жысIэу сыгупсысэрт си сабийхэр здэспI-здезгъаджэм. Си анэм ищIу щыта гуащэхэм хуэдэ си цIыкIухэм яхуэсщIу къыщIэздзащ, си адэ-анэм хуэдэу шыпсэхэр яжесIэурэ гуащэхэм я цIэхэм есащ. Иужьым къакIуэ-накIуэхэм, гъунэгъухэм ягъэщIагъуэрти, нэхъри сытегушхуэу сыхуежьащ. Зэхуэс, фестиваль гуэрхэр щыIэн хуей хъухукIэ къызэджэу щIадзащ. Си IэрыкIхэр згъэлъагъуэрт, гуащэхэм я гугъу яхуэсщIырт. Къызэхуэсхэм яфIэгъэщIэгъуэнт, «дауэ пщIа, хэт уигу къигъэкIа?» жаIэу. Си анэм и шыпсэхэмрэ си адэм и тхылъхэмрэ зэралъабжьэр яжесIэрт. НэхъыфI сщIа зэрыхъунум сегупсысурэ гъэщIэгъуэн дыдэу зыгуэрым сыхуэзащ. Гуащэ щIыкIэм ехьэлIа IэщIагъэ гуэр щыIэщ Тыркум, кIуэдыжауэ, зыми ямыщIэжу. Гъуэгубгъухэм банэ Iутщ, абыхэм я щIагъым жыг тхьэмпэм ещхьу зыгуэр щIэтщ. Ар зэпыбгъэжмэ, шэм хуэдэу ткIуаткIуэ гуэр къыщIокI. Ар цIыкIу-цIыкIуу зэпыбгъэжрэ бгъэгъумэ, шхэпс телъыджэ мэхъу. АбыкIэ зыкIэрыбгъэпщIар зэманми псыIагъэми щыжынэркъым, и фэми зихъуэжыркъым, къэпIэткIи зэкIэрыхужыркъым, нэхъыщхьэжращи, фыркъым. Дэнэ ухуейми хьы. АбыкIэ зэкIэрыбгъапщIэр бжьэхуцщ, зыгуэрым епшэкIыурэ, зэ лъакъуэ-Iэхэр, итIанэ напэр, апхуэдэурэ бощI. Зэхубохьэсыжри, дыгъэм дыболъхьэ, махуэ бжыгъэкIэ е зы мазэкIэ мэгъур. ИтIанэ пцIэлъэжурэ цIыху теплъэ иботыж, щыгъынхэр яхубодыж, - жеIэ Сибел. ГуащитI къишащ бзылъхугъэм Налшык. СтIолыщхьэм къытригъэуващ бжэщхьэIум тес нанэмрэ абы къыщхьэщыт нысащIэмрэ. Сибел абыхэм ятепсэлъыхьын щIидзэху, ахэр къызэрыгуэкIщ, ауэ… Зэнысэзэгуащэщ ахэр, нысащIэр Сибел и анэм и анэращ, нанэр и адэшхуэм и анэщ. Апхуэдэ защIэу тхыдэ, хъыбар зиIэщ Сибел и IэдакъэщIэкIхэр. - Зыхэсхахэр, слъэгъуахэр, къэхъуауэ къызжаIэжахэр я лъабжьэу сщIауэ аращ гуп-гупурэ зэхэдза си гуащэхэр. Абыхэм я бжыгъэр миниплIым ноблагъэ. ЩIыпIэ зыбжанэм сшащ, иджыри зыфIэгъэщIэгъуэн щыIэмэ, си гуапэу езгъэлъагъунущ, сахутепсэлъыхьынущ», - жеIэ Сибел. Гуащэхэм нэмыщI, музейм щIэлъщ и адэшхуэм и адэр Хэкум щикIам щыгъуэ здыриха къамэ, бгырыпх, дыжьын хьэпшып хуэдэхэм ящыщу къэнахэр. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, куэд ящэн хуей хъуащ и адэшхуэм и адэр лIэуэ и адэшхуэм дзэм къулыкъу щыщищIа илъэсиплIым унэм лэжьыгъэншэу къыщIэна бзылъхугъэхэм шхын къращэхун щхьэкIэ. Хамэ къэралхэм къикIыу хьэщIэщым екIуалIэхэм ящIэ абы гуащэм увыпIэшхуэ зэрыщиубыдыр, гуащэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыхуахь Сибел. Абыхэми я увыпIэ щагъуэт музейм. ЮНЕСКО-м цIыхуцIэ зиIэм я хъугъуэфIыгъуэу къилъытахэм ящыщщ IуэхущIапIэри езы Сибели. - Налшык щыпсэухэм гуащэхэр ялъагъумэ, абыхэм я хъыбархэр зэхахмэ, ди адыгэпсэр зэрымыкIуэдар иджыри зэ я фIэщ хъунщ», - жиIащ хьэщIэм, и нэпсыр къызэпижыхьауэ. Сибел и бынхэр япэу къакIуэу аращ Хэкум. Ар ягу зэрыдыхьам и щыхьэту, жаIащ зэрыщыIа махуэ бжыгъэр къазэремэщIэкIар, иджыри къытрагъэзэну зэрыхуейр. Селдэ Босфор университетым политикэ щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ, Тыркум и деж щыIэ европей зэгухьэныгъэм и посольствэм щылэжьащ. Абы къыIукIыжауэ я унагъуэ хьэрычэт Iуэхум пэрытщ. Сибел и щIалэ Секран и IэщIагъэкIэ режиссёрщ, кином и тхыдэр иджащ. Пэш щхьэхуэ я хьэщIэщым щиIэщи, фильму, Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэу, и лэжьыгъэм епха гуэру абы щIэмылъыр укIуэдыж. Я музейр лъэпкъ куэдым зэдай IуэхущIапIэ зэрыхъуам щогуфIыкI щIалэр. И анэм, апхуэдэуи музейм и тхыдэм теухуа документальнэ фильмхэр трихащ Серкани, зэгуэр ахэри тлъагъуну дыщогугъ.
Поделиться:
Читать также:
13.07.2026 - 19:17 →
Бай Галинэ и лэжьыгъэхэр
05.07.2026 - 13:00 →
Театр сурэтыщIым и IэдакъэщIэкIхэр
28.06.2026 - 12:00 →
ТхакIуэхэм я щIэнIуатэ
26.06.2026 - 13:00 →
Анэм и гъуапэр пхъум и пщампIэщ
17.05.2026 - 10:33 →
Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь
| ||






