Лэжьыгъэр зрегъэлъагъуБахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэ, «Урысей зэкъуэт» партым и щIыпIэ къудамэм и секретарь Мамхэгъ Хьэчим иджыблагъэ зригъэлъэгъуащ Беслъэнеймрэ Шымэзокъуэмрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм я гъуэгухэр зыхуей хуэгъэзэным теухуа лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIыр. Абы дэщIыгъуащ псэуныгъэм ехьэлIа Iуэхухэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къызэгъэпэщынымкIэ и къуэдзэ Къардэн Назир.
Мамхэгъ Хьэчим яхуэзащ лэжьыгъэхэр езыгъэкIуэкIхэм икIи ягу къигъэкIыжащ, зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм тету, фIагъ лъагэ яIэу и пIалъэм ахэр зэфIагъэкIын зэрыхуейр.
Къыхэдгъэщынщи, Шымэзокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым метр 830-рэ и кIыхьагъщ, Беслъэнейм и цIэр зезыхьэм метр I900-рэ (Дымым и цIэр зезыхьэ уэрамым деж къыщыщIэдзауэ и кIэм нэсыху). Иужьрейм тет унэхэм щопсэу цIыху миным щIигъу. Апхуэдэуи, а уэрамым тетщ курыт еджапIэ №2-р, Щауэ Iэхьед и цIэр зезыхьэ спорт еджапIэр.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Бахъсэн къалэм и уэрамхэр зэIузэпэщ ящI «Къэбэрдей-Балъкъэрым и транспорт IэнатIэр егъэфIэкIуэн» республикэ программэм хыхьэ «Гъуэгу хозяйствэ» программэ гуэдзэм ипкъ иткIэ.
Поделиться:
Читать также:
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
18.07.2026 - 09:58 →
Фэеплъыр Налшык къыщызэIуах
17.07.2026 - 17:03 →
ФIэщщIыгъуей хъыбархэр
17.07.2026 - 16:10 →
Революционер шыщхьэмыгъазэт
17.07.2026 - 16:01 →
Лъэпкъ гурыгъузхэр зыхещIэ
| ||




