ЦIыкIухэм папщIэ

«ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ мы махуэхэм къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэ №5-м епхауэ лажьэ сабий сад №3-р. Метр зэбгъузэнатIэу 1100-рэ зыубыд ухуэныгъэр щаухауэ щытар I97I гъэрщ икIи абы лъандэрэ апхуэдиз лэжьыгъэ зэуэ япэу щызэхаублэу аращ.
НобэкIэ лэжьакIуэхэм пэшхэм лъэгужьхэр къратхъыж, блынджабэхэр къатхъунщI, Iэхуитлъэхуит ящI. Абыхэм иужькIэ, унащхьэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIынущ. Пэш кIуэцIхэр къращIыкIа нэужь, унэ IуплъапIэри зыхуей хуагъэзэнущ. 
Сабий садым цIыкIу 204-рэ кърашалIэ икIи цIыху 30-м нэблагъэ абыхэм ядолажьэ, ауэ ахэр нэгъуэщI садхэм трагуэшащ иджыпсту. 
Къуажэ гъуэгухэр
Шэрэдж щIыналъэм и къуажэ гъуэгухэм щыщу километри 5-м нэблагъэ мы гъэм къагъэщIэрэщIэжынущ. Абы хиубыдэнущ Къэщкъэтау, Джэрпэджэж жылэхэр.
Къэщкъэтау зыхуей щыхуагъэзэнущ Кадыровым, Черкесовым, Чеченовым, ЩоджэнцIыкIум я цIэхэр зезыхьэ, Октябрьскэ уэрамхэр. Псоми зэхэту абыхэм километри 3,3-рэ я кIыхьагъщ. 
Лэжьыгъэхэм хиубыдэу гъуэгухэм асфальтыщIэ тралъхьэнущ, лъэс лъагъуэхэр щаукъуэдиинущ, иджырей уэздыгъэхэр щыпадзэнущ, гъуэгу дамыгъэхэр щагъэувынущ, къыщыхагъэщхьэхукIынущ. 
Апхуэдэ Iуэхугъуэ дыдэхэр щрагъэкIуэкIынущ икIи къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжынущ Джэрпэджэж къуажэм Бозиевым и цIэр зезыхьэ, Холамскэ уэрамхэр. Абыхэми зэхэту километр I,6-м нэблагъэ я кIыхьагъщ. 
Лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIынущ мы гъэмахуэм и кIэхэм ирихьэлIэу. Ахэр ирагъэкIуэкI КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм щIыпIэ муниципалитетхэм яхуиутIыпща мылъкумкIэ. 
 
Илъэс 45-рэ лъандэрэ
Егъэджэныгъэ IэнатIэр егъэфIэкIуэным хуэгъэпса къэрал программэм ипкъ иткIэ Бахъсэн щIыналъэм и ХьэтIохъущыкъуей къуажэм и курыт еджапIэ №2-р къызыхуэтыншэу зарагъэпэщыжын щIадзащ. Школым, сабий сад къепхэри хэту, метр зэбгъузэнатIэу мини 3-м нэблагъэ еубыд икIи иужьрей илъэс 45-м къриубыдэу лэжьыгъэ инхэр абы щрагъэкIуэкIакъым. 
ПэхуэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, еджапIэм и унащхьэр, лъэгухэр, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIынущ, мафIэсым щызыхъумэ Iэмэпсымэхэр щагъэувынущ, унэ IуплъапIэр зыхуей хуагъэзэнущ. ИужькIэ, еджапIэ пэшхэм унэлъащIэхэр, иджырей техникэхэмрэ обрудованэхэмрэ щIагъэувэнущ. 
Нобэ еджакIуэу I79-рэ абы щоджэ, сабийуэ 74-рэ сабий садым щаIыгъщ. Лэжьыгъэ кърахьэжьар икIэм нагъэсыху ахэр къуажэм и школ №3-рэ пэгъунэгъу садымрэ ягъэкIуэнущ. 
 
ПсыкIэ гугъуехь яIэжынукъым
«Коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Тэрч щIыналъэм и къуажэ нэхъ пхыдзахэм хыхьэ Инаркъуей жылэм пс къабзэ зэрыкIуэ и бжьамийхэр къыщагъэщIэрэщIэж.
Лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI Джатэгъэжьым и цIэр зезыхьэ, къуажэм и уэрам нэхъыщхьэм. Мыбы унагъуэ 50-м нэблагъэ тесщ икIи социальнэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэхэри тетщ. Бжьамийуэ псори зэхэту яукъуэдиинум метр I600-рэ я кIыхьагъщ. Ар зэрызэфIэкIыу псыкIэ къуаждэсхэм ятелъэ гугъуехьхэр щхьэщыха хъунущ икIи зэпымыууэ ар яIэрыхъэнущ цIыху мин I500-м. 
Иджыпсту лэжьакIуахэм щIыр датIыкI, языныкъуэ щIыпIэхэми бжьамийхэр щыдалъхьащ. Гъэмахуэр къэмыс щIыкIэ лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIын мурад щыIэщ, хуабэм ирихьэлIэу цIыхухэр псы къабзэкIэ къызэгъэпэща хъун щхьэкIэ. 
ЧЭМОКЪУЭ Мылэ.
Поделиться: