МУIЭЕД

«Зэман жыжьэкIэ узэIэбэкIыжмэ, дунейм къытехьа уэрэд, гъыбзэ, тхьэусыхафэхэр нобэ ди гъащIэм куэду хэтщ. Абыхэм къаIуатэ цIыхум и гурыгъу-гурыщIэхэр, и нэгу щIэкIахэр, и хъуэпсапIэхэр. Ахэр, дауи, зыгуэрым и IэдакъэщIэкIщ. Утыку илъадэу «мыр ттхащ» жаIэу щымытами, зым адрейм хуиIуэтэжурэ цIыхубэм яхэIуа хъуащ а уэрэдхэр. Зэманыр кIуэуэрэ ахэр цIыхубэм яй хъуащ. ЩыIэщ илъэс бжыгъэ гуэр дэкIа иужь уэрэдыр зытхар наIуэ къыщыхъуи. Хэт ищIэрэ нобэ зи гугъу тщIы уэрэдми и къежьапIэр къэзыIуэтэжын къыкъуэкIынкIэ хъунщ, - жеIэ «Зы уэрэдым и хъыбар» нэтыныр езыгъэкIуэкI КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ. - «МуIэед» уэрэдым теухуауэ дызыщыгъуазэр мащIэщ. Ар цIыхубэ уэрэду къыхыхьащ ди гъащIэм. I950 гъэхэм ШэджыхьэщIэ Лолэ уэрэдыр итхри, радиом и дыщэ фондым хилъхьауэ щытащ. Ауэрэ ар жызыIэ нэгъуэщI уэрэджыIакIуэхэри къэунэхуащ. ПащIэ Ленэ къызэрызжиIэжамкIэ, а уэрэдыр апхуэдизкIэ игу ирихьырти, ЩэджыхьэщIэ Лолэ и унэм кIуэри елъэIуауэ щытащ ар и репертуарым хигъэхьэну хуит къищIыну. А зэманым пщIэшхуэ хуащIырт уэрэдыр япэу утыку къизыхьам икIи абы фIэмыфIауэ ар зыми игъэзэщIэнутэкъым. Лолэ арэзы техъуа иужь, ПащIэ Ленэ утыку итыху а уэрэдымкIэ и концертыр къызэIуихыу екIуэкIащ.
Иджыпсту «МуIэед» уэрэдыр и макъ гуакIуэмкIэ егъэзащIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филормонием и уэрэджыIакIуэ ЗэшэкIуу Розэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, купщIэ зиIэ уэрэдыр жьы хъуркъым, ар сыт хуэдэ лъэхъэнэми цIыхубэм къадэгъуэгурыкIуэнущ.
 
***
Жэщыр хъуамэ хьэр мэбанэр,
Ди бжэIупэм банэ Iулъкъым, 
Зы жэщ къакIуи дыгъэпсалъэ, МуIэед.

Зэныбжьэгъухэр согъэджэгур,
Лъагъуныгъэр – ар Iуэху джэгукъым,
Ар уджэгуу йумыгъажьэ, МуIэед.

Си кIэсынкIэр фэзэхъуэкIкъэ,
Лъагъуныгъэу уэ пхузиIэр
Сытхэр жысIэу зэсхъуэкIыну, МуIэед.

Мы си пшынэр мэбзэрабзэ,
Уи ныбжьэгъухэм сеубзэрабзэу,
Ягу къыпхуилъыр жызогъэIэ, МуIэед.

Гъатхэ удзхэр мэщIэращIэ, 
Си псэм щыщIэр зыхэпщIатэм,
ГъащIэу сиIэр бдесхьэкIынут, МуIэед.

Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться:

Читать также: