Зым и щапхъэр адрейм и бзыпхъэуИ анэшхуэм и куэщIым ису, иджыри тэмэм дыдэу земыкIуауэ, ауэ и жьэр джатэм хуэдэщ, жыхуаIэм хуэдэу щыпсалъэм, сабий уэрэд цIыкIухэр жиIэрт абы. Апхуэдэуи ди щIыпIэ телевидением и «Макъамэ хъуэхъу» нэтыным къиту хъуар зэ фIэкIа зэхимыхами, асыхьэту игу ириубыдэнти, жиIэжынт. ЦIыхум зы зэчий гуэр зэрыхэлъыр иджыри щыцIыкIум щыдалъагъу къохъу, псом хуэмыдэу ар гъуазджэм епхамэ. Апхуэдэхэм ящыщу зи гугъу тщIыр Къэбэрдей-Балъкъэрми Адыгей Республикэми щIыхь зиIэ я артист, утыку къызэрихьэу цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа ДыщэкI Артурщ.
Абы жеIэ: «Уэрэдым седаIуэ къудей мыхъуу, ар зытеухуар, зытепсэлъыхьыр гъуджэм къищым хуэдэу IупщIу слъагъурт. Уэрэдым ухыхьауэ уеплъыфу щытын хуейщ, зэхэпхым къищынэмыщIа. Сигу ирихьын уэрэд зэхэсхамэ, си нэр зэтызопIэри, псори теплъэгъуэ-теплъэгъуэу си нэгу къыщIоувэ, абы сыхешэ. Апхуэдэу уэрэдым си гур етауэ сыкъэгъуэгурыкIуащ, гъэсакIуэфIхэр сиIащ: КъуийцIыкIу Валерий, Батыр Мухьэдин сымэ сщхьэпэн куэд къысхалъхьащ».
УэрэджыIакIуэ щIалэр щапхъэу утыку зэритым хуэдэу, щIэблэ дахи къыщIэхъуащи (быниплI иIэщ), абыхэм сыт и лъэныкъуэкIи гъуэгугъэлъагъуэ зэрахуэхъуным хущIокъу. Дауи, сабийхэми я адэр куэдым къызэрацIыхур, утыкушхуэхэм зэритыр яфIэгъэщIэгъуэнщ. «Уи ехъулIэныгъэхэм щIэблэр иригушхуэу, уи Iуэхур къыбдаIыгъыу щыплъагъукIэ гухэхъуэгъуэщ. Уеблэмэ, сэркIэ пагэуи гу лъызотэри, сэри абы куэдым сытрегъэгушхуэ. Къыпхуагъэфэща дамыгъэхэр зиIысым яфIэгъэщIэгъуэну быныр щыщIэупщIэкIэ, узэраIэтам и мыхьэнэр абы нэхъ иныж ещI - ар абы еплъынурэ, «сэри мис мыпхуэдэу сыхъуну сыхуейщ» жиIэнущ, щапхъэ ухуэхъунущ. Аращ дыщIэлажьэри дызытелажьэри - уи щIыбагъ щIэблэм ящхьэпэн гуэр къыдэбнэн зэрыхуейрщ», - къыхегъэщ уэрэджыIакIуэ щIалэм.
Апхуэдэ лъапIэныгъэхэр, хабзэ дахэр абы хэзылъхьар, дауи, къыщыхъуа унагъуэрщ. «Си адэшхуэмрэ анэшхуэмрэ ядэслъэгъуа зэхущытыкIэр щапхъэ схуэхъужауэ жысIэфынущ, - пещэ ДыщэкIым и гупсысэм. - Си адэшхуэр губгъуэм итащ, унагъуэр зыхуейр кърихьэлIащ, си анэшхуэм ар зэригъэзэхуащ. ЦIыхухъуми цIыхубзми щхьэж и къалэн игъэзэщIащ. Сэ сыщапIа лъапсэм илъэсипщI сыщыхъуам щегъэжьауэ си анэшхуэм и пэш сыщIыхьамэ, зэрыс гъуэлъыпIэм зыкъытриIэтыкIыу, е къэтэджу щытащ, цIыхухъущ жиIэу пщIэ къысхуищIу. Сэ сыхуэтIысыртэкъыми «хьэуэ, утIысын хуейщ» жиIэрти, езыр лъэныкъуэкIэ кIуэрт. Сэри си унагъуэм цIыхухъум и пщэ дэлъыр зэфIигъэкIыу, цIыхубзым къытехуэр ищIэу апхуэдэущ зэрыщытыр. Абы утетмэ, пщIэ-нэмыс уи зэхуаку дэлъынущ».
Артистым дежкIэ хьэкъщ гъуазджэ щыIэн зэрыхуейр. Махуэ къэс дызэгупсыс Iуэхуу щымытми, ар IэмалыфIщ цIыхум и гур къызэщIэбгъэушэнымкIэ, фIым къыхуеджэнымкIэ. ДыщэкI Артур игъэзащIэхэр хэкупсэ уэрэдхэрщ, гъащIэм ухэзыгъаплъэхэрщ. АдыгэбзэкIи урысыбзэкIи жиIэми, шэч хэмылъу, япэ иригъэщыр адыгэ уэрэдхэращ. КъызыхэкIа и лъэпкъым нэхъ егъэщIылIауэ: зэми укъигъэгумащIэу, зэми уи гур къигъэхуабэу, зэми уи щхьэр лъагэу уигъэIэту, языныкъуэми узыщIигъэгупсысыжу…
Илъэс I3-м щIигъуауэ ДыщэкIыр Лосэн Тимур долажьэ, икIи а пIалъэм къриубыдэу къэралибл хуэдизым концерт щатащ. Лосэным къызэригъэпэща «Бзэрабзэ» гупми Артур хэтащ. Лэжьыгъэм къыдэкIуэу, къуэш зэхущытыкIэ я зэхуаку дэлъ хъуащи, ахэр унагъуэкIэ зэкIэлъокIуэ. Лосэныр и IэщIагъэм щIэгъэкъуэнышхуэ къызэрыщыхуэхъур ДыщэкIым егъэлъапIэ, хуэарэзыуэ псалъэ гуапэхэри сыт щыгъуи хужеIэ.
Поделиться:
Читать также:
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
18.07.2026 - 09:58 →
Фэеплъыр Налшык къыщызэIуах
17.07.2026 - 17:03 →
ФIэщщIыгъуей хъыбархэр
17.07.2026 - 16:10 →
Революционер шыщхьэмыгъазэт
17.07.2026 - 16:01 →
Лъэпкъ гурыгъузхэр зыхещIэ
| ||




