Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Жанхъуэтекъуэ къуажэм и сабий садыр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж «Егъэджэныгъэ IэнатIэм зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ. Ар щаухуар 1980 гъэрщ, сабийуэ 100-м хуэщIащ икIи илъэс 40-м къриубыдэу мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэр япэу щрагъэкIуэкIыу аращ.
Нобэ лэжьыгъэхэм бригадитI пэрытщ. Абыхэм унащхьэр трахащ, бжэ-щхьэгъубжэхэр къыхахащ, блынджабэхэр иджыпсту къагъэкъабзэ. ИужькIэ, унащхьэм къыдэкIуэу, инженер коммуникацэу хъуар зэрахъуэкIынущ, пэшхэр къращIыкIынущ, Iэхуитлъэхуит ящIынущ, бжэ-щхьэгъубжэхэри щIэуэ хагъэувэнурэ лъэгухэри яхъуэжынущ.
Лэжьыгъэхэр щызэфIэкIынур мы гъэм и фокIадэм ирихьэлIэущ, апщIондэхукIэ сабийхэм а къуажэм и курыт еджапIэм щыхухаха щIыпIэм щадолажьэ.
Уэрамхэр
Къэбэрдей-Балъкъэрым Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм и субсидиехэмкIэ Налшык къалэм и уэрамхэр, псори зэхэту километр 43-рэ я кIыхьагъыу, мардэхэм хуагъэкIуэнущ мы гъэм. Гъуэгу лэжьыгъэхэм къызэщIаубыдэнущ «Горная», «Александровкэ», «Стрелка» хьэблэхэмрэ Кэнжэ къуажэм и уэрамхэмрэ.
НобэкIэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI Калининградскэ уэрамым. Абы километри 2-м нэблагъэ и кIыхьагъщ. ЗэкIэ, гъуэгу лъабжьэр хуагъэхьэзыр асфальтыщIэ зэрытралъхьэнум, мывэхэр гъуэгубгъухэм щагъэув, лъэс лъагъуэхэри щаукъуэдий. ИужькIэ, псы жапIэхэр хуащIынущ, уэздыгъэхэр щыпадзэнущ, гъуэгу дамыгъэхэр щагъэувынущ, къыщыхагъэщхьэхукIынущ. Лэжьыгъэхэр гъэмахуэм и кIэхэм зэфIагъэкIын мурад щыIэщ.
КъищынэмыщIауэ, Шэрэдж щIыналъэм и Къэщкъэтау къуажэм и уэрамхэри, псори зэхэту километри 3,5-рэ хъууэ, зэIузэпэщ ящIын щIадзащ мы махуэхэм.
«Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгу IэнатIэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ зыхуей хуагъэзэнущ Черкесовым, Чеченовым, Кадыровым, ЩоджэнцIыкIум я цIэхэр зезыхьэ, Октябрьскэ уэрамхэр. Абыхэм псоми социальнэ IуэхущIапIэхэм ухуашэ: курыт еджапIэм, спорт школым, щIыпIэ администрацэм и хэщIапIэм, сабий садым, мэжджытым, стадионым, къуажэкхъэм, нэгъуэщIхэми. Абыхэм нэмыщI, Черкесовым и цIэр зезыхьэ уэрамым зэпещIэ Мечиевымрэ Уянаевымрэ я цIэхэр зезыхьэ, федеральнэ трассэм ар зэрыхыхьэж уэрамхэр.
Лэжьыгъэхэр щекIуэкIыну уэрамхэр кумблъэмб, къиуда защIэщ, я нэхъыбэри джабэ нэкIухэм хуозэ. Иджыпсту гъуэгу лъабжьэхэр ягъэбыдэ, ахэр зэтес ящI, псы жапIэхэр къыхагъэщхьэхукI, лъэс лъагъуэхэр щаукъуэдий. ИужькIэ, мывэхэмкIэ кърагъэбыдэкIыжынущ, къэухьхэр, гъуэгу дамыгъэхэр щагъэувынущ, уэздыгъэхэри щыпадзэнущ.