ЦIыжьдадэ лIэужьыгъуэхэр

ЦIыжьдадэ (синица) къуалэбзу лIэужьыгъуэр теплъэ дахэ дыдэ зиIэхэм ящыщщ. И зэхэлъыкIэм, и хьэлхэм, хузэфIэкIхэм теухуауэ гъэщIэгъуэнхэри дыболъагъу. Псалъэм папщIэ, абы хуомыгъэфэщэн зэфIэкIщ сыхьэтым къриубыдэу километр 20-м нэблагъэ зэрызэпичыфыр. ЦIыжьдадэхэр щIымахуэм лъэтэжыркъым, атIэ яшхын щагъуэтыну щIыпIэхэм Iэпхъуэу аркъудейщ. ГъэтIылъэну я хьэлщ – жыг пхъафэхэм щIагъапщкIуэ хьэпIацIэ, гъудэбадзэ, жылэ, н.къ. икIи я гъэпщкIупIэхэр хъарзынэу къагъуэтыжыф. 
Брат Хьэсин итха «Адыгэхэм я къуалэбзу щIэныгъэр» тхылъым къыщыхьащ а къуалэбзум и лIэужьыгъуэ зыбжанэ. Тхылъым къуалэбзухэм я фIэщыгъэхэр адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ, латиныбзэкIэ къыщыхьащ, зыщыпсэу, я шхыныгъуэ, щIэжьей къызэрыраш, я хьэлхэм теухуахэр щыгъэнэIуащ. Абыхэм ящыщу гъэбелджыла хъуащ цIыжьдадэри. Тхылъым зэритым хуэдэу а къуалэбзу лIэужьыгъуэр зэрызэщхьэщыкIхэр къэдгъэлъэгъуэнщ:
ЦIыжьдадэр Кавказ Ищхъэрэм и бжей мэзхэм щыкуэд къуалэбзу дахэщ. Ахэр лъэтэжыркъым. ЦIыжьдадэм и тхыцIэр гъуэжь - удзыфэщ, и ныбэ щ1агъыр гъуэжьщ. Бгъэм, кIэ щIагъым нэсу кусэ фIыцIэ ирокIуэ. Щхьэщыгур, пщэбгъухэр, жьэгъур, хулъащхьэр фIыцIэ-лыдщ, щIыхуфэ къыщIэуэу. Щхьэбгъухэр хужьщ. Нэхъыбэр щогъуалъхьэ жыгыуIухэм я абгъуэ, кIэпхъхэм я гъуэ бгынэжахэм. ЦIыжьдадэхэм мыхьэмышх ящIыркъым - я Iусым хохьэ хьэпIацIэ, гъудэбадзэ, жылэ, мэракIуэ зэмылIэужьыгъуэхэр, нэгъуэщIхэри. Щопсэу Европэм, Азием, Африкэ Ищхъэрэм, Кавказым. 
ЦIыжьдадэжьэгъухур щхъуэ-къащхъуафэщ, и тхыцIэр гъуэжьыфэщ е гъуафэщ, жьэгъубгъухэм цы фIыцэхэр Iэрамэу тетщ. Жьэгъумрэ бгъащхьэмрэ хужьщ, и джабэхэм плъыфэ фагъуэ къащIоуэ, кIэ щIагъыр фIыцIэщ. Щопсэу Европэм, Азием, ику, ипщэ КъухьэпIэхэм, Кавказым – Тэрчыпсым и Iуфэм, Маныч - Гудило гуэлым и Iэгъэблагъэм. 
ЦIыжьдадэкIэкIыхьым и щхьэмрэ и ныбэ щIагъымрэ хужьщ, и тхыцIэмрэ дамащхьэхэмрэ фIыцIэщ, и нэ хъуреягъыр пцIанэщ. Кавказ Ищхъэрэм гъунэжу щопсэу, щыIэщ Европэм, Азие ЦIыкIум, Ираным, Сыбырым, нэгъуэщI щIыпIэхэми. Iусыр – хьэпщхупщ, абыхэм я джэдыкIэхэр, хупс, хьэндрабгъуэ жьгъейхэм я щыгъыныхьхэр. Абгъуэ щIын яублэ накъыгъэм, мэлыжьыхьым и пэхэм. Зэрыхабзэщи, ар щащI пхъэхуейм, нэхъ мащIэу - дзэлым, жыгейм, чыцэ лъагэхэм. Зэ гъуэлъхьэгъуэм махуэ 15-16-кIэ тесщ джэдыкIи 12-13-м. Кавказым щыпсэу цIыжьдадэкIэкIыхьхэр етIуанэу мэгъуалъхьэ мэкъуауэгъуэм. 
ЦIыжьдадэцIыкIур а къуалэбзу лъэпкъым щыщ лIэужьыгъуэ нэхъ цIыкIу дыдэщ, сантиметр 13-18, грамми 8-17 хъууэ аращ. Я цыр щабабзэщ, Iувщ. КIэ зэтет кIыхь яIэщ, сантиметр 6,5-11 хъууэ. Дамэ кIэщI хъурейхэщ, лъэбжьанэ кIэщI япытщ, я пэхэр Iув гъэпщащ. Я абгъуэхэр ущIащ, я Iус нэхъыщхьэр хьэпщхупщрэ гъудэбадзэрэщ. Щопсэу мэзхэм, жыг хадэхэм, псыIуфэ чыцэхэм, къамылылъэ псы шэдхэм. А лъэпкъым хохьэ лIэужьыгъуэ 19, лъэпкъыгъуищуи гуэшыжащ. Ди къэралым лIэужьыгъуищ щопсэу. 
ЦIыжьдадэщхьэфIыцIэхэр нэхъыфIу яджа къуалэбзу лIэужьыгъуэхэм ящыщщ. Америкэ Ищхъэрэм, Европэм, Азием, Кавказым, Сахалин, нэгъуэщI щIыпIэхэми щопсэу мылъэтэжу. Щхьэщыгумрэ жьэгъумрэ фIыцIэщ, гъуабжафэ мащIэ къыщIэуэу, тхыцIэмрэ дамыщхьэхэмрэ щхъуэщ, пщэмрэ щхьэбгъухэмрэ хужьщ. ЦIыжьдадэщхьэфIыцIэр и лъэпкъэгъухэм къащхьэщокI Iус щылъыхъуэкIэ, къудамэ псыгъуэхэр зэриуIумкIэ, жыгыуIухэм яхуэдэу, абгъуэ гъуанэхэр жыгхэм къызэрыщриудымкIэ (нэхъыбэу пхъэщабэм, екIэпцIэм, пхъэхуейм). Бжьыхьэмрэ щIымахуэмрэ щыплъэгъунущ мэз зэхэпхъахэм. И Iусыр хьэпщхупщщ е къэкIыгъэхэм я жылэщ. 
ЦIыжьдадэщIыхур и теплъэкIэ щIыхущ, натIэхущ, и щхьэщыгур къащхъуэ IэпапIэ хъурейщ, пэ гъуабжэщ. Щопсэу щIыпIэ куэдым я мэз зэхэпхъахэм. Европэм, Африкэ Ищхъэрэм щыIэхэр лъэтэжкъым, щIыпIэ щхьэхуэхэм мэIэпхъуэ. Кавказым щыкуэдкъым. Щогъуалъхьэ къущхьэхэм, тафэхэм, жыг хадэхэм, паркхэм. Къагъэсэбэп жыгыуIу жьгъейхэм къагъэна жыг гъуанэхэр. Я Iус нэхъыщхьэщ щыгъыныхьхэр, бэджхэр, цIывхэр. ЩIымахуэм нэхъыбэу плъагъунущ тIурытIурэ (анэмрэ хъумрэ) мэзым щыIэпхъуэу е адрей цIыжьдадэ гупхэм яхэту.
 

 

Зыгъэхьэзырар ГУГЪУЭТ Заремэщ.
Поделиться: