«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Тэрч районым и Инарыкъуей къуажэм Джатэгъэжьым и цIэр зезыхьэ и уэрамым псы къабзэ зэрыкIуэ и бжьамийхэр къагъэщIэрэщIэж.
Лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI уэрамым метр 1600-рэ и кIыхьагъщ икIи абыхэм трагъэкIуэдэну сом мелуани 10,3-р къэрал бюджетым къыхэкIащ. Бжьамийхэр зэхъуэкIыным пэрыхьащ къуажэдэсхэм мызэ-мытIэу лъэIукIэ щIыпIэ администрацэм зыхуагъэза нэужь, псы къабзэкIэ гугъу зэрехьым, ар куэдрэ зэрызэпыум къыхэкIыу.
Иджыпсту лэжьакIуэхэм ухуэныгъэ-монтаж лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI, щIыр датIыкI, бжьамийхэр щаукъуэдий. ПэхуэщIэр и кIэм нагъэсу щытмэ, къуажэдэсхэм фIагъ лъагэ зиIэ псы къабзэ зэпымыууэ яIэрыхьэнущ, щыжаIащ къуажэ администрацэм.
Сабийхэм папщIэ
Бахъсэн щIыналъэм и Къубэ-Тэбэ къуажэм и курыт еджапIэ №1-м бэнэкIэ хуитымкIэ и пэшым алэрыбгъущIэ иралъхьащ икIи, абы и фIыгъэкIэ, тренировкэхэм фэбжь щызыгъуэт ныбжьыщIхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ хъунущ.
Нобэ секцэм хэтщ сабий 60 икIи махуэм тIэу абыхэм ядолажьэ, гупитIу гуэшауэ. Япэм лъэгум илъа алэрыбгъур щрадзауэ щытар 2019 гъэрщ. Ар теплъаджэ хъуат, абы къыхэкIыуи, шынагъуэ щыIэт сабийхэм фэбжь ягъуэтынкIэ.
«АлэрыбгъущIэм дыхуэныкъуэт спортсмен ныбжьыщIэхэм я узыншагъэм ехьэлIауэ шынагъуэ щымыIэу дадэлэжьэн щхьэкIэ. Псом хуэмыдэу, абы хуейт бэнэкIэ хуитым и щэхухэр зэзыгъэщIэн щIэзыдза сабий цIыкIухэр», - жиIащ щIыпIэ администрацэм физкультурэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Гъут Резуан.
Спортсмен ныбжьыщIэхэм ядэлажьэр КIасэ Азэмэтрэ Емкуж Залымрэщ.
Я къалэр ягъэдахэ
«Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ ди къэралым и щIыналъэхэм цIыхухэр куэду щызэхуэс я щIыпIэхэр зэIузэпэщ щIыным ехьэлIауэ ирагъэкIуэкI урысейпсо IэIэтым щIидзащ икIи мы гъэм мэкъуауэгъуэм и 12 пщIондэ ар екIуэкIынущ. Ди республикэм и щIыпIэу 25-рэ абы къыщигъэлъэгъуащ мы гъэм.
Прохладнэ къалэр а Iуэхугъуэхэм жыджэру хэтщ икIи 2019 гъэм щегъэжьауэ пэхуэщIэ II абы щагъэзэщIащ. Мы гъэм зэIузэпэщыныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI «Парк Ипщэ» жыг хадэ цIыкIумрэ Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым хуэзэу, а уэрам дыдэм тет ЗАГС-м къедза щIыпIэмрэ. Нэгъабэрей IэIэтым ахэр щытекIуауэ щытащ.
Мы гъэм къалэдэсхэм щIыпIищ къагъэлъэгъуащ: гъущI гъуэгу вокзалым и бжэIупэр, Головко и цIэр зезыхьэ уэрамым и утыкур, «Винсовхоз» хьэблэм и лъэс лъагъуэр зэIузэпэщ ирагъэщIыну.