Мы зэманым газет тедзэгъуэр йокIуэкI. Ар ди щхьэусыгъуэу, девгъэгупсысыт лъэпкъ газетхэм иджырей жылагъуэм щаIэ мыхьэнэм. Шэч зыхэмылъращи, ахэр псом япэу сэбэп хуохъу анэдэлъхубзэхэр хъумэнымрэ зегъэужьынымрэ, литературэбзэр зэманым дэгъэгъуэгурыкIуэным. Иужьрейр псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ зиIэщ лъэпкъ цIыкIухэм я тхыбзэм дежкIэ.
Апхуэдэ къыдэкIыгъуэхэр, зэрыхабзэу, я щыхьэтщ лъэпкъ щхьэхуэхэм я гъащIэм. Щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр, тхыдэ фэеплъхэр хъумэнымрэ ахэр щIэблэм деж нэхьэсынымкIэ къалэнышхуэ зи пщэ дэлъ газетхэр йолэжь цIыхухэр жылагъуэ Iуэхухэм нэхъ жыджэру хэтыным.
Мыбы теухуауэ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат жиIэращи, хабзэр яIэщIэхуным теухуауэ шынагъуэшхуэ щыIэщ, икIи лъэпкъ газетым а Iуэхур къызэриIэтым, ар зэрытщимыгъэгъупщэм папщIэ фIыщIэ хуэфащэщ. Абы жеIэ: «ХъыбарыщIэхэм адыгэбзэкIэ укъыщеджэм деж, абы уи лъэпкъыбзэкIэ уегъэгупсысэ. «Адыгэ псалъэ» газетыр къызэрыдэкIрэ илъэси 100-м щхьэдэхащ, шэч хэмылъуи, тхыдэ хьэлэмэт иIэщ. Ди гуапэ мэхъу а и гъуэгуанэм пищэу ди лъэпкъ газетыр къызэрыдэкIыр, къалэдэсми къуажэдэсми ар яIэрыхьэну Iэмал зэраIэр. ЗэрытщIэщи, Интернетыр къызэрежьар щхьэусыгъуэ хуэхъуащ газет тезыдзэм и бжыгъэр нэхъ мащIэ хъуным. Ауэ сыхуейт нэхъыжьыIуэхэми щIалэгъуалэми лъэпкъ газетым и мыхьэнэр къагурыIуэу хуэфащэ гулъытэ хуащIыну. Хабзэ пхуэхъурэ уи анэдэлъхубзэкIэ газет уеджэу щIэбдзэмэ, бзэр тIэкIу зыIэщIэхуа е зыщыгъупщам ар псынщIэу къищтэжынущ. Си щхьэкIэ си Iуэхухэри нэхъ дэкIыу, си щыуагъэхэри нэхъ мащIэу къысщохъу абыкIэ лэжьэгъуэ махуэр къыщIэздзэмэ, уеблэмэ цIыхум хуэщIыпхъэ гулъытэми нэхъ набдзэгубдзаплъэ сыхуещI. Апхуэдэу дэтхэнэри мы Iуэхум бгъэдыхьэмэ, газетым дяпэкIи зиужьыну, и тхыдэм пищэну гугъэ сегъэщI. Сыхуейт ди лъэпкъэгъу псоми жэуаплыныгъэ яхэлъу газетыр къыщIатхыкIыну, а щапхъэр щIалэгъуалэм ирагъэлъагъурэ абы и мыхьэнэр зыхащIыкIыу я унагъуэхэм езыгъэхьхэм къахэхъуэну. «КъыщIэдывгъадзэ пщэдджыжьыр «Адыгэ псалъэ»-кIэ!» - яжесIэнт псоми».
Къардэным къызэрыхигъэщамкIэ, хъыбарыщIэхэм къищынэмыщIа, ди щэнхабзэм, спортым, щIэныгъэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэмрэ республикэм и ехъулIэныгъэхэмрэ цIыхухэм я деж газетым зэрынихьэсыр нэрылъагъущ. КъинэмыщIауэ, къалэдэсхэмрэ къуажэдэсхэмрэ ятеухуа тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэм, тхыдэм къыхэна ди лIыхъужьхэм ятеухуахэм, цIыхухэр зэрызэхущытам, зыгуэрым и гъащIэр къызэрекIуэкIам адыгэбзэкIэ укъыщеджэкIэ ахэр нэхъ къыппкърохьэ, зыхыбощIэ.
Газетыр къытхутопсэлъыхь ди щIыналъэм, къэралым иса цIыху цIэрыIуэхэми иджырейхэми. Ди нэхъыжьыфIхэм я гъащIэр къызэрекIуэкIар къызэриIуатэм хьэкъ тщещI, абыхэм я Iэужьыр пщIэншэ дымыгъэхъуу, я гуащIэдэкIым хэдгъэхъуэн зэрыхуейр, дефIэкIуэн щхьэкIэ ди къару зэрызэхэтлъхьапхъэр, ди щIалэгъуалэр зыхуэдущиин, зыхуэдгъэсэн зэрыдиIэр. Апхуэдэ хъыбархэр газетым къыщипхкIэ, куэдым урегъэгупсыс.
Ди зэманым «уадыгэну гугъущ» жытIэ хъуащ, куэд зэпэтлъытын зэрыхуейм тетщIыхьу. Ауэ гукъэкI уиIэу, хабзэм утету урикIуэмэ, нэхъ зэпэщынущ уи Iуэхури, гъащIэри, унагъуэри, сызэреплъымкIэ, цIыхухэри нэхъ зэгурыIуэу къекIуэкIынущ.
«Адыгэ псалъэ» газетым мыхьэнэшхуэ иIэщ. Илъэси 100-м щIигъу къызэзынэкIа газетыр ди зэманым дэхуэхыну си щхьэкIэ сыхуейкъым. Сызыхуейр ар щIэрэщIэнырщ, абы и сэбэпынагъэр бэгъуэнырщ. Мыр унагъуэ псоми къаIэрыхьэн хуейуэ къызолъытэ. Абы къыхэкIыу, республикэм ис дэтхэнэ зы адыгэми зыхузогъазэ: лъэпкъ газетыр IэщIыб дымыщIу тедывгъадзэ!»