ФIыщIэ, щытхъу псалъэ куэд зыхужаIэ дохутырщ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, категорие нэхъыщхьэ зиIэ дохутыр, дерматолог, дерматовенеролог, венеролог Цагъэ Мадинэ Хьэмидбий и пхъур. 2010 гъэм щегъэжьауэ Мадинэ щолажьэ ЩIыфэ-венерологие диспансерым, апхуэдэуи ар щыIэщ Налшык къалэ дэт Центральнэ поликлиникэм. И лэжьыгъэм теухуауэ Цагъэм упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.
- Мадинэ, сыт щIыфэ узыфэхэр къызыхэкIыр?
- Абы и щхьэусыгъуэ куэд щыIэщ. ЛIакъуэкIэрэ къадекIуэкIыу щытынкIэ мэхъу. Апхуэдэу аллергием къыхэкIынущ, бактерие, вирус зэхуэмыдэхэм къагъэхъейуэ щIыфэ узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр щыIэщ. КъищынэмыщIауэ, къызыхэкIыр нобэр къыздэсым къамыхутауэ уз щхьэхуэхэми дрохьэлIэ.
- ЩIыфэм и щытыкIэмкIэ Iэпкълъэпкъым пкърыт узыр къыпхуэщIэну?
- ЩыIэщ апхуэдэхэри. КIуэцIым щекIуэкI узыфэхэр щIыфэм и теплъэмкIэ къыщахутэ куэдрэ къохъу. Псалъэм папщIэ, Крон и узыфэр. Ар зэпхар лъатэмрэ кIэтIиймрэщ. А узыр хэтIэсамэ, щIыфэм щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ цIынагъэхэр иIэу мэхъу икIи ахэр гъэхъужыгъуейщ. Къапщтэмэ, Крон и узыфэмрэ щIыфэм игъуэт цIынагъэмрэ зэпыщIауэ щытщ. Апхуэдэщ Бехчет и узыфэкIэ зэджэри. Мыр зыпкърытым кIэлъыплъыпхъэр ревматологырщ. Ауэ цIыхум и Iэпкълъэпкъым щыщ Iыхьэхэу нэхъ цIанлъэу щыт щIыпIэхэм уэтэпс цIыкIухэр иIэу мэхъури, нэхъыбэрэ апхуэдэ сымаджэхэм япэу зызыхуагъазэр дерматологырщ. Бактерие лIэужьыгъуэхэм ящыщу стрептококк, стафилококк узыфэ зэрыцIалэхэр Iэпкълъэпкъым щыпкърытым деж, абы и нэщэнэхэри щIыфэм тыболъагъуэ. ЯпэщIыкIэ плъыжьыгъэ IэпапIэу къыхокI, итIанэ фэм и лъабжьэм тыкъыр цIыкIуу зыкъыдрешейри, шын ирещIэж. Абы сымаджэм плъыржьэрагъышхуэ кърет, щIыфашхэ мэхъу, къыхэузыкIыу щытщ.
- Мадинэ, лышх узыфэхэм я гугъу щащIкIэ, Iэпкълъэпкъым и Iыхьэхэм ящыщу бгъэмрэ тхьэмбылымрэ теухуауэ хъыбар нэхъыбэ зэхыдох. ЩIыфэ лышх узыфэм куэдрэ фрихьэлIэрэ? Сыт ар къызыхэкIыр?
- Нобэ абы щIэныгъэлIхэри дохутырхэри щIэх-щIэхыурэ топсэлъыхь, мыхьэнэшхуи ират. Сыт хуэдэ нэщэнэхэмкIэ ар къызэрыпщIэнур жыпIэмэ, щIыфэм иIэ дэтхэнэ зэхъуэкIыныгъэми гулъытэ хуэщIыпхъэщ. Абы зыгуэр къыхэкIамэ е уIэгъэ гуэр игъуэтамэ, ткIийуэ кIэлъыплъын хуейщ. Ар плъыжь хъуауэ, зэгуэчу, цIынагъэ иIэу, уэтэпс къикIыу, лъы къищиуду, нэхъ зиубгъуу щытмэ, быркъуэшыркъуэу хэхъуэмэ, ахэр щIыфэ лышх узыфэм и нэщэнэщ. КъызыхэкIым и гугъу пщIымэ, нэхъыбэу къежьапIэ хуэхъур дыгъэрщ. Зи сабиигъуэм, щIалэгъуэм куэдрэ дыгъэм хэтахэм, илъэс бжыгъэ зыкъом дэкIыжауэ а узыр къащылъыкъуэкI щыIэщ.
ЩIыфэ лышх узыфэм и лIэужьыгъуэу нэхъыбэрэ дызрихьэлIэхэм ящыщщ меланомэр. Ар анэлхэм, анэдэлъху IэпапIэхэм ягъуэт зэхъуэкIыныгъэхэм къыхокI. Нэхъыбэу щIыфэм дызыщрихьэлIэр анэлхэрщ. Ахэр куэдуи мащIэи тетынкIэ хъунущ. НэхъыбэхукIэ, меланомэ узыфэр уиIэнкIэ шынагъуэми хохъуэ. Абы къыхэкIыу, зэхъуэкIыныгъэ гуэр щымыIэми, Iэмал имыIэу илъэс къэс дохутырым ахэр егъэлъагъун хуейщ. Анэлхэр тIууэ зэщхьэщокI: языныкъуэхэр къыддалъхуащ, адрейхэр нэхъ иужькIэ щIыфэм къыхэкIащ - ахэр тыкъыр цIыкIуу тесынкIи хъунущ. ТIури кхъуэщыныфэу, я гъунэхэр захуэу, мыбыркъуэшыркъуэ Iейуэ щытын хуейщ. Абыхэм плъыжьыфэ е хужьыфэ къащIыхьэу, нэхъ ин хъууэ е заубгъумэ, ущIэгузэвэн щхьэусыгъуэщ. Апхуэдэу анэлхэм захъуэжын щыщIадзэм деж узу, шхэуэ и хабзэщ. Узыр мыувыIэмэ, шхэр хэмыкIмэ, дохутырым зыхуэгъэзэн хуейщ.
ЩIыфэ лышх узыфэр, адрей псоми хуэдэу, и чэзум къэпхутэмэ, къыпхузэтегъэувыIэнущ.
- Уэ зыкъыпхуэзыгъазэхэм нэхъыбэу сыт хуэдэ тхьэусыхафэхэр яIэ?
- Аллергие зиIэхэр куэд дыдэ мэхъу - сабий къалъхуагъащIэхэм деж щегъэжьауэ зи ныбжьыр хэкIуэтахэм я деж щиухыжу. А узыр лIакъуэкIэрэ къыбдекIуэкIынущ, пшхым, щыптIагъэм, узэрыжьыщIэм, узэрытхьэщIэм, хущхъуэм, хьэм, джэдум яцхэм, нэгъуэщI куэдми къыхэкIынущ. Абы нэмыщIкIэ псориаз узыр зиIэхэри мащIэкъым. Вирусно-бактерие узыфэ зэрыцIалэхэр япкърыту зыкъытхуагъазэ. Бактерие уз зэрыцIалэхэр гъэмахуэм нэхъыбэу щыIэщ. Ахэр сабийхэр куэду щызэхыхьэ щIыпIэхэм къыщохъейри, езы цIыкIухэр зэрыцIэлэжурэ узым зеубгъу. БалигъыпIэ иувэ ныбжьыщIэхэр къытхуокIуэ, я нэкIу къиткIуэткIуахэм (акне) драгъэIэзэну. Напэм и мызакъуэу, ар бгъэми, щIыбми, Iэблэми тетынущ. Абы и лъэныкъуэкIэ иджыпсту хущхъуэфI дыдэхэр щыIэщи, фIыуэ тхуогъэхъуж, щIыфэми напафэми кумбыгъи IэпапIэ гуэри хэмытыжу. НэхъыжьыIуэхэм я гугъу пщIымэ, ахэр нэхъ зыгъэщхьэжагъуэр я лъэбжьанэхэм игъуэт зэхъуэкIыныгъэхэрщ. Ахэр хэт фIыцIэу, хэт хужьу, тыкъыр, къущ хъуауэ, зэгуэчу щытщ. Апхуэдэуи абыхэм я лъэпхъуамбэ зэхуакухэр щIэх-щIэхыурэ доуцIыныкI. Абыхэми я Iэзэгъуэ хъарзынэхэр щыIэщи, дэIэпыкъуэгъу дахуохъу.
- Витилигэ, псориаз, экземэ… ЦIыхушхуэ ягъэгуауэщхьэуэ мыбыхэм. Ахэр гъэхъужыгъуей хьэмэрэ зи Iэзэгъуэр нэгъэсауэ къамыхутэфа узыфэхэу ара?
- Витилигэр аутоиммуннэ узыфэхэм ящыщщ. Iэпкълъэпкъым и имуннэ зэхэлъыкIэм щIыфэм и плъыфэр къэзыгъэщI налъэхэр (меланин) щыуагъэкIэ зэтрекъутэ. Ар къызыхэкIым и щхьэусыгъуэр къахутакъым. ЩIыфэр IэпапIэ-IэпапIэурэ хужь хъун щIедзэ, псынщIэу зыщиубгъуи ар мащIэ-мащIэурэ щекIуэкIи щыIэщ. КъызэтеувыIэнкIи мэхъу. Си деж къэкIуауэ щытащ и щхьэфэм щегъэжьауэ и лъэпхъуамбэхэм нэс а узым иубыда цIыху. ЗищIысыр тэмэму щыдмыщIэкIэ, къызыхэкIыр щымынаIуэкIэ, и хущхъуэгъуэри нэгъэсауэ къагъуэтакъым. Пэжщ, IэпапIэ къежьагъащIэхэр абы зэрыпэщIэт мазь, гель жыхуэтIэхэмкIэ къыщыпхуэгъэувыIэ щыIэщ, уеблэмэ щIыфэм и плъыфэр къыщебгъэщтэжыфи къэхъуу. Пасэу еIэзэн щIэбдзэмэ, Iэмал гуэр щыIэщ, ауэ куэд щIауэ хэт IэпапIэ хужьыр, псалъэм папщIэ, илъэситI хъуар, хэбгъэхьэжыфынукъым. Витилигэ зиIэр дыгъэм зэрыхъукIэ зэрыхэмытыным иужь итыпхъэщ. Дыгъэр зытепса IэпапIэ хужьхэм нэхъ псынщIэу заубгъунущ. Iэмал имыIэу абы къигъэсэбэпын хуейщ дыгъэм щызыхъумэ кремхэр, ари сыхьэтитI къэс къытригъэзэжурэ зыщихуэу.
Псориазри къызыхэкIым и щхьэусыгъуэр пыухыкIауэ къащIакъым, лIакъуэкIэ къадекIуэкI узыфэщ, къызэтезыгъэувыIэ мыхъумэ, зыгъэхъуж хущхъуэгъуэ иIэкъым. Медицинэм фIыуэ зэрызиужьар къэплъытэмэ, нобэ щыIэ Iэзэгъуэхэр куэдкIэ нэхъ сэбэп мэхъу. Япэрей хущхъуэхэр Iэпкълъэпкъым нэхъ егуауэу щытамэ, иджырейхэр нэхъ тыншу япкърозагъэ, нэхъ псынщIэуи къызэтрагъэувыIэ. Иужьрейуэ къахутахэм ящыщщ генно-инженерно-биологие Iэзэгъуэр.
Экземэр аллергие узыфэ гъэтIылъахэм хохьэ. ЩIыфэр плъыжь хъууэ, къилъэлъу, пхъашэу, шхэуэ щытщ. Зэм зэтеувыIэу, зэм ятэу йокIуэкI. ЗэIусэм, зрихьэлIэм, зэрыбауэм, къигъэсэбэпым елъытауэ къытрегъэзэж. ЦIыхум ар игъащIэкIэ къыдекIуэкIыфынущ, къищынэмыщIауэ, сыт хуэдэ ныбжьми къылъыкъуэкIыфынущ. Мыри унагъуэм лIакъуэкIэ къыдекIуэкI узыфэхэм щыщщ, адэ-анэм яIэмэ, я щIэблэми къалъыкъуэкIынкIэ хъунущ. Iэпкълъэпкъым щекIуэкI иммуннэ зэхъуэкIыныгъэхэми къыдэхъеижынущ, цIыхур зэгуэпамэ, гузэвамэ, узыфэр нэхъ е екIуэнущ. Мыбыи хущхъуэгъуэ нэгъэса иIэкъым, щыIэр къызэтезыгъэувыIэн, нэхъ зыгъэужьыхын Iэзэгъуэщ.
- ЩIыфэ узыфэхэм дауэ зэрызащыпхъумэнур?
- Нэхъыщхьэращи, къабзагъэм и хабзэхэм тетын хуейщ, дыгъэм куэдрэ зэрыхэмытыным хущIэкъупхъэщ. Мыдрейуэ зэхъуэкIыныгъэ гуэр щIыфэм къыщыхъуауэ зэрызыдалъагъужу дохутырым и деж кIуэн хуейуэ аращ.
- Мадинэ, цIыхум и щIыфэм щыщу нэм занщIэу къыIуидзэр напафэрщ. Ар дахэу щытынымкIэ сыт хуэдэ чэнджэщкIэ захуэбгъэзэнт цIыхухэм?
- Щысабийм деж щегъэжьауэ зыкIэлъыплъыжыфу егъэсапхъэщ. Адэ-анэм я бынхэм я щIыфэр зэпаплъыхьын хуейщ, зэхъуэкIыныгъэ иIэхэм гу лъатэн папщIэ. Напэм и гугъу пщIымэ, абы ехьэлIа гугъуехьхэм щыщIидзэр балигъыпIэ щиувэм дежщ. НэкIум плъыжьыгъэ цIыкIухэр къытрикIутэу щIедзэ, абыхэм хэти хужьу, хэти фIыцIэу уэтэпсхэр ирещIэж. Мис апхуэдэу хъумэ, дохутырым деж яшэмэ, нэхъ псынщIэу яхуэгъэхъужынущ, кумбыгъи имыIэу, нэгъуэщI дыркъуэ гуэри къытемынэу. Апхуэдэуи адэкIэ зэрызыкIэлъыплъыжынум теухуауэ чэнджэщ щхьэпэхэри къратынущ. Напэр тэмэму зыхуей хуэбгъэзэн щхьэкIэ, абы и щытыкIэр зыхуэдэр пщIэн хуейщ. Напафэр гъущэу, е дагъэр ебэкIыу, е тIури зэхэту щытынкIэ хъунущ. Мис абы тещIыхьауэ зэрызитхьэщIынури, крем зыщихуэнури, нэгъуэщI зрищIапхъэхэри дохутырым и деж щыуагъэншэу къыщыпщIэнущ.