ЩIыпIэ дахэхэрКъалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ нэгъабэ екIуэкIа урысейпсо зэхьэзэхуэм щытекIуа, Шэджэм къалэм и «Къалэм уиутIыпщыркъым» пэхуэщIэр ягъэзэщIэн щIадзащ. Абы щхьэкIэ грант ахъшэу кърата сом мелуан 91-р трагъэкIуэдэнущ къалэдэсхэр зыщIэлъэIуа «Ипщэ» хьэблэщIэр зэIузэпэщ щIыным. Иджырей мардэм къитIасэ, цIыху зыгъэпсэхупIэ, нэгузыужьыпIэ цIыхухэм яхуэхъуну а щIыпIэм гектарищым щIигъу ирагъэубыдынущ. ПэхуэщIэм и курыхыу аллее щытынущ, псы IущIахэр, сабий джэгупIэхэр, спорт утыкухэр хэту. Къалэдэсхэм, щIэи-жьыи къэмынэу, зэхуэсыпIэ бэлыхь ар яхуэхъунущ, жаIэ IэщIагъэлIхэм. Апхуэдэуи, мин бжыгъэкIэ жыгыщIэхэр щыхасэнущ а щIыпIэм. НобэкIэ ухуакIуэхэм проектхэр ягъэхьэзыр, дэтхэнэ щIыпIэм сыт хуэдэ Iэмалхэр къыхуагупсысынуми яубзыху, щIыр зэтес ящI. Лэжьыгъэхэр мы гъэм жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу зэфIагъэкIынущ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, УФ-м УхуэныгъэмкIэ и министерствэм и зэхьэзэхуэм Шэджэм къалэм и пэхуэщIэу 4 щытекIуащ, иджырейри яхэту. Ар ирагъэкIуэкI «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. Апхуэдэуи, Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и Тырныауз къалэм и Iуащхьэмахуэ уэрамым и лъэс лъагъуэр зэIузэпэщ ящI, курыт еджапIэ №I-м деж къыщыщIэдзауэ «Геолог» спорт комплексым нэсыху. Япэ игъэщыпхъэу къалэдэсхэм ар къыщагъэлъэгъуащ урысейпсо интернет IэIэтым. Лэжьыгъэр мыбдежми щрагъэкIуэкI «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. Иджыпсту лэжьакIуэхэм лъэс лъагъуэм телъ асфальтыжьыр тратхъунщIыкI, иужькIи, занщIэу щIэ тралъхьэжынущ, уэздыгъэхэр щыпадзэнущ, тетIысхьэпIэхэмрэ кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэмри щагъэувынущ. Лэжьыгъэхэр дызэрыт илъэсым и кIэхэм зэфIагъэкIын мурад щыIэщ. Мыдрейуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIэу 25-рэ зэIузэпэщ ирагъэщIын мурадкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэм къыщагъэлъэгъуащ мы гъэм. Абыхэм ящыщу Налшык, Прохладнэ, Май къалэхэм щырыщ къыхалъхьащ, Тэрч, Тырныауз, Бахъсэн, Нарткъалэ, Шэджэм къалэхэм, Дзэлыкъуэкъуажэ, Къэщкъэтау, Бахъсэненкэ къуажэхэм - я тIурытI.
Поделиться:
Читать также:
21.07.2026 - 16:15 →
Илъэс 57-рэ ипэкIэ Мазэм зэрыщетIысэхар
20.07.2026 - 14:47 →
КъызэрыгуэкI ухуэныгъэкъым
20.07.2026 - 12:09 →
ЦӀыхум и тыншыгъуэр къызэзыгъэпэщ
20.07.2026 - 12:07 →
Сыт апхуэдиз уэшх къыщIешхыр?
20.07.2026 - 12:06 →
Хыр ягъэкъэбзэжынут…
| ||




