Зыужьыныгъэхэм хуэунэтIа лэжьыгъэхэр

           

Къэбэрдей-Балъкъэрым лъэпкъ пэхуэщIэу 12 иджыпсту  щагъэзащIэ. Абыхэм щхьэкIэ мы гъэм бюджет зэхуэмыдэхэм сом мелард 14,3-рэ къаутIыпщынущ, абы щыщу сом мелард 11,7-р къэрал  бюджетым ейуэ.

ЩIыналъэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр нэхъыбэу зыхуэунэтIар щIыпIэ инфраструктурэмрэ республикэм и социальнэ IэнатIэхэмрэ егъэфIэкIуэнырщ. НобэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щаухуэ, къыщагъэщIэрэщIэж, къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыж объект  зэхуэмыдэу 140-м щIигъу. Абыхэм яхэтщ егъэджэныгъэм, узыншагъэр  хъумэным, щэнхабзэм, спортым епха IуэхущIапIэхэр, гъуэгу хозяйствэмрэ псэупIэ-коммунальнэ инфраструктурэмрэ я IэнатIэхэр.

Апхуэдэуи, зэхъуэкIыныгъэфIхэр хыболъагъуэ республикэм и экономикэми. ЖыпIэнурамэ, 2026 гъэм и щIышылэм - мэлыжьыхьым  къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш продукцэу къыщыщIагъэкIам  и куэдагъым проценти 3,8-кIэ хэхъуащ нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам елъытауэ.

КъищынэмыщIауэ, ди щIыналъэм и хэхъуэми зиIэтащ: дызэрыт  илъэсым и япэ мазиплIым республикэ бюджетым проценти 8-кIэ къыхэхъуащ. Абы нэмыщI, КъБР-м езым и хэхъуэр (налог, налог ахъшэу щымытхэри хэту) нэхъыбэж хъуащ икIи процент I3 къигъэлъэгъуащ.

    ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

 

 

Поделиться: