Щхьэусыгъуэр наIуэкъымИнджылызым къыщыдэкI «Дыгъэ» газетыр топсэлъыхь США-м и тIасхъэщIэх IуэхущIапIэм (ФБР) президентым и унафэкIэ къигъэнэIуа дэфтэрхэм. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, хьэршым къилъэтыкIауэ I метррэ сантиметр 20-рэ зи лъагагъ псэущхьэ гуэрхэр ялъэгъуащ. 1940 гъэхэм щегъэжьауэ, США-м НЛО-хэм, хьэршым къикIауэ зыхуагъэфащэ объектхэм епха къэхутэныгъэхэр щрагъэкIуэкI. 1970 гъэ лъандэрэ США-м и президент псори кIэлъоплъ мы лэжьыгъэхэм. Иджыпсту унафэр зыIэщIэлъ тепщэгъуэр къэхутэныгъэхэм кърикIуар, щIэуэ къащIар къигъэнэIуэным тегушхуащ. Пентагоным утыку кърихьащ 1947 - 2025 гъэхэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм епха дэфтэри 161-рэ. Абыхэм яхэтщ мазэм лъэтауэ щыта «Аполлон-17» уэгу зекIуэм епхахэри. ИтIани, хьэршым гъащIэ щекIуэкIыу жыпIэн хуэдэу, къэхутакIуэхэм щыхьэт наIуэ къахьауэ пхужыIэнукъым. 1965 гъэм ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм ятеухуа дэфтэрхэр адрейхэм зыгуэркIэ къахощ. А илъэсым нэхърэ нэхъыбэ «хьэрш объект мыцIыху» щалъэгъуа къахуихуакъым. ГъущIым къыхэщIыкIа хьэрш кхъухьхэм я къутахуэхэр къызэрагъуэтам нэмыщI, я лъагагъкIэ сантиметри 107-122-м нэсын псэущхьэхэр абыхэм я Iэгъуэблагъэм итащ, я щхьэхэр зыхъумэ тажхэр (скафандрхэр) ящхьэрыгъыу. КъагъэнэIуа дэфтэрхэм щэнейрэ «къэзылъэтыхь тепщэч» щалъэгъуауэ итщ. А псори Пентагоным накъыгъэм и 8-м утыку кърихьащ. США-м и Унэ Хужьым ахэр нобэр къыдэсым ибзыщIащ. Ауэ нэхъ шынагъуэ гуэри щыIэщ. Мы Iуэхум елэжь щIэныгъэлIхэр илъэс зыбжанэ хъуауэ мэкIуэд. Хьэршым елэжь IэщIагъэлI II иужьрей зэманым щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэкIэ бзэхащ. ЯукIа? Ядыгъуа? Езыр-езыру загъэпщкIуа? А упщIэхэм я жэуапыр къалъыхъуэ конгрессым хэтхэу Кемер Джеймсрэ Берлинсон Эрикрэ. Зи кIуэдыкIэм игъэгузавэ щIэныгъэлI псоми хьэршым зыгуэр щыпсэункIи зэрыхъунум епха къэхутэныгъэхэр ирагъэкIуэкIыу щытащ. Къэралым а щэхухэр зэрихъумэм къыхэкIыу, мыбыхэм къащыщIар зэкIэ хэIущIыIу ящIыркъым, ауэ зи цIэ къитIуахэм иджы тепщэгъуэр хагъэзыхь Iуэхум и пэжыпIэр щIамыхъумэну. ЦIыхубэр ар ищIэну хуит щхьэкIэ, жаIэнур куэдым зэрахуэмышэчынур арагъэнщ щIабзыщIыр. ИтIани, умыщIэныр нэхъ шынагъуэжщ. Мэлыжьыхьым и 17-м екIуэкIа зэIущIэм США-м и президентым и пресс-секретарым хъыбар зэбгритыкIащ мы Iуэхум правительствэмрэ ФБР-мрэ зэгъусэу зэрелэжьыр жиIэу. Ахэр иджыри щогугъ зэман кIэщIым къриубыдэу кIуэда щIэныгъэлI 11-м я лIэныгъэр зэрымыщIэкIэ зэтехуа Iуэхугъуэу къыщIэкIыжыну. КIуэдауэ зи цIэ къраIуэхэм япэ итыр США-м и хьэуа-дзэ къарухэм я генерал Маккасленд Уильямщ. Ар и унафэщIу щытащ «щэху дыдэ» къэхутэныгъэ жыхуаIэхэр щрагъэкIуэкI лабораторэм. Илъэс блэкIам и мазае лъандэрэ ягъуэтыжыркъым. АдэкIэ къокIуэ НАСА-м и лэжьакIуэ Реза Моникэ, Гарсиа Стивен, астрофизик Гриллмайер Карл, физик Лоурейр Нуно. КIуэдахэм езыр-езыру дунейм ехыжахэр къакIэлъокIуэ. Псалъэм папщIэ, НАСА-м и лабораторэм хьэрэкIытIэхэр зэрызекIуэм щелэжьу щыта Майвальд Фрэнк. Илъэс 34-м иту 2022 гъэм дунейм ехыжа Эскридж Эми езым зиукIыжауэ жызыIэ щыIэщ, ауэ Унэ Хужьым щIэсхэм ар я фIэщ хъущэркъым. «Нью-Йорк таймс» газетыр 2017 гъэм тепсэлъыхьауэ щытащ хьэршым зыщышынапхъэ гуэрхэр зэрыщыIэм. Пентагоным иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэ щэхухэр Трамп Дональд къигъэнэIуэным тезыгъэгушхуар Обамэ Барак «нэгъуэщI планетэхэм цIыхухэр зэрыщыпсэур хьэкъщ» зэрыжиIарауэ хуагъэфащэ языныкъуэхэм. Адрейхэм Трамп НЛО-м щIытепсэлъыхьыр езым кърихьэжьэ Iуэхухэм, псалъэм папщIэ, Ираным зэрытеуам, хэкIыпIэ узыншэ зэрахуимыгъуэтырщ. Сенатор бзылъхугъэ Тейлор Грин Марджори зэрыжиIэмкIэ, щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр «Эпштейн къызыкъуиха файлхэм» президентыр зыгъэпуд куэдыIуэ зэрыхэтырщ. ЦIыхубэм я щхьэм илъыр яхъуэжын папщIэщ нэхъыбэм дунейкъутэж хъыбар къыщIрахьэжьэ хабзэр.
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
15.07.2026 - 11:26 →
Адыгэ тхыдэм и гъуджэ
14.07.2026 - 15:40 →
ЕтIанэгъи къыпащэну я мурадщ
14.07.2026 - 14:39 →
Унэ-музейр зэрагъэпэщыж
14.07.2026 - 10:01 →
Май жыг хадэ
13.07.2026 - 19:17 →
Бай Галинэ и лэжьыгъэхэр
| ||




