Бзэр лъэпкъым фIэкIуэд хъунукъым

 Анэдэлъхубзэмрэ щэнхабзэмрэ хъумэным хуэлажьэу Москва щыIэ центрым къызэригъэпэщри, «Адыгэ щэнхабзэм и махуэ» зыфIаща зэхыхьэ ин къалащхьэм щекIуэкIащ. Абы ипкъ иткIэ зэхаша «стIол хъурейр» теухуауэ щытащ адыгэбзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ хъумэным, адыгэ газетхэмрэ журналхэмрэ яIэ мыхьэнэмрэ иджырей зэманым къызэрыдекIуэкIымрэ. Абы зыкърагъэхьэлIащ Москва дэс адыгэхэм я нэхъыжьхэм я советым и тхьэмадэ, экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Агъырбэ Юрэ, Адыгэ Республикэм къыбгъэдэкIыу УФ-м и Президентым деж лIыкIуэу щыIэ Мыгу Бислъэн, Лъэпкъхэм я унэу Москва дэтым и унафэщIым и къуэдзэ Сафаралиевэ Дилярэ, экономикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, «МТС-Банк»-м и вице-президент Жэман Ахьмэд,  «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Жыласэ Заурбэч, газетым и лэжьакIуэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ НэщIэпыджэ Замирэ, «Черкес хэку», «Адыгэ макъ» газетхэм я редактор нэхъыщхьэхэу Абидокъуэ Люсанэ, МэшлIокъуэ Саидэ, «Нур» журналым и редактор нэхъыщхьэ Аброкъуэ Беллэ, АР-м и  Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI ТIэш Светланэ, Акъ Мухьэрбэч и цIэр зезыхьэ Шэрджэс драмэ театрым и унафэщI, «Кавказфильм» киностудием и тхьэмадэ ЕмкIуж Андзор, «Анэдэлъхубзэмрэ щэнхабзэмрэ хъумэнымкIэ центр» АНО-м и къызэгъэпэщакIуэ Сэхъу Мурат, центрым и унафэщI Гъуэзджэш Амир,  абы и дэIэпыкъуэгъу Ащнокъуэ Джульетэ сымэ.  

ЗэIущIэр къызэIуихри, къызэхуэсахэм фIэхъус гуапэкIэ захуигъэзащ Ащнокъуэ Джульетэ. Абы жиIащ адыгэбзэмрэ щэнхабзэмрэ нобэрей зэманым иIэ хъуа щытыкIэм Москва дэсхэри зэригъэпIейтейр, абы епха гугъуехьхэр тIууащIэу зэрызыхащIэр; къыдэкIуэтей щIэблэм бзэр яIурылъынымкIэ хэкIыпIэу щыIэхэм, бзэр лъэпкъым фIэмыкIуэдынымкIэ къалэнышхуэ зыгъэзащIэ адыгэ газетхэмрэ журналхэмрэ нобэ я Iуэху зыIутым, зи хэку цIыкIум пэIэщIэу псэу ди лъэпкъэгъухэм газет, журнал яIэрыхьэнымкIэ щыIэ Iэмалхэм, литературэбзэ къабзэкIэ дунейм къытехьэ къыдэкIыгъуэхэм нэхъыбэм Iэ щIадзу, я мыхьэнэр нэхъ лъагэу щытынымкIэ щIэн хуейхэм тепсэлъыхьыну зэрызэхуэсар.

Псом япэу псалъэ зрата нэхъыжьыфI Агъырбэ Юрэ жиIащ къалащхьэм щекIуэкI зэхыхьэр ди лъэпкъым и къежьапIэм хуэтщI пщIэм, ижь-ижьыж лъандэрэ къыддекIуэкI хъугъуэфIыгъуэхэр щIэблэм я деж нэхьэсыным дызэрыхущIэкъум щыхьэт зэрытехъуэр. «Урысейм и адрей лъэпкъ мащIэхэми хуэдэу, дэ, адыгэхэм, абазэхэм, къалэн нэхъыщхьэу зыхуэдгъэувыжыр ди бзэр тхъумэнырщ, ар лIакъуэкIэрэ зэIэпытхынырщ. Лъэпкъым къыгуроIуэ бзэр фIэкIуэдмэ, щэнхабзэми, тхыдэми, зэхэщIыкIми пэIэщIэ зэрыхъунур. Мыпхуэдэ зэIущIэхэм Iэмал къыдат а гугъуехьхэм я хэкIыпIэхэр къэдгъуэтыну гъуэгу захуэм дытетынымкIэ дызэчэнджэщыну, акъыл зэхэдзэ тщIыну», - жиIащ Агъырбэм.

Къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ лъэпкъым къыдекIуэкI псэкупсэ къулеигъэр, хабзэмрэ бзэмрэ, щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ хъума хъунымкIэ, псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, щIэблэм ахэр яIэщIэлъхьэныр зэи IэщIыб пщIы зэрымыхъунум, зэманым декIу хэкIыпIэхэр къэдгъэсэбэпурэ къытпэщылъ мурадхэр зыIэрыдгъэхьэн зэрыхуейм. 

«Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку» газетхэм я редактор нэхъыщхьэхэу Жыласэ Заурбэч, МэшлIокъуэ Саидэ, Абидокъуэ Люсанэ, «Нур» журналым и редактор нэхъыщхьэ Аброкъуэ Беллэ сымэ и гугъу ящIащ редакцэхэм я лэжьыгъэхэм, газетхэр къызэрыдагъэкIымрэ зэрызэбграгъэкIымрэ. Апхуэдэу зэIущIэм видео теплъэгъуэхэр къагъэхьат «Лэгъупыкъу» (КъШР) журналым и редактор нэхъыщхьэ Аслъэныкъуэ Мадинэрэ «Вагъуэ бын» (АР) журналым и редактор нэхъыщхьэ Дзыбэ Нэзирэтрэ.

- Илъэсищэм щIигъуауэ къыдэкI «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэр дыхущIокъу ди адэжьхэм лIэщIыгъуэхэм къыпхаха адыгэбзэр, адыгэ хабзэр, зэхэтыкIэр хъумэным, лъэпкъым, Хэкум, къэралым къыщыхъу-къыщыщIэхэр ди щIэджыкIакIуэхэм адыгэбзэ къабзэкIэ ябгъэдэлъхьэным, - жиIащ Жыласэ Заурбэч.

Абы и гугъу ищIащ «Адыгэ псалъэм» нобэ иIэ Iэмалхэм, зыхэт гугъуехьхэм, къуэш республикэхэм къыщыдэкI газетхэм зэрыдэлажьэм, къыдэкIыгъуэ зэгуэтхэр зэрагъэхьэзырым, журналистхэм я лэжьыгъэр къазэрехъулIэм, нэгъуэщIхэми. 

Къэбгъэлъагъуэмэ, лъэпкъыбзэкIэ къыдэкI газетхэм я мыхьэнэри, къалэнри, лэжьыгъэри зыщ. Псом япэр, дауи, хъыбарыщIэхэр цIыхубэм и чэзум ялъэгъэIэсынырщ, адыгэбзэ къабзэкIэ къэIуэтауэ. Абы къыхэкIыу, газетхэмрэ журналхэмрэ лъэпкъыбзэр щызыгъэIэ, зыхъумэ, зезыгъэужь Iэмэпсымэу къэплъытэ хъунущ. Нэхъ цIыкIу дыдэхэм бзэр ящIэнымкIэ, дихьэхынымкIэ лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI «Нур» журналым. А Iуэхур зэрызэкIэлъигъакIуэм убгъуауэ тепсэлъыхьащ Аброкъуэ Беллэ. ИкIи удимыхьэхынкIэ Iэмал имыIэу и гугуъ ищIащ, журнал къэс Iуэхугъуэ гуэрым хухэхауэ къызэрыдагъэкIым, сабийхэм ягу дыхьэн папщIэ сурэтхэмрэ плъыфэхэмкIэ зэрагъэщIэращIэм, напэкIуэцI къызэрыгуэкIхэм нэмыщI, нэрылъагъу теплъэ гуэрхэр зэрыдагъэувэм.

Редакцэхэм я лэжьыгъэм журналист зэчиифIэхэм, лэжьакIуэ псэемыблэжхэм ягурэ я псэрэ зэрыхалъхьэр щыжаIащ утыкум. Абыхэм еджэр нэхъ мащIэ хъу зэпытми, лэжьыгъэм егугъуу, тхыгъэхэр купщIафIэу щытыным зрагъэлIалIэу я Iуэху ящIэ. Газетхэмрэ журналхэмрэ  Iэ щIэзыдзхэм я бжыгъэр хэгъэхъуэн зэрыхуейм и гугъу щащIым, Адыгэ Республикэм къыбгъэдэкIыу УФ-м и Президентым деж лIыкIуэу щыIэ Мыгу Бислъэн «Адыгэ макъым» и экземплярищэ хуэдиз Москва ирагъашэу зэрызэтриублэнур жиIащ, абы еджэнущ Адыгейм и лIыкIуэр щылажьэ унэу къалащхьэм дэтым къекIуалIэхэмрэ и хьэщIэхэмрэ.

Журналистикэ IэнатIэм щIалэгъуалэр дегъэхьэхыным, ахэр газетхэмрэ телевиденэмрэ щылэжьэну тегъэгушхуэным и гугъу ящIащ КъБР-м, АР-м я Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIхэу Жыласэ Заурбэчрэ ТIэш Светланэрэ. НэщIэпыджэ Замирэ жиIащ дызыхэпсэукI 2I-нэ лIэщIыгъуэм анэдэлъхубзэмкIэ къыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ щIалэгъуалэм яфIэгъэщIэгъуэну, щIэщыгъуэу щытын папщIэ зэманым декIуу зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр хэлъхьэн зэрыхуейр. «Адыгэ газет зэрыщыIэр щIалэгъуалэм ящIэн, литературэбзэ къабзэ хуей хъумэ, къызэIуахыну напэкIуэцIыр яцIыхун папщIэ дызэлэжьын хуейр бжыгъэхэр зи лъабжьэ къыдэкIыгъуэхэрщ. Зи щIалэгъуэхэм «тренд» жыхуаIэм дылъэщIыхьэн хуейщ. АбыкIэ хэкIыпIэфIщ телеграм, макс каналхэр, сайтхэр, электрон къыдэкIыгъуэхэр», - жиIащ журналистым.

Режиссер цIэрыIуэ ЕмкIуж Андзор зи гугъу ищIар езыр зыпэрыт IэнатIэрщ – театрырщ. «Лъэпкъ театрыр теплъэгъуэ гуэрхэр щекIуэкI, цIыхум зыщигъэпсэху утыку къудейкъым. АтIэ ар анэдэлъхубзэ къабзэ, гъэхуа, шэрыуэ къыщыIу, ди адэжьхэм я шыфIэлIыфэр щIалэгъуалэм щызэрагъэцIыху щIыпIэщ, щэнхабзэм псэ къыщыIубгъэкIэф унэщ. Нобэ ар бзэр щытхъумэфын, щэнхабзэм зыщедгъэужьыфын, ди беягъымрэ хъугъуэфIыгъуэмрэ цIыхубэм я пащхьэ щитлъхьэфын утыкущ. Сыхуейт ар театрым щылажьэхэми къекIуалIэми зыщамыгъэгъупщэну», – жиIащ ЕмкIужым.

Лъэпкъхэм я унэу Москва дэтым гъэлъэгъуэныгъэ къыщызэрагъэпэщат. Абы щегъэувэкIа Iэнэхэм телът «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку» газетхэм я къыдэкIыгъуэхэр, «Нур», «Лэгъупыкъу», «Вагъуэ бын» журналхэр, адыгэбзэкIэ къыдэкIа тхылъхэр, адыгэхэм ятеухуахэр. Лъэпкъ шхыныгъуэхэр лъэныкъуитIымкIэ щыт абджыпс дапхъэхэм тегъэуват.

Iуэхур зэхэзыша Анэдэлъхубзэмрэ щэнхабзэмрэ хъумэнымкIэ центрым къызэIуихыну игъэхьэзыр библиотекэм папщIэ адыгэ редакцэхэм, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм къабгъэдэкI тхылъи I00-м щIигъу хуашащ.

Махуэм и етIуанэ Iыхьэр зейр щIалэгъуалэрат. Адыгейм и студентхэм я зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща «Адыгэ джэгукIэхэр» пшыхьым цIыху 800-м щIигъу къекIуэлIащ. Ахэр Кавказ Ищхъэрэм икIауэ Москва щеджэ, щылажьэ адыгэ ныбжьыщIэхэрт.   ЗэIущIэм и пэщIэдзэм къызэхуэсахэм псалъэ гуапэкIэ зыхуагъэзащ республикищым я лIыкIуэхэу Жыласэ Заурбэч, ТIэш Светанэ, Абидокъуэ Люсанэ сымэ. Пэшышхуэм и дэтхэнэ плIанэпэри, утыку цIыкIури Iуэхугъуэ гуэрым хухэхат. КIэнджэгу зыщI щIалэхэр лъэныкъуэкIэ къыщытт, пщащэхэм дыщэидэм зыхуагъасэрт, хэти къызыхэкIа лIакъуэм и дамыгъэр абы хухэха щIыпIэм тритхэрт, хэти сурэт ищIырт, хэти адыгэ къуажэхьхэр къищIэрт, адрейм арджэн ищIырт. СфIэгъэщIэгъуэн хъуащ ди республикэм щыщ Мамхэгъ Алим адыгэ джэгукIэм хухэха приложениеу къигупсысар. Пшыхьыр сыхьэт зыбжанэкIэ екIуэкIа нэужь, адыгэ джэгушхуэкIэ иухащ, уджи къызэдащIыжри, зэбгрыкIыжащ лъэпкъ зэхыхьэм я гур къиIэтауэ.

Къэбарт Мирэ.

 

Поделиться: