Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Сабийхэм защIэгъэкъуэным теухуа республикэпсо щэбэт щIыхьэху
егъэкIуэкIыным и IуэхукIэ

2026 гъэм накъыгъэм и 29-м Налшык къалэ №92-ПП

Унагъуэ хуэмыщIахэм, сабий куэд зиIэ унагъуэхэм, адрей унагъуэ нэхъ хуэныкъуэхэм ящыщ сабийуэ республикэм и курыт еджапIэхэм щIэс­хэм 2026 - 2027 гъэ еджэгъуэщIэм щы­щIидзэжым ирихьэлIэу социаль­нэ дэIэпыкъуныгъэ етын мурадкIэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм и профсоюзхэм я федерацэ» союзым, лэжьакIуэ гупхэм къыхалъ­хьа жэрдэмыр ядэIыгъын икIи сабийхэм защIэгъэкъуэным теухуауэ 2026 гъэм мэкъуауэгъуэм и 6-м республикэпсо щэбэт щIыхьэху егъэкIуэкIын.
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал органхэм, щIыпIэ уна­фэр зезыгъакIуэ органхэм, зи мылъкуу щытым емылъытауэ, организацэ псоми чэнджэщ етын сабийхэм ядэ­Iэ­пыкъуным теухуа республикэпсо щэбэт щIыхьэхум хэтыну икIи зы махуэ лэжьапщIэр республикэпсо щэбэт щIыхьэхум и фондым халъхьэну.
3. Сабийхэм ядэIэпыкъуным теухуа республикэпсо щэбэт щIыхьэхум хэтахэм псапащIэ Iуэхухэм трагъэ­кIуэдэн папщIэ езыхэм я жэрдэмкIэ къыхалъхьэ ахъшэр унагъуэ нэхъ хуэ­ныкъуэхэм зыщIагъэкъуэн папщIэ ягъэхь Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­-пуб­ликэм и республикэ бюджетым  и ­хэхъуэ Iыхьэм «Урысей Федерацэм и бюджет системэр зэхуагъэхъун ­папщIэ Федеральнэ казначействэм и органхэм трагуашэ хэхъуэхэр» 03100643000000010400 счётым «Урысей Федерацэм и субъектхэм я бюджетхэм щыщ ахъшэ зыIэрыхьэхэм иратын папщIэ цIыху щхьэхуэхэм къыхалъхьэ ахъшэр» 961 2 07 0202002 0000 150 и кодымкIэ 83701000 ОКТМО-м тету.
4. Муниципальнэ районхэм, къалэ округхэм я щIыналъэ администрацэхэм чэнджэщ етын:
школакIуэ ныбжьым ит сабийхэм (сабий зеиншэхэм, адэ-анэм я ­жьауэм щIэмытыжу къэна сабийхэм, сабий ныкъуэдыкъуэхэм, унагъуэ ­хуэ­мыщIахэм я сабийхэм) зэрыIыгъыу ахъшэкIэ зыдэIэпыкъупхъэ я адэ-анэ­хэм (сабийхэр зыпIыжхэм, абыхэм якIэлъыплъхэм) я спискэхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъу­ныгъэмкIэ и министерствэм Iэрагъэ­хьэну;
ахъшэр зэрызэхуахьэсымрэ зэры­Iы­гъыу финансхэмкIэ зыдэIэпыкъупхъэхэм ятеухуа информацэр и зэманым зэратымрэ кIэлъыплъыну.
5. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм хуэгъэувын муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ я щIыналъэ администрацэхэм къагъэхьа спискэхэм ­тету 2026 гъэм фокIадэм и 1-м фIэ­мы­кIыу сабийхэм защIэгъэкъуэным теухуауэ ирагъэкIуэкIа республикэпсо щэбэт щIыхьэхум и фондым къыхалъхьа ахъшэм щыщу дэтхэнэ зы сабийми хуэзэу сом мини 3 иратыну.
6. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьы-ныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ зэ­пы­­щIэ­ныгъэмкIэ и министерствэм хуэгъэувын сабийхэм ядэIэпыкъуным теухуауэ ирагъэкIуэкIа щэбэт щI­ы­хьэхум кърикIуахэр цIыхубэ хъыба- р­егъащIэ IуэхущIапIэхэм къыщыгъэ­лъэ­гъуэныр къызэригъэпэщыну.
7. Мы унафэр зэрагъэзащIэм кIэ­лъып­лъыну и пщэ илъхьэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий М. Б.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къа­лэнхэр зыгъэзащIэ 
КЪУНЫЖЬ МуIэед.

Поделиться: