Си Хэкум сытоукIытыхь«Экономист» цIэр зэрихьэу, США-м мэрем къэс журнал къыщыдокI, и теплъэкIэ газет жыпхъэм иту. Абы и лъабжьэр I843 гъэм Инджылызым щигъэтIылъауэ щытащ Уилсон Джеймс хьэрычэтыщIэм. Бжыгъэхэр зи лъабжьэ Iэмэпсымэхэр къызэрежьэрэ, тхылъымпIэу традзэм хэщIа пэтми, электрон къыдэкIыгъуэхэр, видеохэр, къинэмыщI нобэрей журналист Iэмалхэр хэту, «Экономист» газетым щIэджыкIакIуэ мелуан 35-м нэс къызэщIеубыдэ. Ауэ нэхъ гъэщIэгъуэну мы газетыр зэрызэрахьэ щIыкIэм хэлъыр сыт жыпIэмэ, абы къытехуэ тхыгъэхэр зейм и цIэр кIэщIатхэркъым. «Экономист»-м мыр етх», - апхуэдэущ мыбы къытехуа тхыгъэхэм я гугъу зэращIыр. Дэтхэнэ къыдэкIыгъуэми и пщIэр къызэрилэжьыр адрейхэр зытемыгушхуэ гуэр къызэрытридзэмкIэщ. Е, нэхъ пэжу жыпIэмэ, куэд зытемыпсэлъыхьыфым и гугъу зэрищIымкIэщ. Уегупсысми, тхыгъэхэм журналистхэм я цIэр зэрыкIэщIэмытым абы и пщIэм хигъахъуэ фIэкIа, хигъэщIыркъым, япэрауэ. ЕтIуанэрауэ, «фэжагъуэ къэхьын» узу дэ дызыщыщтэм къызэрелын Iэмал мыбыхэм къызэрагъуэтам шэч къытевмыхьэ. Мыбы къытехуэхэр зытхар зэрабзыщIыр зигу иримыхь щыIэщ, дауи, жэуаплыныгъэ ирагъэхьэну Iэмал зэрамыгъуэтым щхьэкIэ. Ауэ къыдэзыгъэкIхэм я еплъыкIэми хьэтыр игъуэтыпхъэщ: цIэ зыкIэщIэмыт тхыгъэхэр цIыхубэм я макъыу къэплъытэну нэхъ тыншщ, «псоми мыр я еплъыкIэщ» жыпIэ хуэдэу. Зытхар хьэрф къудейкIэ къыщагъэлъагъуи щыIэщ, е тхыгъэр зейр цIыху цIэрыIуэмэ, апхуэдэцIэхэр ябзыщIыркъым. Езыхэм я журналистхэм я цIэ-унэцIэр сыт щыгъуи бзыщIауэ къонэ. «Экономист»-м и хъэтIыр къуегъэцIыхуж абы и тхэкIэм ауан зэрыхэлъымрэ зи гугъу ящI Iуэхугъуэхэм ехьэкI-къехьэкI хэмылъу и цIэ дыдэр къызэрыраIуэмкIэ. Уеблэмэ къэрал унафэщIхэм хуиту зэратепсэлъыхьым къыхэкIыу, газетыр щIэх-щIэхыу хеящIэ пащхьэм къыщохутэ. «Экономист»-м и гугъу тщIын хуей щIэхъуар абы хуэдэу Палестинэм щекIуэкI гузэвэгъуэм щхьэтечауэ зыри зэрытемыпсэлъыхьырщ. Дымылъагъу зытщI пэтми, жэпуэгъуэм мы щIыналъэ хейм щызэхаубла бэлыхьышхуэр и кIэм нэблагъэркъым, апхуэдэ гугъи щыIэкъым. ГъэщIэгъуэну гу зылъыптэращи, къухьэпIэ къэралхэр нэхъ хуиту топсэлъыхь Газэм махуэ къэс ишэч хьэзабым. Иджыблагъэ «Экономист»-м къыдигъэкIащ Израилым и дзэ ЦАХАЛ-м щыщ щIалэм зэрызыкъиумысыжахэр. Палестинэм щекIуэкIыр къэпщIэн папщIэ, абы и хъыбарым зыщыбгъэгъуэзэну щхьэпэщ. «Палестинэм щызекIуэ цIыху псори къызэрытлъытэр террористут, - игу къегъэкIыж щIалэм. - Дзэм сыкъыхэкIыжа нэужьщ Iуэхур зыIутыр къыщызгурыIуар. Зауэм сызэрыхэтрэ, си фIэщу сызэгупсысыр зыт: Газэм дыщызэуэну фIэкIа, езы Палестинэм щыщхэм нэгъуэщI Iэмал къытхуамыгъэна хуэдэу, абы нэхърэ нэхъ дызыгъэзэхуэн Iуэху тхыдэм къыхэмыхуауэ. Зауэр зэредгъэкIуэкIын хабзэ зыри диIакъым, Газэм дыщыIэху. «Граждан цIыхубэ» жыхуаIэ псалъэр къэдгъэсэбэпыххэртэкъым. «Мыбдежым фиIэпхъукI» зыжраIахэр а унафэм щемыдэIуакIэ, къэна псори сэлэтхэм яукIыну хуиту къэтлъытэрт. Армэ кIуэгъуэм хиубыдэ ныбжь жыпIэ щхьэкIэ, абы илъэс I6-м щегъэжьауэ 60-м нэс псори пхухегъэубыдэнут. Си унафэм щIэтхэм яукIа цIыхухэм я нэхъыбэм Iэщэ яIыгъакъым. Дызэзауэр хэтми щыдмыщIэ къытхуихуэрт: унэ зэхэкъутахэм зыгуэр щызепщыпщэу тлъагъумэ, ар цIыхункIи мыцIыхунки хъунут. Плъырым зызыгъэхъей гуэрым и нэр тохуэри йоуэ, шэр зытехуэр хэтми сытми тщIэркъым. «Хьэ зекIуапIэ» жаIэри зыгуэр щыIэт абдежым, Израилым и сэлэтхэм я хэщIапIэм пэгъунэгъуу. Езыхэм яубыд щIыпIэм ибэкъуа псори асыхьэтым яукIырт журт сэлэтхэм, итIанэ абдежым хьэхэр къыщызэхуэсырти, хьэдэхэм егъурт. Арат «хьэ зекIуапIэ» щIыфIащар. Израилым и зауэлIхэр щызэпсалъэкIэ, палестинэм щыщхэм щхьэкIэ «фIейхэр» жаIэрт. «Газэм щакIуэ сокIуэ» псэлъафэр къыщежьар абдежырщ. ЩIэпхъуэжахэм я унэхэр яубыда нэужь, зыхуей хьэпшыпхэр къыщIанэрт, адрейхэр къыщIадзырт. Уэрамхэр бамэм зэщIищтауэ апхуэдэщ, шыдхэр щыгъуахъуэу. Ауэ псоми уосэ». ЩIалэр унэм зыгъэпсэхуакIуэ кIуэжа нэужь, и унагъуэр къеупщIащ: «Сыт Газэм унэхэр щIыщагъэсыр?» «Жэуап естыфакъым», - жеIэ езым. - Зыри шынагъуэ къабгъэдэкIыртэкъым абыхэм, ауэ фэтэрхэм куэдрэ мафIэ щIадзащ. Хуэмурэ псоми къагурыIуащ зауэр Нетаньяху и щхьэ Iуэху къудейуэ зэрыщытыр. Нобэ сэ сригушхуэжыркъым Израилым сызэрыщыщым. Уеблэмэ абы сытоукIытыхь. Европэм сыщыщыIам, я унэхэм нып къыфIэзыдзэхэм сехъуапсэрт, я Хэкур фIыуэ зэралъагъум щхьэкIэ. Сэ си унэ гупэм зэи къысхуфIэдзэну къыщIэкIынкъым си къэралым и ныпыр».
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
15.07.2026 - 11:42 →
ЛIыгъэр лIэныгъэм токIуэ
03.07.2026 - 11:43 →
ЩIыр къэушрэ?
02.07.2026 - 12:56 →
Нэхъ Iэзи щыIэщ
08.06.2026 - 14:27 →
Адыгэбзэм ича лъэбакъуэщIэ
27.05.2026 - 11:33 →
«Сэшхуэр» адыгэбзэм къыхэкIащ
| ||




