Музейм и тхыдэм зыщагъэгъуазэ![]() Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ МВД-м и тхыдэ музейм зыщаплъыхьащ Май районым щыщ школакIуэхэм, апхуэдэуи МВД-м и лэжьакIуэхэу нэгъуэщI щIыналъэхэм къикIыу Налшык къалэ зыщагъэпсэхуну къэкIуахэм. ХьэщIэхэм къаIущIащ музейм и унафэщI Казаченкэ Еленэ икIи ведомствэм и ветеранхэм ящIыгъуу, ирагъэблэгъахэм зыщрагъэплъыхьащ, гъэщIэгъуэн куэдым щагъэгъуазэу. Ахэр къекIуэлIахэм ядэгуэшащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я тхыдэ къулейм щыщ гъэщIэгъуэнхэмкIэ, тепсэлъыхьащ лэжьакIуэхэм я лIыхъужьыгъэхэм, я къалэн мытыншым, хабзэмрэ республикэм щыпсэухэм я шынагъуэншагъэмрэ къызэгъэпэщыным хуащI хэлъхьэныгъэм.
Поделиться:
Читать также:
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
10.07.2026 - 15:07 →
Хьэрш хъыбархэр къезыхьэлIэ
09.07.2026 - 15:32 →
КIашэ Адэлджэрий и гъащIэмрэ гуащIэмрэ топсэлъыхь
| ||





