Лъэпкъым и пщIэр иIэтуНакъыгъэм и 25-м ди къэралым щагъэлъапIэ Филологым и махуэр. Бзэмрэ литературэмрэ елэжьхэр, а унэтIыныгъэмкIэ къэхутэныгъэ езыгъэкIуэкIхэр, ахэр щIэблэм езыгъэджхэр, библиотекэ, газет, журнал лэжьакIуэхэр, зэдзэкIакIуэхэр – филологие щIэныгъэ зэзыгъэгъуэта IэщIагъэлI псори зэкъуегъэувэ а махуэщIым. Нобэ дигу къыдогъэкIыж а щIэныгъэм и тхыдэм зи цIэфIыр къыхэна филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академик Балъкъэр Борис Хьэзешэ и къуэр (1917-1994). Адыгэ еджагъэшхуэм филологие щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуищIауэ щытащ. Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэр джыным и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм халъытэ Балъкъэр Борис. Бгъэдэлъа щIэныгъэ-къэхутэныгъэ зэфIэкIышхуэхэм, бзэм и зэхэлъыкIэр псэкIэ зыхэзыщIэу щыта абы хузэфIэкIащ кавказ лингвистикэм зригъэужьын, гулъытэ нэхъ зыхуэщIыпхъэ Iуэхугъуэхэри къыхигъэбелджылыкIын. Филологие IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэта нэужь, Борис Москва и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ. Хэку зауэшхуэм лIыгъэрэ хахуагъэрэ зэрихьэу хэта Балъкъэрым щIэныгъэм зритыжащ. Ди хэкуэгъу щIалэщIэм зэфIэкIышхуэ зэрыбгъэдэлъым гу лъитат еджагъэшхуэ, бзэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ профессор Яковлев Николай. Ар и щIэныгъэ унафэщIу, абы игъэхьэзыращ «Краткий очерк грамматических особенностей бесленеевского диалекта» и кандидат диссертацэр икIи ар ехъулIэныгъэкIэ Москва щыпхигъэкIащ. 1953 гъэм Балъкъэрыр республикэм къагъэкIуэжащ икIи абы щIэныгъэ IуэхухэмкIэ и министру ягъэуващ. Абы мыхьэнэ ин иритырт школхэм егъэджэныгъэр анэдэлъхубзэкIэ щегъэкIуэкIынми. Бзэр лъэпкъым и купщIэр, и гурылъ-гурыщIэхэр къызэрыпIуэтэф, ахэр къэзыгъэлъагъуэ Iэмэпсымэ нэхъыщхьэу къэзылъытэ щIэныгъэлIым иукъудият, нэгъуэщI мыхъуми, пэщIэдзэ школхэр анэдэлъхубзэкIэ еджэн хуейуэ. Министр къалэным къыпигъэтIылъ апхуэдэ, нэгъуэщI Iуэхугъуэ инхэр зэрызэфIигъэкIым хуэдэу, Борис иригъэкIуэкIырт щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэри. А унэтIыныгъэмкIэ иIэ ехъулIэныгъэ лъагэхэр къалъытэри, Балъкъэрыр 1957 гъэм ирагъэблэгъащ къызэрагъэпэщагъащIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым егъэджэныгъэ IуэхухэмкIэ и проректору. Илъэс 20-м щIигъукIэ къызыхуэтыншэу ирихьэкIащ абы дзыхь къыхуащIа а IэнатIэр, иригъэфIакIуэу, лъэпкъым, абы къыщIэхъуэ щIэблэм я деж щихь жэуаплыныгъэр гурэ псэкIэ зыхищIэу. КъинэмыщIауэ, Борис илъэс куэдкIэ и пашэу щытащ «Знание» республикэ зэгухьэныгъэм, и нэIэм щIэтащ къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэ зыбжанэм я ЩIэныгъэ советхэр къызэгъэпэщыныр, абыхэм я лэжьыгъэхэр зэтеублэныр. И гъащIэм щыщу лIэщIыгъуэ ныкъуэм щIигъу Балъкъэрым тыхь хуищIащ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэр джыным, абыхэм епха къэхутэныгъэ купщIафIэхэр егъэкIуэкIыным. Абы и нэIэм щIэту щIэныгъэм къыхыхьащ нобэ цIэрыIуа хъуа IэщIагъэлI куэд. Борис я унэтIакIуэу кандидат, доктор диссертацэхэр зыгъэхьэзыра щIэныгъэлIхэм я бжыгъэри куэд мэхъу. ЖыпIэнурамэ, абхъаз-адыгэ бзэ щIэныгъэм зы IэщIагъэлI хэткъым, Балъкъэр Борис сэбэп зыхуэмыхъуа. ЩIэныгъэлI щыпкъэр унафэщIт икIи чэнджэщэгъут, унэтIакIуэт икIи рецензентт, оппонетт икIи дэIэпыкъуэгъут. Абы и гъэсэнхэр ехъулIэныгъэ яIэу мы зэманым щолажьэ ди къэралым и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм, лъэпкъ щIэныгъэм, егъэджэныгъэм, щэнхабзэм хэлъхьэныгъэ инхэр хуащIу. Еджагъэшхуэ цIэрыIуэ куэдым ар къалъытэрт щIэныгъэлI щыпкъэу, ныбжьэгъу пэжу, къызыхэкIа лъэпкъым папщIэ куэд зэфIэзых адыгэлI нэсу. Абы и лэжьыгъэхэр тегъэщIапIэ ящIырт хамэ къэрал бзэ щIэныгъэлIхэми. Псори зэхэту къапщтэмэ, филологием епха щIэныгъэ лэжьыгъэ 220-м щIигъу и къалэмыпэм къыпыкIащ еджагъэшхуэм. И унэтIакIуэ кавказыдж цIэрыIуэ Яковлевым иубла лэжьыгъэхэм заригъэужьу, абыхэм пищэу, Борис къанэ щымыIэу зэпкърихащ икIи иджащ адыгэ лъэпкъхэм я бзэхэм я макъхэмрэ хьэрфхэмрэ. ЩIэныгъэлIым гулъытэ хэха хуищIащ бзэхэм хэт макъ дэкIуашэхэм я къэхъукIэхэм, къэпсэлъыкIэхэм, тхыкIэхэм. Абхъаз-адыгэ гупым хыхьэ бзэхэм я мызакъуэу, Балъкъэрым иджащ абыхэм къепхыжа щIыпIэ диалектхэм яхэлъ щхьэхуэныгъэхэри. Профессор Iэзэм гу лъимытэу къэнакъым бзэхэм яку къыдэхъуэ зэпыщIэныгъэм, ауэ щыхъукIэ абы зи гугъу ищIыр зы бзэ гупым хэтхэм я закъуэтэкъым, атIэ зэгъунэгъу щIыпIэхэм, щэнхабзэ-тхыдэ лъабжьэ зиIэ лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэхэри щапхъэу къихьырт. А Iуэху еплъыкIэр абы къыщигъэлъэгъуащ адыгэбзэмрэ осетиныбзэмрэ, адыгэбзэмрэ дагъыстэн лъэпкъхэм я бзэхэмрэ, н.къ. яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэм епхауэ и къалэмыпэм къыпыкIа къэхутэныгъэхэм. Зи дэтхэнэ къэхутэныгъэми щIэныгъэ нэсыр лъабжьэ хуэзыщIу щыта еджагъэшхуэр цIыхубэм я дзыхь кърагъэзу, мызэ-мытIэу хахащ КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм, Нальшык къалэ советым я депутату. Апхуэдэу ар хэтащ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым, Налшык къалэ комитетым я президиумхэм. Балъкъэр Борис Хьэзешэ и къуэр ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр лъэ быдэкIэ зыгъэува унафэщIхэм, абы щIыхьрэ пщIэрэ къыхуэзыхьа еджагъэшхуэхэм. Адыгэ щIэныгъэлI щыпкъэм бгъэдэлъа зэфIэкIышхуэм къеIэт къызыхэкIа лъэпкъым и пщIэр, и нэмысыр. Апхуэдэхэращ лъэпкъыр зэрыгушхуэр.
Поделиться:
Читать также:
17.08.2026 - 15:06 →
Щыуэпсымрэ цIыхумрэ
17.08.2026 - 13:00 →
Уадыгэу упсэуныр тыншкъым
16.08.2026 - 12:26 →
ПсэукIэ жыджэрым хуашэж
16.08.2026 - 11:18 →
Музейхэм ядоIэпыкъу
16.08.2026 - 09:30 →
ГъэщIэгъуэнщ икIи щхьэпэщ
| ||




