ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъа, зи анэдэльхубзэр нэгъэсауэ фIыуэ зыщIэу щыта Къэрмокъуэ Хьэмид тхыгъэ куэди зэридзэкIащ ди тхыдэм теухуауэ. Ахэм язщ Лондон къыщыдэкI «Таймс» газетым и корреспондент Лонгворт Джеймс 1837 гъэм Шэрджэсым къакIуэу адыгэхэм зы илъэсым щIигъукIэ яхэса нэужь, и гукъэкIыжхэр иту къыдигъэкIауэ щыта тхылъыр.
Абы къыхэтха пычыгъуэщ адэкIэ фызыщыдгъэгъуэзэнур.
Шэрджэс лIыкIуэхэр, урыс генералым деж кIуэн ипэ, ди хьэщIэщым къихьащ, тхылъым щIывгъунIа, жари. Тхьэмадэхэм ятхам щIыдгъужынIауэ къыттехуэртэкъым дэ.
ЛIыкIуэхэр ХьэфIыцIей (Геленджик) кIуащ - арат генерал плъыжъыр зыдэсыр. (Зэрыщхьэцыгъуэм щхьэкIэ арат шэрджэсхэр зэреджэр). Генералыр къащыгуфIыкIауэ жаIащ абыхэм, зытекIухьам щыгъуазэ ящIа нэужъ, ауан къищIащ армыхъу, уеблэмэ къащыдыхьэшхащ. «Фи инджылыз хьэщIэхэр, - къажриIащ Вельяминовым, - хьэгъапхъэщ, фагъэжакъуэ фIэкI, къыфхуащIэфын щыIэкъым, яхуэфащэри зыщ: е фукIын, е фи хэкум ифхужын. Шэрджэсхэм я гугъу пщIымэ, зы хэкIыпIэщ абыхэм яIэр - императорым и IэмыщIэ зралъхьэн». «Абы демыувалIэмэ, сыт къыдэфщIэнур?» - щIэупщIащ лIыкIуэхэр. «Узижагъуэнщ! - къажриIащ. - ФэтщIэнум фыщIэупщIэмэ, си тырку тэрмэшым и пщэ дэслъхьэнщи, фэтщIэнур езгъэтхынщ. Ар ныфIэрыхьэмэ, щыгъуазэ зыфщI. Тхылъым феджи, жэуап къысIэрывгъэхьэж - махуитI пIалъэщ фэстынур».
Вельяминовым шэрджэсхэм къахуитха тхылъыр мистер Беллрэ сэрэ тлъэгъуащ. Абы Европэр щыгъуазэ хъун и гугъагъэнкъым Вельяминовым - генералыр зэрыахьмакъри зэрыбзэджэнаджэри кърипщIэнущ абы шэрджэсхэм къахуитха тхылъым. Сэ згъэщIагъуэр аращ: апхуэдэ генералт бгырысхэр Урысейм и IэмыщIэ изылъхьэнур? Нэхъ губзыгъэIуэ игъуэтагъэнкъым императорым.
Генерал Вельяминовым шэрджэсхэм 1837 гъэм накъыгъэ мазэм къахуитхам щыгъуазэ фызощI:
«ТенджызитIым яку щытепщэр фэракъым. Тырку пащтыхьым и унафэм фобакъуэри, урысхэм я щIыналъэр фохъунщIэ. Мамырыгъэ фыхуеймэ, фхъунщIауэ хъуар къыдэфтыжынщи, фи деж нэкIуэсахэмрэ гъэр фщIахэмрэ ди IэмыщIэ къифлъхьэжынщ, Урысейм тхьэмадэ къыфхуищI фи пщхэм ящыщ зым и унафэм фыщIэувэнщ. Фи деж къакIуэ инджылызхэр къанэ щымыIэу щхьэхуещэщ, фыкъагъапцIэ, фагъэщхьэрыуэ; ахэр зэщэр фи хэкур зэрызыIэщIалъхьэнщ, Инджылызым и унафэм фыщIэувэ нэхърэ Урысейм и IэмыщIэ зифлъхьэмэ, фэркIэ нэхъыфIщ. Инджылызым, Франджым, нэгъуэщI европей къэралхэм запыфщIауэ фахуотхэ, ар щывгъэтрэ ди императорым и IэмыщIэ зифлъхьэмэ, итIанэщ зауэм кIэ щигъуэтынур. Сыт фызыщыгугъыр? Уафэр къеухмэ, ар мыжурэкIэ зэтриIыгъэфынущ Урысейм - фщIэркъэ фэ? Инджылызхэр IэпщIэлъапщIэ хъунщ, къару зыбгъэдэлъыр Урысейращ. Зауэ къращIылIэ щхьэкIэ, абы зыри къыпэлъэщакъым игъащIэм. Фи лIыкIуэр Истамбыл дихун хузэфIэкIащ Урысейм, а зым къыщхьэщыжыфакъым Инджылызыр, атIэ дауэ абы фи лъэпкъыр къызэрихъумэфынур? Сэфар-бей ди IэмыщIэ къралъхьащ. Инджылызым Iуэхум хэлIыфIыхьын мурад иIэмэ, абы къыщыщIидзэн хуейр Лондон дэс ди лIыкIуэм дежщ. Фи инджылызхэм я щхьэ Iуэхущ зэрахуэр. Урысейм нэхъ лъэщ дунейм къэрал теткъым. Мамыру фыпсэуну фыхуеймэ, зыгурывгъаIуэ: дунейм щытепщэр Тхьэмрэ ди императорымрэщ - Тхьэр - уафэм, ди императорыр - щIылъэм! Зауэ фыхуэмеймэ, тфIэвдыгъуауэ хъуар къыдэфтыжынщи, ди императорым и унафэм фыфIэкIынкъым. Гъэр фщIахэмрэ фи деж нэкIуэсахэмрэ къыдэфтыжа нэужь, тет ныфхуэдгъэкIуэнущи, абы къыфхуищI фи унафэщ. ДяпэкIэ, урысхэр фи деж ныщыкIуэкIэ, ахэр евгъэблэгъэн хуейщ, ерыскъи нэгъуэщIи щывгъэщIэнкъым. Урыс хьэщIэхэм фи тхьэмадэхэм яхуэфщI пщIэм хуэдэ къахуэфщIынщ… Дызыхуейм дыкIуэкIэ фыкъытпэрыуэ хъунукъым, дызыхуей щIыпIэм быдапIэ щыдухуэнуи хуит дыфщIынщ. ФыкъыдэмыдаIуэмэ, фи хэкур къыфтетхынурэ, фи унафэри тщIынущ. Абы къыхэкIкIэ, си псалъэм фыкъеувалIэ. Дэ вжетIэр фи фIэщ фщIын хуейщ фэ, итIанэщ гущIэгъу щыфхуэтщIынур, арыншамэ, фи псыхъуэхэм мафIэ лыгъэр къыщылыдынщ, фи къуршхэр зэтедгъэщэхэнущ! Ди IэмыщIэ зыкъифлъхьэмэщ фи щхьэр хъума щыхъунур. Армырмэ, фи мылъкур зыкъэмынэ, уеблэмэ фи Iэщэ-фащэри дэкIуэу къыфтетхынурэ, гъэр фытщIынущ.
«Вильяминов».
Абы и жэуапыр дэ дагъэтхын я гугъащ шэрджэсхэм, ди нэхъ ткIыбжь хъун къафIэщIырти. Сытми, зэчэнджэщыжа нэужь, жэуапыр хеящIэм ирагъэтхащ:
«Къытхуэптхар къыдгурыIуащ. Уэ урыс генералщ, дэ, Тхьэм и шыкуркIэ, дымуслъымэн къабзэщ. ПцIымрэ щхьэхуещагъэмрэ дыпэIэщIэщ дэ - аращ ди бегъымбарым дызыхуриджэр. ИлъэсипщI хъуауэ дызозауэ дэ, дуней псор щыгъуазэщ ди яку ныбжъэгъугъэ зэримылъым. Мыр нэттхын хуейуэ ди пщэ къыдилъхьащ инджылыз пащтыхьым. Уафэм и щIагъ щIэткъым Инджылызым нэхъ къэрал инрэ нэхъ лъэщрэ. СыткIи япэ итщ ар, пцIыи хэзагъэркъым. Уи жьэм дауэ къекIуа ар - Инджылызыр пцIыIуэпцIышэщ жыпIэныр? Дэ дощIэ Франджыр Мысырым щытеуам щыгъуэ Инджылызыр ди къуэш мамлюкхэм къазэрыдэщIар. Абы лъандэрэ ныбжъэгъу зэхуэхъуащ Инджылызымрэ Шэрджэсымрэ. Инджылызыр зэи къыдэпцIыжакъым дэ, ар игъащIэм къадощI муслъымэнхэм. Иджыпстуи ди Iуэху зытетым щыгъуазэщ ар, къыддэIэпыкъунуи хьэзырщ. ТенджызитIым яку дэс лъэпкъхэр псори дызэшщ, зауэ фэтщIылIэн муради диIэкъым. Фэри дызэрыфщыгугъыр аращ: ди щIым къифщIыхьа быдапIэхэр фкъутэжи, Псыжь фызэпрыкIыж. Абы иужькIэ дызэгурыIуэнщи, ди жагъуэ зэрыщIыжынкъым. Ар щIывжетIэр дыфщышынэу аракъым, зи жьауэ дыщIэува Инджылызым апхуэдэ чэнджэщ къыдехьэлIэри аращ. Дэ вжетIэм федэIуэн фи щхьэ тевмылъхьэмэ, фызэрегуакIуэщ, нэхъ ффIэзахуэр влэжь, ауэ афIэкIа зыри къытхуэвмытх, къытхуэфтхыми деджэнукъым. Инджылыз пащтыхьым и унафэм ипкъ иткIэ, ди хыIуфэр хуит яхуэтщIынущ сатуущIэхэм, аращ фи быдапIэхэр икIэщIыпIэкIэ фкъутэжын хуейуэ щIыфпэдубыдыр. Уи щхьэм куэд тыболъхьэж уэ, ди хэкур зэтепкъутэну щыжыпIэкIэ, ар зыхузэфIэкIынур Тхьэ закъуэрщ. Узыхуейуэ хъуар къыдэпщIэфыну жыбоIэ уэ, дэ дылъэпкъ цIыкIуми, Тхьэмрэ Инджылызымрэ къыддоIэпыкъури, иджыри къэс къыдэфщIэфаIакъым. Мыбы жэуап къептыжын мурад пщIымэ, жэуапыр зыхуэптхынур инджылыз пащтыхьырщ - абы и унафэм дызэрыщIэувар бжетIащ; жэуап къыдумытыжынумэ, афIэкIа къытхумытхIа, зауэри зэпывмыгъэу. Мыр ныщIэттхыр фи топхэмрэ фи гынхэмрэ дагъэщтауэ аракъым - ар уигу къыумыгъэкIыххэ…
Урысхэм я деж лIыкIуэ щэнейрэ ягъэкIуащ шэрджэс тхьэмадэхэм – лорд Понсонби къарихьэлIа чэнджэщым ипкъ иткIэ. ЛIыкIуэ щэнейрэ ягъэкIуа нэужь, тхьэмадэхэм къагурыIуащ генералым къепсэлъэн мурад зэримыIэр; зауэм зыхуагъэхьэзыращ итIанэ.