Лъэпкъым и набдзэ бзылъхугъэ

«Езыр зыс мафIэм цIыхубэр игъэхуабэм, ибжынущ къехъулIауэ и хъуэпсапIэр» и фIэщыгъэу зэхыхьэ дахэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Тэрч къалэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм.

Ар теухуат цIыху гуащIафIэ, уэрэдус, уэрэджыIакIуэ, тхакIуэ, усакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Урысей Артиадэм и лауреат, «ГъуазджэмкIэ сабий еджапIэм и егъэджакIуэ нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэм щытекIуа (Москва, 2015 гъэ), уэрэд 250-рэ зытха, нэгъуэщI цIэ лъапIэхэри зыхуагъэфэща лэжьакIуэ емызэшыж ЗэрамыщIэ Зэретэ.

Заретэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ: 1994 гъэм - «Сыныппоплъэ», 2002 гъэм - «Тэрч пшыналъэ», 2003 гъэм - «Мелодии родного края», 2008 гъэм - «Адыгэ лъэпкъ уэрэдхэмрэ дзапэ уэрэдхэмрэ», 2009 гъэм - «Насыпыр аращ» тхылъхэр.

КъинэмыщIауэ, «Лъахэ уэрэдхэр» зыфIища, томитху хъу тхылъри иджыблагъэ дунейм къытехьащ. Апхуэдиз зы цIыхум зэрыхузэфIэкIыр умыгъэщIагъуэу къанэркъым. Аращ Заретэ щэнхабзэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа цIыху гуащIафIэу къыщIалъытэри.

ЗэрамыщIэ Заретэ Залымхъан и пхъур Тэрч къалэм къыщалъхуащ. Налшык дэт музыкэ училищэр къиуха нэужь, езыр абы ипэкIэ здыщIэса, Тэрч къалэм дэт музыкэ еджапIэм къигъэзэжауэ, сабийхэр абдежым адыгэ пшынэмрэ аккордионымрэ щыхуегъасэ. ЕгъэджакIуэ лэжьыгъэм зэрыпэрытым къыдэкIуэу, ар «Терчанкэ» ансамблым уэрэд щыжиIэну ирагъэблагъэ. Адыгэ уэрэдхэр зыгъэзащIэ ансамблым щхьэкIэ Заретэ уэрэд зыбжанэ етх. Ахэр ягу ирохьри, Пщыншэ Хьэлим зи унафэщI «Терчанкэ» ансамблым цIыхубэм яхехьэ.

Заретэ итха уэрэдхэм щыщ союзпсо радиом и «Юность» нэтыным ирегъэхь, адыгэбзэкIэ езым жиIэу. ЗэрамыщIэм и уэрэдхэр япэ дыдэ къэзыгъэIуар а радиорщ. А гъэ дыдэм «Терчанкэ» ансамблым игъэзащIэ уэрэдхэм щыщ ЩIэныгъэ-методическэ IуэхущIапIэмрэ КъБР-м и къэрал телерадиомрэ я художественнэ советхэм Заретэ ярет. «Щхьэ унэщхъей», «ФIыщэурэ слъэгъуа» уэрэдитIыр къыхахри, радиом и фондым халъхьэ, уэрэджыIакIуэхэм жаIэ хъуну гъуэгу ират.

Заретэ и уэрэдхэр теухуащ Хэкум, лъахэм, цIыхубэр зыхэт гурыгъу-гурыщIэ пыухыкIахэм, лъагъуныгъэм. Арагъэнщ ди уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм яфIэфIу ЗэрамыщIэм и уэрэдхэр щIагъэзащIэр. Ахэр жаIэ КIасэ Майе, Кърым Иринэ, ШэджыхьэщIэ Аслъэнбий, Сокъур Ольгэ, Даур Иринэ, ПащIэ Ленэ, Нэхей Тамарэ, Къашыргъэ Мухьэмэд, Нэхущ Чэрим сымэ я репертуархэм нобэми хэтщ. Заретэ и уэрэдхэм я гуапэу адыгэхэр щодаIуэ Къэбэрдейми, Адыгейми, Шэрджэсми, ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу хамэ къэралхэми.

 Пшыхьым кърихьэлIат Тэрч щIыналъэ администрацэм и унафэщIым и къалэныр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Сенэ Маринэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и щIэныгъэлI секретарь нэхъыщхьэ Щхьэгъэпсо Сэфэрбий, КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, граждэн жылагъуэм зегъэужьынымкIэ, хъыбарегъащIэ политикэмкIэ и комитетым и унафэщI Текуев Амур, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я профсоюзым и рескомым и унафэщI, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Дау Марианнэ, журналист, тхакIуэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, композитор, усакIуэ, егъэджакIуэ, Урысей Федерацэмрэ Адыгэ Республикэмрэ гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист ХьэIупэ ДжэбрэIил, тхакIуэ, усакIуэ Ацкъан Руслан, продюсер, культуролог Марыщ Розетэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, журналист Iэзэ, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Джэрыджэ Арсен,

Къэбэрдей-Балъкъэрым егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор, «Нур» сабий журналым и редактор нэхъыщхьэ Аброкъуэ Беллэ, ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ «Адыгэбзэ» Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Табыщ Мурат, усакIуэ, зэдзэкIакIуэ, урысейм и тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Зэгъэщтокъуэ Людэ.

ЗэрамыщIэ Заретэ иригъэджахэм цIыху хьэлэмэт куэд къахэкIащ. Абыхэм ящыщщ Налшык къалэм дэт МузыкэмкIэ колледжым и унафэщI, «Урысейм и егъэджакIуэ нэхъыфI» цIэ лъапIэр Москва дэт Театр Иным 2013 гъэм къызыщыхуагъэфэща, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым лъэпкъ IэмэпсымэхэмкIэ и егъэджакIуэ, профессор Шэрыб Валерэ. И цIэ къиIуапхъэщ Щэмырзей Роберти. Ар «Нарт хасэ» ансамблым и пшынауэщ. Дауи, Заретэ и фIыгъэкIэ щэнхабзэм и лэжьакIуэ хъуа куэдым я цIэ къипIуэфынущ, икIи ар Заретэ фIыщIэ щIыхуэтщIыпхъэм я нэхъыщхьэу жыпIэ хъунущ.

Къумахуэ Мухьэдин псалъэ гуапэкIэ зыхуигъэзащ пшыхьыр зытеухуа ЗэрамыщIэ Заретэ.

- АпхуэдизкIэ ди щIыналъэм зэхыхьэ куэд нобэ щокIуэкIри, сызыхэтын хуейхэр езгъэкIуэтэкIри, лъэпкъым ди набдзэ, цIыху гуащIафIэ, фIыуэ щыIэр зыхуэфащэ Заретэ дахэ и пшыхьым зыкърезмыгъэхьэлIэу схуэшэчакъым. Сынохъуэхъу, Заретэ, узыхуейм уи Iэр техуэу, уи нэр здэплъэм уи лъэр щыуву, гуфIэгъуэм ущымыщIэу упсэуну! ФIым, дахэм телажьэ Зэретэ и пшыхьыр дэдгъэлъэпIэнщ жызыIэу мыбдеж зыкърезыгъэхьэлIа дэтхэнэ зыми фIыщIэ фхузощI. Адыгэ лъэпкъым и щIыхьыр зыIэтхэм Заретэ ящыщщи, пщIэшхуэ хузощI, псалъэу хужысIэри сфIэмащIэщ. Иджыри тхыгъэ куэд зи Iэдакъэ къыщIэкIын Тхьэм уищI, гугъапIэу уиIэр къохъулIэну си гуапэщ, - жиIащ Къумахуэм.

ЗэрамыщIэм ехъуэхъуащ Дау Марианнэ, Сенэ Маринэ, Щхьэгъэпсо Сэфэрбий, Езауэ Анзор, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, ХьэIупэ ДжэбрэIил, Ацкъэн Руслан, Даур Иринэ, Мэрыщ Розетэ, Текуев Амур, Джэрыджэ Арсен сымэ.

Концертыр къызэIуихащ «Терчанкэ» цIыхубэ къэфакIуэ ансамблым, я гъэсакIуэр ГуэныкIэ Лиуанщ. АдэкIэ къыпащащ ди щIыналъэм ис уэрэджыIакIуэ пажэхэм ящыщхэу Зеущэ Iэуес, Текуев Амур, Третьяк Татьянэ, Бэчхэ Азамэтрэ Ренатэрэ, Тэрч къалэм дэт музыкэ еджапIэм щIэс цIыкIухэм ящыщу хорым хэт сабийхэм, абыхэм я гъэсакIуэр Къуэн Iэсиятрэ Такъ Ирэрэщ. Си гуапэу къыхэзгъэщынут: хорым ягъэзэщIа уэрэдым и псалъэхэр зытхар ди лэжьэгъу, сабий усакIуэ Хьэщыкъуей Олегщ. Заретэ иригъэджахэм ящыщу ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтымрэ музыкэмкIэ колледжымрэ щIэсхэу Абэзокъуэ Азнаур, Бэлъкъэр Идар, Щомахуэ Ислъам сымэ, ныбжьыщIэхэу Ирыгу Миланэрэ Бэч Мухьэмэдрэ.

 Пшыхьыр нэгузыужьу, гъэщIэгъуэну ирагъэкIуэкIащ артистхэу ТIымыжь Владимиррэ К1эхумахуэ ФатIимэрэ.

Лъэпкъым и набдзэу, цIыхухэм я щапхъэу, дуней гъэдахэу псэуф, лэжьэф Заретэ дохъуэхъу и IэщIагъэкIэ, и унагъуэкIэ иIэ хъуэпсапIэхэр къехъулIэну.

Тхыгъэри сурэтри КЪАНКЪУЛ Раисэ ейщ.
Поделиться: