НОБЭ

Накъыгъэм и 18, блыщхьэ

♦Музейхэм я дунейпсо махуэщ

♦1932 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, УФ-ми КъБР-ми щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ ХъуэкIуэн Хьэзрэталий.

♦1940 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБКъМУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик, КъБР-м щIыхь зиIэ и агроном ХьэщIэлI Руслан.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 18 - 19, жэщым градус 13 - 14 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 4-кIэ зихъуэжынущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Уэшхым щIым псэ къыхелъхьэж.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

10.06.2026 - 10:42 НОБЭ
09.06.2026 - 07:23 НОБЭ
08.06.2026 - 12:17 НОБЭ
05.06.2026 - 12:20 НОБЭ
04.06.2026 - 10:01 НОБЭ