КъБР-м щыIэ МВД-м къетПцIыр къыщIокIуэж Урысей МВД-м и Прохладнэ къудамэм и плъыр IэнатIэм зыхуагъэзащ гъэпцIакIуэхэм я лей зытехьа, щIыпIэм щыпсэу цIыхубзитIым. Абыхэм зэрыжаIамкIэ, я автомашинэхэм ехьэлIа тхылъхэр яхуигъэхьэзырыну я къуажэгъум къыщигъэгугъэм, ахэр арэзы хъуащ икIи цIыхухъум иратащ зым сом мин 80, адрейм сом мини 161-рэ. АрщхьэкIэ, абы ахэр къигъэпцIэжащ. Iэщэрэ наркотикхэмрэ Налшык и полицэм къыщIигъэщащ щIыпIэм щыпсэум хабзэм къемызэгъыу Iэщэрэ наркотикхэмрэ зэрихъумэр. Урысей МВД-м и Налшык управленэм и ОП№2-м уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ и лэжьакIуэхэм, абыкIэ хуитыныгъэ яIэу, Iэдииху дэт псэупIэ унэхэм ящыщ зыр щыщIапщытыкIым, къагъуэтри къытрахащ цIыхухъум унэм щихъумэ Iэщэр. ПсэупIэр зей, илъэс 47-рэ зи ныбжь щIалэм ар хабзэншагъэкIэ зыIэригъэхьат.
Поделиться:
Читать также:
10.06.2026 - 13:38 →
Псы къабзэр нэхъапэщ
10.06.2026 - 12:30 →
Лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэ зиIэ
10.06.2026 - 11:02 →
ЩIыфэ узыфэхэм зэрызащыпхъумэнур
09.06.2026 - 18:19 →
Километр 43-м щIигъу
09.06.2026 - 16:25 →
ЩIыпIэ дахэхэр
| ||




