Алътуд и къежьапIэрIуэрыIуатэм къызэрыхэщыжымкIэ, пасэрей зэманым Къэбэрдей щIыналъэм кърым хъаныр къебгъэрыкIуэу, тепщэныгъэр иубыду щытащ. Тамбий пщыр Бахъсэн псыхъуэм етIысылIэу, къуажэ къыщыхъум щIыр зей кърым хъаныр къеныкъуэкъун щIидзащ. Тамбий пщыр лIы Iущт, лIыгъэ хэлът, пщыгъуэр иIыгъти, зауэ-банэ къыхэмыкIыу щIыр хуит къыхуищIыну кърым хъаным зыхуигъэзащ. Кърым хъаным и жэуапыр пыухыкIат: щIым и уасэу и щхьэгъусэ тхьэIухуд Алътуд иритыну къыхуигъэуващ. Алътуд гуащэм нэгъуэщI хэкIыпIэ зэрыщымыIэр къыгурыIуэри, и щхьэгъусэм жриIащ кърым хъаныр къызэрыпэщIэувам арэзы техъуэну. И жылэр ихъумэн, щIыр къыхуэнэн щхьэкIэ Тамбий пщым и щхьэгъусэр хъаным иритащ. АрщхьэкIэ гъуэгум тету гуащэм зиукIыжащ. А гущIыхьэр къыщыхъуа щIыпIэм деж Алътуд и Iуащхьэ щаухуащ. Илъэс бжыгъэ зыкъом дэкIыжауэ Алътуд Iуащхьэм пэмыжыжьэу Тамбийхэ, Шэрокъуэхэ, Джатэжьхэ, Мэзлохэ, Тэркъанхэ, Яхъущокъуэхэ я лъэпкъхэр хьэблэ щхьэхуэу щыпсэуащ. ИужькIэ зэхуэс ящIри, ахэр зы жылэу зэгухьащ, 1865 гъэм къуажэм Тамбий ЕтIуанэ цIэр фIащауэ щытащ. Зэман екIуэкIыурэ, щIыпIэм и фIэщыгъэр жылэм иратыжащ. Абы щегъэжьауэ Алътуд цIэр зэрехьэ. Нобэрей зэманым декIуу къуажэр мэпсэу, дяпэкIи къэкIуэну дахэ иIэну ди жылэм сыхуохъуахъуэ. Быф Ратмир.
Поделиться:
Читать также:
04.06.2026 - 11:18 →
КърикIуар нэрылъагъу мэхъу
01.06.2026 - 13:05 →
Уи гум мамырыгъэ щыухуэ
28.05.2026 - 13:00 →
ГъэщIэгъуэн ядыболъагъу
26.05.2026 - 14:57 →
НыбжьыщIэхэри экономикэм къыхохьэ
26.05.2026 - 12:26 →
Псори зэкъуэзыгъэувэр зы мурадт
| ||




