ГъащIэм и тхылъМы дунейм лъэпкъ куэд щопсэу. Дэтхэнэ зы лъэпкъми езым и IуэрыIуатэ фIыгъуэ иIэщ. IуэрыIуатэр ижь-ижьыж зэманым цIыхубэм, лъэпкъым къагупсыса Iуэхугъуэщ. Къалэн зэмылIэужьыгъуэхэр игъэзащIэу, зэмыфэгъу Iэджэу зэхэлъу лIэщIыгъуэ куэдкIэ къэгъуэгурыкIуащ ар. Абы и ныбжьыр лъэпкъым и ныбжьырагъэнущ. IуэрыIуатэ псалъэр езыр къызэрыригъажьэ «Iуэ» Iыхьэм лексикэ-семантикэ и лъэныкъуэкIэ къикIыр «жыIэ» мыхьэнэр аращ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, IуэрыIуатэм къикIыр жыIэрыIуатэщ. Лъэпкъым, цIыхум зыхуэмей зэи къигупсысыркъым, зэдэууэ абыхэм псоми я IуэрыIуатэ щызэхалъхьэкIэ ар зыгуэрым епхащ, Iэмалыншагъэм къыхэкIащ. Къалэн зэхуэмыдэхэр игъэзащIэу лIэщыгъуэ куэдкIэ ар къызэрыгъуэгурыкIуам и щыхьэтщ. Адыгэхэм я дежкIэ IуэрыIуатэм и мыхьэнэр ин дыдэщ. Абы ехъумэ хабзэри, нэмысри, лIыгъэри. Адыгэ IуэрыIуатэм къызэщIеубыдэ нарт хьыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ, псысэхэр, таурыхъхэр, псалъэжьхэр, къуажэхьхэр, уэрэдыжьхэр, гъыбзэхэр, псынщIэрыпсалъэхэр, нэщэнэхэр, нэгъуэщIхэри. Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыным лэжьыгъэшхуэ пыщIащ, жэуаплыныгъэ пылъщ. Пэжщ, ди лъэхъэнэм IуэрыIуатэм и пщIэр нэхъ къэлъэхъшащ. Ар епхащ тхылъ, радио, кино, телевиденэ, Интернет хуэдэхэр къызэрежьам. ГъащIэм и тхылъу щытар IуэрыIуатэрщ. Абы и фIыщIэкIэ сабийхэм зэхалъхьэрт хьэл-щэныфIхэр. И чэзум жыпIа псалъэжьым жыIэмыдаIуэр игъэгупсысэнт, щхьэхынэр игъэукIытэнт, зэфIэнахэр зэригъэкIужынт.
Поделиться:
Читать также:
09.06.2026 - 14:18 →
«Сэ хамэщIкъым сыкъызыхуалъхуар»
08.06.2026 - 16:37 →
Сабийхэр дихьэхын хуэдэу
05.06.2026 - 14:18 →
Псэ къабзагъэ къызыхэщ усэхэр
05.06.2026 - 12:15 →
Сабийм и бампIэ
02.06.2026 - 18:19 →
ВыщIэ мыгъасэм гуэбэн иумыгъэщI
| ||




