Бгъэжьхэм я тIысыпIэщКъухьэпIэ Кавказым и нэхъ псы нэхъ инхэм хабжэ Щхьэгуащэрэ Лабэ ЦIыкIурэ я псы къуэпсхэр зэхэзыгуэшыкI джабащхьэ екIуэкIым и аранэ нэхъ папцIапIэм метр 2486-рэ зи лъагагъэу къыхэщхьэхукI Ажэжьбэкъу бгыжь дыкъуакъуэмрэ абы и Iэхэлъахэмрэ туристхэм кIуапIэ зэрахуэхъурэ куэд щIащ. Iуащхьэр я зэхуаку дэтщ Адыгэ Республикэм щежэх Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэхэмкIэ дэс Гъуазэрыплъ (Гузериплъ) къуажэмрэ Лабэ ЦIыкIу и ныджащхьэхэмкIэ урысхэр щитIысыкIа Никитинэ жылэмрэ. Къущхьэхъум щыщIедзэ Ажэжьбэкъу бгыжь дыкъуакъуэм, зэрыщыту къатщтэмэ, километри 5 хуэдиз и бгъуагъщ. И лъэныкъуэ зырызыр задэщи, къэзыухъуреихь я Iэгъуэблагъэм метр 300-м нэблагъэкIэ щхьэщыIэтыкIащ. ДыхьэпIэ-дэкIыпIэу къалъытэ я зэхуакур метр 500-кIэ хэшащ. Къущхьэхъу хъупIэхэм мыбдежым зэрыщыщIадзэм и нэщэнэщ IуащхьэжьитIым я джабэщIри я Iэхэлъахэри удз Iув куэдыкIейм зэриуфэбгъуар. Ажэжьбэкъу къурш дыкъуакъуэм къухьэпIэмкIэ щыIэ и бгыщхьэр Кавказ биосферэ мэзкъуэдым и гъунапкъэщ. ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа, Щхьэгуащэрэ Лабэ ЦIыкIурэ зэхэзыгуэшыкI джабащхьэ екIуэкIым Бабыгу (Бабук) цIэр зэрехьэр. Шытхыщхьэр ТхьэщIы (Тхач) бгым и ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ щыIэщ. ЩхьэдэхыпIэ папщIэу къагъэсэбэп Ажэжьбэкъу бгыжь дыкъуакъуэм и зэхуакум туристхэр нэхъ хуэзышэр Бабыгу шытхым ижькIэрэ щыпхаша лъагъуэрщ. Къызэрыхэдгъэщащи, мы IуащхьэжьитIыр щIыпIаплъэхэм къызэрагъэунэхури нэгузыужьыпIэ гъуэзэджэ зэрахуэхъури куэд щIащ. Бабыгу шытхми къуапитI иIэщ. КъуэкIыпIэмкIэ щыIэ и щыгум, «Бабыгу ЦIыкIу» («Малый Бабук») цIэр зезыхьэм, метр I55I-рэ, къухьэпIэмкIэ зызыIэта и нэпкъхэм метр 2000-м нэблагъэ я лъагагъщ. Ажэжьбэкъу бгыжь екIуэкIыр дыкъуакъуэ абрагъуэу къыпщызыгъэхъу IуащхьэжьитIыр ящхьэщытщ зи дахагъэкIэ хуэдэ щымыIэ удзылъэ гъуэфылъэу джабэщI лъащIэхэм хуезыгъэзыххэм. ЛъагапIэхэр зэрызэхуэгъэза ябгъухэр ирагъэщхь шыуаныжьым телъыджащэу гуаупсыкIа и джабитIым. Я щхьэщыгу уихьакъэ, нэм къыIуидзэр псэр зыгъэхьэшкIурашкIуэу щIыфэр зыгъэтхытхщ. Мыбдежым ущыхуэзэнукъым Iэхэлъахэм щIыпIаплъэу къихьэхэр езыгъэблагъэфын хьэщIэщ гуэри, лъагапIэм нэзышэсыфын гъуэгу хэукъуэдиикIаи. АтIэми, Ажэжьбэкъу и къырыжьхэр я тIысыпIэщ къашыргъэ бгъэжьхэу Тхылъ Плъыжьым иратхахэм. БлэкIам дриплъэжмэ Тхыдэм мыжыжьэм къызэрыхэщыжымкIэ, урыс пащтыхь къэралыгъуэжьым Кавказыр зыIэщIигъэхьэн мурадкIэ, а лъахэм ис лъэпкъхэр зауэ мыухыжым хидзэгъат. Абы къыхэкIыуи, XVIII - XIX лIэщIыгъуэхэм я зэпылъыпIэм Къэбэрдейр хьэлэбэлыкъышхуэ хэхуат. ИкIи, зэрыпхъуакIуэхэм я унафэ щIэувэну хуэмея пщыхэмрэ уэркъхэмрэ, езыхэм я цIыхухэр я гъусэу, Псыжь и адрыщIымкIэ Iэпхъуат. А щIыкIэм тету, Бабыгу (Бабыгуей) лIакъуэцIэр зезыхьэ пщым и къуажэ зыбжани Лабэрэ Щхьэгуащэрэ я зэхуаку дэлъ щIыналъэм къыщыхутат. ЩIыпIэцIэхэр зыджхэм я нэхъыбэм къызэралъытэмкIи, шытхым и иджырей фIэщыгъэр а унэцIэм къытехъукIащ (Виноградов Владимир, «Топонимия средней Кубани»; Ковешников Вячеслав, «Очерки по топонимике Кубани»).
Поделиться:
Читать также:
29.05.2026 - 15:12 →
Зы илъэс къызэднэкIащ
24.05.2026 - 12:43 →
ТхакIуэ, егъэджакIуэ, журналист
22.05.2026 - 11:34 →
Американ щIэныгъэлIым и еплъыкIэр
21.05.2026 - 12:26 →
Тхыдэм лъэужь къегъанэ
19.05.2026 - 12:26 →
Шэрджэс Хэкум
| ||




