Анэшхуэ

ИжькIэрэ лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэжьыр, цIыху лъапIэныгъэхэр, пщIэ-нэмысыр зыхъумэ, ӏущыгъэр щӏэблэм ялъэзыгъэӏэс цӏыхухэм ящыщт си анэшхуэ КхъуэIуфэ (Къунаш) ФатIимэт.

Ар 1943 гъэм, зауэм и гуащIэгъуэ дыдэм, Дыгулыбгъуей  (Къызбрун Ещанэ) къуажэм къыщалъхуащ.  Езыр дунейм къытехьэным куэд имыIэжу и адэр зауэм дашащ. Зауэр и кIэм щынэблагъэм, Къунаш Аслъэмурзэ, си анэшхуэм и адэр, хэкIуэдащ, и сабий нэхъыщIэр илъагъунуи хунэсакъым.   Нанэ зэрыжиIэжымкIэ, ар  зауэлI хахуэу щытащ, зэрихьа лIыгъэм къыпэкIуэу кърата орденхэмрэ медалхэмрэ  къыхуагъэфэщат.

 Си анэшхуэм, езым нэхърэ зэрынэхъыжьышхуэ щымыIэхэу, дэлъхуиплI иIэт.  Абы куэдрэ жиIэжырт щхьэгъусэншэу бынитху ипIын хуейуэ къызыхуэна и анэр егъэлеяуэ гугъу зэрехьар. Зауэ нэужь зэман хьэлъэми гугъуехь псори ягъэващ унагъуэм: ягъэунэхуащ мэжэщIалIагъэри щыгъыныджагъэри.   Бынхэр къыдэкIуэтейуэрэ анэм дэIэпыкъуэгъу хуэхъун щIадзащ, хуэмури унагъуэм нэхъ зыкъиужьыжащ.

 Си анэшхуэр пасэ дыдэу унагъуэ ихьащ. Си адэшхуэмрэ абырэ илъэс 43-кIэ зэдэпсэуащ, зэгурыIуэ, лъагъуныгъэ, гуапагъэ, хабзэ, нэмыс я кум дэлъу. Абыхэм щIалитIрэ хъыджэбзитIрэ зэдагъуэтащ.  Си адэр абыхэм я бын нэхъыжьщ.  2003 гъэм си адэшхуэр, 2024 гъэм си анэшхуэр  дунейм ехыжахэщ. Нанэ илъэгъуащ къуэрылъху-пхъурылъхуу 13, абыхэм я щIэблэу 26-рэ.

Си анэшхуэм хъыбар гъэщIэгъуэн куэд къытхуиIуэтэжырт, ахэр псори гъащIэм и дерсхэмкIэ гъэнщIат. И сабиигъуэм, щIалэгъуэм, зауэ нэужь зэман хьэлъэм зэрыхэпсэукIам куэдрэ къытхутепсэлъыхьыжырт. Апхуэдэуи хабзэ тхэлъу, ди нэмысыр тIыгъыжу дызэрыпсэуным сытым дежи дыхуиущийрт. Лъагъуныгъэм, зэныбжьэгъугъэм, гъащӏэм теухуауэ абы и чэнджэщ ӏущхэр сытым дежи сигу илъщ. Абы сигъасэрт гущIэгъу схэлъу, гуапэу сыщытыну,  цIыхухэр фӏыуэ слъагъуну, гъащIэм и дэтхэнэ дакъикъэмкIи фӏыщӏэ сщӏыуэ сыпсэуну.

 Нанэ дунейм щехыжам, гуауэр абрэмывэу си гум къытехуат.  Ар IэтIыгъуафIэ къысщызыщIар анэшхуэр къызэрысхуэупса лъагъуныгъэшхуэрщ, абы и IэфIагъыу, и гуапагъыу си псэ лъащIэм щысхъумэрщ. Щопсэу нанэ си гум, си гукъэкIыжхэм дахэу хэтщ. И щIэблэ дунейм тетыху анэшхуэм и цIэр Iунущ,  абы и хъыбар куэд си бынхэми яхуэсIуэтэнущ.

 КIуэкIуэ Алинэ.

Поделиться: