КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ТекIуэныгъэм и махуэм и щIыхькIэ цIыхухэм зэрехъуэхъур
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Ветеран лъапIэхэ!
Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу ТекIуэныгъэм и МахуэмкIэ!
Илъэс 81-рэ дэкIащ Хэку зауэшхуэр зэриухрэ. Ауэ ТекIуэныгъэм и Махуэм и псэкупсэ-щэнгъасэ лъапIагъым хэхъуэ зэпытщ, ар, шэч хэмылъу, лIэщIыгъуэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхущ икIи дэ абы дызэрыхущытым дяпэкIи зихъуэжынукъым.
А махуэм папщIэ ди адэхэм, адэшхуэхэмрэ абыхэм я адэжхэмрэ лIыхъужьу, зыщымысхьыжу зэуащ, къэралым и щIыналъэр дэнэ лъэныкъуэкIи щахъумэу. ЗэпэщIэтыныгъэ гуащIэхэм хэтащ я псэр пытыху, Берлин нэсащ, бий бзаджэр зэтракъутэри, дуней псом мамырыгъэр къыхуахьащ.
Дэ сыт щыгъуи дигу илъынущ нэмыцэ-фашистыдзэм и удын нэхъ гуащIэ дыдэхэр, зэхэкъутэныгъэшхуэхэр къэзыхьахэр, Совет Союзым къызэрытехуар, апхуэдэу щытми, Гитлеррэ и IупэфIэгъухэмрэ псоми епэгэкIыу ирагъэжьа лъыгъажэшхуэмкIэ яIа мурадхэр къызэтракъутащ.
Дэ ди къалэнщ ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и тхыдэм и пэжыпIэр зэредмыгъэхъуэкIыныр, тхыдэр нэмыукIытагъэ хэлъу къизытхыкIыжыну хуейхэм зыкIи яхудэдмычыхыныр, нацизмэм и телъхьэу къэувхэмрэ текIуэныгъэр къэзыхьахэм пцIы ятезылъхьэну хущIэкъухэмрэ тегушхуауэ дапэщIэтыныр.
Хэку зауэшхуэр дэтхэнэ зы унагъуэми, лъэпкъми ялъэIэсащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэрэ ипхъуу зауэм дэкIахэм я Iыхьэ щанитIым щIигъур лIыхъужьу хэкIуэдащ абы. Республикэм ТекIуэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ щыхуищIар фронтым и закъуэкъым, атIэ абы и щIыбми лэжьыгъэшхуэ щызэфIигъэкIащ, Дзэ Плъыжьым и зауэлIхэр IэщэкIэ, техникэрэ ерыскъыпхъэкIэ къызэригъэпэщу, санаторэхэм къыщызэIуаха госпиталхэм уIэгъэ хъуа зауэлIхэм я узыншагъэр щызэфIагъэувэжу.
Хэку зауэшхуэм лIыхъужьу хэтахэм пщIэ къызэрымыкIуэ яхудощI. ТекIуэныгъэм зи псэр щIэзыта дэтхэнэми ди щхьэр яхудогъэщхъ. Дунейм ехыжа ветеранхэмрэ щIыпIэхэм щылэжьахэмрэ я фэеплъыр догъэлъапIэ.
ЛIэщIыгъуэкIэрэ лIакъуэхэм зэIэпах хабзэ дахэхэр хъума щохъу ди деж! Хэкум къулыкъу хуэщIэным, абы и щхьэхуитыныгъэмрэ зыми и унафэ щIэмытынымрэ япыщIа къалэнхэр гъэзэщIэным ноби пащэ дзэ Iуэху щыIэхэм. ЛIыхъужьыгъэ къагъэлъагъуэу, къэмылэнджэжу, къызэфIэмыщIэу абыхэм яхэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ пэжхэр. Дэ дрогушхуэ абыхэм икIи ди щхьэхэр яхудогъэщхъ захуагъэм къыщхьэщыжу къэралым папщIэ зи псэр зыта ди зауэлIхэм.
Ди зэкъуэтыныгъэр ди тегъэщIапIэу, зауэ IэнатIэм, лэжьыгъэм пыщIа хабзэхэр тхъумэкIэрэ, дэ хуэфэщэн жэуап идот къытпагъэув лъэпощхьэпохэм, ди Президентым Урысейм и зыузэщIыныгъэм, абы и лъэщагъым хэгъэхъуэным хуэгъэзауэ къигъэува къалэнхэр догъэзащIэ.
МахуэшхуэмкIэ сынывохъуэхъу! Узыншагъэ быдэ, фIыгъуэ, зэIузэпэщыгъэ фиIэну.
ТекIуэныгъэм и МахуэмкIэ!