1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэр зыжьыхэмыуа унагъуэ куэд щыIэу къыщIэкIынкъым. Къэралыр псэзэпылъхьэпIэ щихуа лъэхъэнэм я щIыналъэр яхъумэжыну дэкIащ ди къуажэдэс цIыхухъухэм я нэхъыбапIэри.
Жьыри щIэри щыгъуазэщ а зауэм ди цIыхухэр щхьэмыгъэзэу зэрыхэтами, и нэхъыбэм я щхьэр зэрыхалъхьами. Зи насып кърихьэкIыу къэзыгъэзэжахэм ящыщ зыщ ди тхыгъэр зытеухуар. Ар Зеикъуэ къуажэм щыпсэуа Жылау Хьэжкъасымщ. А щIалэр Совет армэм ираджауэ щытащ 1940 гъэм. Хэку зауэшхуэм ипэкIэ 104-нэ фочауэ дивизэм хагъэхьэри фин зауэм хэтащ. Ауэ адыгэ щIалэр нэхъыбэу лIыгъэ зэхэгъэкIыпIэ щихуар Хэку зауэшхуэм и зэманырщ. Ар яхэтащ Сталинград бийм щызыхъумахэм. А къалэр фашистхэм ирамыгъэубыдын папщIэ я псэр ятащ Хьэжкъасым щызэуа частым хэта сэлэтхэм я нэхъыбапIэм. Езы щIалэм биишэ къытехуэри, фэбжь хьэлъэ игъуэтауэ зауэ губгъуэм кърахыжауэ щытащ. КъызэфIагъэувэжа нэужь, Iэщэ IэщIэлъу зэрыпхъуакIуэхэм япIэщIэтыжыфынутэкъыми, дзэм къыхагъэкIыжри къаутIыпщыжащ и адэжь щIыналъэм.
И жылэм къыдыхьэжри, и узыншагъэр тIэкIу нэхъ зэтес хъужауэ къыщыфIэщIым, макIуэ военкоматым, «мыращ, си Iэ-си лъэ къэткъым, къуажэ цIыхухъухэр зауэм Iуту сэ мыбдеж сыдэсыну къезгъэкIуркъым, згъэзэжынут армэм», жеIэри. АрщхьэкIэ, зыбгъэдыхьа щIалэм къыхуидакъым: «Уэ фIырыфIкIэ укъаутIыпщыжакъым, уи узыншагъэм къихьыну щытамэ, дзэм укъыхагъэкIыжынутэкъым. Хуит утщIыпэнуми, фронтым узэредгъэшэн машинэ диIэкъым».
Хьэжкъасым фIэфIтэкъым зауэм зэрыщыIам тепсэлъыхьыжын. Ауэ дунейпсо тхыдэм къыхэна Сталинград зауэм и курыкупсэм зэрыхэта къудейм, абы уIэгъэ хьэлъэ зэрыщыхъуам къегъэлъагъуэ ар щхьэмыгъазэу фашистхэм зэрапэщIэтар.
Жылаум лIыгъэ зэрыхэлъар, зэрыгущIэгъулыр наIуэ хъуащ фронтым къикIыжа нэужьи:
- Ди адэм бынибгъу дриIащ, - игу къегъэкIыж абы ипхъу Ларисэ (Лалусэ), - сыщыцIыкIум щыгъуэ зэхэсхыу щытащ Хьэрэкхъуэрэ бгымрэ абы пэгъунэгъу мэзымрэ щекIуэкIа зауэм и хъыбар. Абы щыгъуэ ди адэр дзэм къыхагъэкIыжауэ жылэм дэст. ЗэраIуэтэжымкIэ, зы махуэ гуэрым фашистыдзэм я нэхъыбэм ди къуажэм и Iэгъуэблагъэр къабгынат. Ауэ нэмыцэ зыкъомми зыщагъэбыдат Хьэрэ-кхъуэрэ и Iэхэлъахэм. АдэкIэ щыIэ дыгъэмыхъуэ мэзым щIэст ди сэлэтхэр. Ди унэ щхэгъубжэм удэплъмэ плъагъурт Хьэрэкхъуэрэ бгыщхьэм щызекIуэхэр. Апхуэдэу зы махуэ гуэрым, фоч уэ макъхэр щызэхихым, ди адэр щхьэгъубжэм дэплъащ. А меданым абы и нэр хуэзащ зи гугъу тщIы бгыщхьэм къихута ди зауэлIыр зэрыджэлам. «ЯукIауэ пIэрэ, хьэмэрэ къела?» - жиIэу гузавэу жэщ игъэхъуащ ди адэм. «Дауэ хъуми и пэжыпIэр къэщIэн хуейщ», - кIыфI зэрыхъуу щэху цIыкIуу дэкIщ, бгыщхьэм дэкIуейри, сэлэтыр мыпсэужу къыщIэкIащ. Бийм ящыщ зыкъом иджыри а щIыпIэм ист. Шынагъуэт абы ущызекIуэну. ИтIани и гум техуакъым хьэдэр губгъуэм къринэн. И плIэм къыдилъхьэщ, зыми гу зылъримыгъатэу къуажэм къыдихьащ, Бахъсэныпсым телъ лъэмыж хъыринэм ирихри, кхъэ гъунэгъум щыщIалъхьащ…
Зауэр иухри зэманыфIи дэкIыжауэ Хьэжкъасым иужь ихьащ бгым кърихьэхыу я къуажэкхъэм щIыщIалъхьа сэлэтым и лъэужь техьэну.ЗауэлIым и жыпым къриха тхылъымпIэр ихъумэрт. Абы зэритымкIэ, ар лъэпкъкIэ къэрэшейт. Хьэжкъасым и Iыхьлыхэм, гъунэгъухэм, Жылау Нурбий яхэту, ярегъэлъагъу сэлэтым и гуфIакIэм къыдиха тхылъымпIэр. Черкесск урысыбзэкIэ къыщыдэкI газетым Нурбий тхыгъэ ирегъэхь Iуэхур къызэрекIуэкIар иту. Куэд мыщIэу а щIыналъэм къокIри къокIуэ зи псэр зыта къэрэшей зауэлIым и Iыхьлыхэр, икIи абы и кхъащхьэр зрагъэлъагъу. Абыхэм нэхъапэм хъыбар къазэрыIэрыхьамкIэ, я щIалэр хъыбарыншэу кIуэдауэ арат. ИужькIэ сэлэтым и Iыхьлыхэр аргуэру къакIуэри кхъащхьэр зыхуей хуагъэзащ. Апхуэдэу Хьэжкъэсым и фIыгъэкIэ наIуэ хъужащ ди къуэш щIыналъэм щыщ зауэлIым и кIуэдыкIар.
ТекIуэныгъэм иужькIэ Жылаур Iутащ мэзым щIэт псэущхьэхэр хъумэным пыщIа IэнатIэм. Я къуажэ колхозми щылэжьащ. КъищынэмыщIауэ, бынибгъур зыхуей хуэгъэзэн хуейтэкъэ?! ЩIыуэ гектаритI унагъуэшхуэм яIэти, нартыху, хадэхэкI щащIащ, былым куэд зэрахуэу щытащ. Абы щыгъуэ Хьэжкъасым и Iэщым ирисондэджэртэ-къым, уасэ езэгъырабгъукIэ колхозым иритырт.
Хэку зауэшхуэм щхьэмыгъазэу хэта Жылаум и бынибгъум щыщу нобэ 4-р псэущ - Сэфарбий, Рае, Хьэмидбий, Ларисэ сымэ. Абыхэм къащIэхъуэжахэр 30-м щхьэпрокI. Хьэжкъасым и бынхэм къахэкIащ мэкъумэшым елэжьхэри, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидати, ди республикэм и щIыхьыр зыхъума, Европэм, къэралым щекIуэкIа зэхьэзэхуэхэм къыщыхэжаныкIа спортсмени. ЛIы хуэдэлIу, хабзэшхуэ хэлъу, пщIэ иIэу Зеикъуэ къуажэм дэса Жылау Хьэжкъасым и зауэ гъуэгуанэм, и дуней тетыкIам, шэч хэмылъу, иригушхуэ хъунущ абы и щIэблэр.