Совет Союзыр псэзэпылъхьэпIэ щихуэм, ди цIыхухэр зылI и быну зэщIэтаджэри, бий ерум пэщIэуващ. Ди хуитыныгъэм къыщхьэщыжу, фашист зэрыпхъуакIуэхэм псэемыблэжу пэщIэувахэм яхыхьащ Бэраухэ Хьэжумар и къуэ Къэралбийрэ ХьэкIашэ и къуэ Аслъэнджэрийрэ.
Къэралбий
Курыт еджапIэр Хьэтуей къыщиуха нэужь, ар Псыхуабэ дэт мэкъумэш институтым щIотIысхьэ икIи 1937 гъэм къеухри, щIэныгъэ нэхъыщхьэ иIэу къуажэм къегъэзэж, а илъэс дыдэми дзэм даш.
Адыгэ щIалэм абы зэфIэкI къыщигъэлъэгъуащ, зауэ хуэIухуэщIэхэм куууэ зыщыхигъэгъуэзащ, къызыхэкIа лъэпкъым хуэфащэу и къулыкъур щрихьэкIащ. Зыхэхуар гъунапкъэхъумэ дзэрати, жэуаплыныгъэ зыпылъ пщэрылъхэр щIэх-щIэхыурэ къыщащIырт, и Iэтащхьэм дзыхь къригъэзырт, езыми ар игъэпэжырт. Абы и щыхьэтщ, къулыкъум зэрыщыIа илъэсищым къриубыдэу щIыхь тхылъхэр къызэрыратари, фэеплъ тыгъэхэр къызэрыхуащIари, комммунист партым зэрыщыхагъэхьари.
Дзэм къыхэкIыжа нэужь, Къэралбий Урыху МТС-м и унафэщIым политикэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэу мэлажьэ. 1941 гъэм Хэкум и дзэ комиссариатым и Лэскэн район къудамэм гъэсакIуэ-егъэджакIуэу ягъакIуэ икIи абдежым зи армэ дэкIыгъуэхэр щегъэхьэзыр.
Нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэр ди къэралым къыщытеуэм, нэгъуэщIхэми ещхьу фронтым ягъэкIуэну куэдрэ иужь итами, занщIэу яутIыпщакъым, сыту жыпIэмэ, 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шу дивизэр къызэзыгъэпэщын хуейхэм ари хагъэхьати. А Iуэхум Къэралбий и зэфIэкI хилъхьащ. Шуудзэр хьэзыр щыхъум, абы дэщIыгъуу 1942 гъэм и накъыгъэ мазэм фронтым кIуащ. Ар ящыщщ Ростов областым и щIыналъэм, Сталинград и Iэхэлъахэм, хы Iуфэрыс Новороссийск (ЦIэмэз) деж щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм хэтахэм.
Зыхэт гупыр Керчь къалэ щебгъэрыкIуэм, Къэралбий уIэгъэ хьэлъэ мэхъу. И узыншагъэр зэтеувэжа нэужь, Москва пIалъэ кIэщIкIэ щеджэну ягъакIуэ, лейтенант нэхъыжь щыхъуауэ абы къокIыжри, 194-нэ Речицкэ Бэракъплъыжьзехьэ фочауэ дивизэм и 616-нэ полкым хагъэхьэ.
Дзэзешэ Iэзэ къызэрыхэкIам и мызакъуэу, Къэралбий икIи шыщхьэмыгъазэт, зыри япэ иригъэщынутэкъым, зауэлIхэр, Iэмал зэриIэкIэ, зэрихъумэным хущIэкъу зэпытт. Абы папщIэ езым и щхьэкIэ щыIэхэм фIыщIэ лей къыхуащIырт. Бий ерум зэрыпэлъэщынум зы мэскъалкIи шэч къытрихьэртэкъым. И Iыхьлыхэм къахуигъэхь тхыгъэ кIэщIхэм ар щыжиIэрт. Командованэм кърита фIыщIэ тхылъхэм ящыщ зым итт, езы Къэралбий къылъысу фашист зауэлIу 23-рэ офицеритIрэ зэрызэтриукIар. Абы и иужьрей письмор и адэ-анэм къащыхуитхыжар 1945 гъэм щIышылэм и 21-рщ. Абы итт «Вагъуэ Плъыжь» орден къызэрыратар, зи чэзу званием зэрыпэплъэр, Германием и щIыгум зэрытехьар, фашистхэм я гъуэм гъунэгъуу зэрыбгъэдыхьар, зауэр иухыным куэд зэримыIэжыр.
АрщхьэкIэ, дапхуэдэу мыхъуами, ТекIуэныгъэм и махуэм IущIэну Къэралбий къыхуиухатэкъым, лIыгъэм и щапхъэ къыщигъэлъагъуэу, ебгъэрыкIуэныгъэхэм ящыщ зым щыхэкIуэдащ. Зи щхьэр хэзылъхьа щIалэм Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэр къыхуагъэфэщащ.
Бэрау Хьэжумар и къуэ Къэралбий хьэтуейдэсхэм ящыгъупщэркъым, ТекIуэныгъэм и махуэм ар ягу къагъэкIыж, и фэеплъым пщIэ хуащI. 1965 гъэм къыщыщIэдзауэ къуажэм и зы уэрамым абы и цIэр зэрехьэ.
Аслъэнджэрий
Хьэтуейм и щIалэ нэхъ жанхэм ящыщт. Курыт школым фIыуэ щеджат, Къэбэрдей-Балъкъэр педрабфакыр къиухати, къигъэзэжа нэужь, зыщIэса еджапIэм и комсомол организацэм и секретару хахат. Жэрдэм узыншэхэр къыбгъэдэкIырт, IуэхуфIхэм я зэхэублакIуэт. Егъэджэныгъэри жылагъуэ лэжьыгъэри зэщIигъэхьэу, унафэщIхэри нэхъыжьхэри къахуэарэзыуэ гъащIэм хэбакъуэ къудейуэ, фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыдащIылIа зауэм и мурадхэр къызэпеуд.
Езыр щIалэ дыдэрэ щхьэгъуси къимышауэ, гъащIэм гу зэрыщихуа щIагъуи щымыIэу, 1941 гъэм дзэм даш, зауэ хуэIухуэщIэхэм ирагъаджэри, офицер хъуауэ фронтым яшэ. Къитх тхыгъэ мащIэхэм щыжиIэрт пэжыр зэрытекIуэнур, зэрыпхъуакIуэхэм ерыщу зэрапэщIэтыр, зыхэт частым и зауэлIхэр зэрызэкъуэтым къару къызэрыхилъхьэр, ди щхьэхуитыныгъэм папщIэ и псэр итыну зэрыхьэзырыр. ИкIи, и псалъэр игъэпэжащ, къызыхэкIа лъэпкъым и пщIэмрэ и нэмысымрэ хуэфащэу фронтым Iутащ.
Аслъэнджэрий и иужьрей письмор и Iыхьлыхэм къащыIэрыхьар 1943 гъэм шыщхьэуIум и 8-рщ. Абы къитхырт: «Нэмыцэ фашист зэрыпхъуакIуэхэр къызэдмыгъэплъэкIыу Хэкум идохуж. Харьков къалэм дынэсащ, адэкIэ дызэрыкIуэтэным дыхуопIащIэ. Фымыгузавэ, псори зэпэщ хъужынщ, си тхыгъэхэм фыпэплъэ», - жиIэу. АрщхьэкIэ, Бэраухэ мыбы щыгъуэми гуауэшхуэ къалъэIэсащ, а къалэр хуит къыщащIыжым Аслъэнджэрий хэкIуэдащ. Зауэ гущIэгъуншэм тIэщIихащ унагъуэ иухуэну хунэмыса зи насып къэкIуэгъуэ щIалэ хахуэр.
Илъэс 81-рэ хъуауэ ТекIуэныгъэм и махуэр ди къэралым Iэтауэ щагъэлъапIэ. Ар къэгъэблэгъэным щхьэмыгъазэу щIэзэуа ди къуэшхэм зэрахьа лIыгъэмрэ къагъэлъэгъуа хахуагъэмрэ нобэрей мамыр гъащIэм и фэеплъщ, ди щIэблэм я щапхъэщ. Аращ ахэр щIэуахътыншэри.