Щапхъэ дахэ игъэлъагъуэрт
1986 гъэм накъыгъэм и 9-м къалъхуат Хьэзрэталий. Жылэм дэт курыт еджапIэ №1-р къиуха нэужь ар щIэтIысхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академием финансхэмрэ экономикэмкIэ и къудамэм. 2008 гъэм къиухри, КъБР-м и ГУ ОВО-м лэжьапIэ уващ, иужьыIуэкIэ Шэрэдж щIыналъэм и ПФР-м щылэжьащ. Ар псэуащ цIыхухэр фIыуэ илъагъуу, гъащIэм щыгуфIыкIыу, захуагъэм и телъхьэу. Гъубжокъуэм къыдэлэжьахэм ягу къинэжащ цIыху нэжэгужэу, щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъу, зэпIэзэрыту, гулъытэ зиIэу, набдзэгубдзаплъэу. Лэжьэгъу къудей мыхъуу, куэдым ныбжьэгъу пэж яхуэхъуат.
Поделиться:
Читать также:
10.06.2026 - 13:38 →
Псы къабзэр нэхъапэщ
10.06.2026 - 12:30 →
Лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэ зиIэ
10.06.2026 - 11:02 →
ЩIыфэ узыфэхэм зэрызащыпхъумэнур
09.06.2026 - 18:19 →
Километр 43-м щIигъу
09.06.2026 - 16:25 →
ЩIыпIэ дахэхэр
| ||





Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм пщIэ, гулъытэ хэха яхуэфащэщи, къэралым абыхэм защIигъакъуэу къокIуэкI. Ди жагъуэ зэрыхъущи, щыIэщ а Iуэхум зи щхьэ хэзылъхьахэри. Абыхэм ящыщщ Жэмтхьэлэ къуажэм щыщ Гъубжокъуэ Хьэзрэталий.