КъэхъукъащIэ телъыджэхэр

Дунейм и къэхъукъащIэ телъыджэхэр догъэщIагъуэ. ЩIэныгъэкIэ, щIыуэпсым и хабзэхэмкIэ ахэр зэпэтлъыт пэтми, зи щхьэусыгъуэр мыIупщIхэри яхэтщ абыхэм. ЩIыуэпсыр езыр телъыджэщ. Зэм абы зыкърехри и дахагъэм уетхьэкъу, зэми мэгубжьри, и шынагъуагъэм цIыхухэр нэхъри цIыкIу дыщIохъукI. Дахагъэ зыхэтлъагъуэ, гъэщIэгъуэну дызыIуплъэ къэхъукъащIэхэм ящыщу я гугъу тщIынщ дыгъэр щиубыдкIэ дунейм и щытыкIэмрэ лэгъупыкъур къызэрыунэхумрэ. ГъэщIэгъуэнщ а къэхъукъащIэхэм нэгъуэщI къэхъугъуэхэри зэрепхар.

ЦIыхухэм пасэу гу лъатауэ щытащ дыгъэр щиубыдым деж дунейм нэгъуэщI къэхъугъуэ къызэрымыкIуэхэри къызэрыщыхъум. Дыгъэр щIилъафэу щыхэгъуащэ дыдэм ирихьэлIэу медан бжыгъэкIэ уафэм къыщохъуэпскI налкъутналмэсым ирагъэщхь нэху хъурейр («бриллиантовое кольцо).  А къэхъугъуэр къызэрыплъэгъуфынур уи нэм абдж фIыцIэ Iулъу удэплъеймэщ.

Дыгъэр щиубыдым и деж уафэгум иболъагъуэ «Бейли и щыгъэкIэ» зэджэ къэхъугъуэри – дыгъэр щыщIилъэфэну къудейм е щIилъэфэн щиуха дакъикъэм ирихьэлIэу, налкъут плъыжьым и плъыфэ IэпапIэ лыд зэпыщIахэр уафэм къыпхощ. Мазэм дыгъэр щыщIиуфэ напIэзыпIэм ирихьэлIэу абы и кумбыгъэхэмкIэ (кратер) бзий мащIэхэр къыдешиикI дыгъэм. А къэхъугъэм фIащащ япэу тетхыхьа инджылыз астроном Бейли Фрэнсис и цIэр.

«Толъкъун къэзыжыхь» зыфIаща къэхъугъэри дыгъэр мазэм щиубыдым деж болъагъу. Кусэ хужьыфэхэмрэ фIыцIафэхэмрэ уафэм къытредзэ дыгъэм и бзийхэр хьэуам щыупIэрапIэурэ зэрыкъуилъафэм къыхэкIыу. Апхуэдэ толъкъунхэр ебгъэщхь хъунущ жьым игъэупIэрапIэ мафIэ бзийхэр зэрызэтепщIыкIым.

Дыгъэр щиубыдым ирихьэлIэу, уафэм тредзэ гъубжэм и теплъэ зиIэ ныбжьхэр. Ари зы къэхъугъуэ щхьэхуэщ. Ар щыплъагъур тхьэмпэ зыпыт жыгхэм упэгъунэгъумэщ. Дыгъэр щиубыдым ирихьэлIэу, жыг тхьэмпэхэм ядз ныбжьым къытещ хуэдэщ дыгъэ щIилъафэм и теплъэ цIыкIу-цIыкIухэр.  Тхьэмпэхэм дзакIэ цIыкIухэр зэраIэм, абы нэху зэрыдидзым къыпщегъэхъу апхуэдэу.

 Лэгъупыкъур уафэм къоувэ уэшх ткIуэпсхэр дыгъэпсым къыщыпэцIум деж. Япэ дыдэу абы хэт плъыфэхэр къриIуауэ щытащ инджылыз математик, физик, астроном Ньютон Исаак. ЯпэщIыкIэ абы игъэщхьэхуащ плъыфитху: плъыжь, гъуэжь, удзыфэ, щхъуэ, шакъафэ. ИужькIэ плъыфэхэм я бжыгъэр макъамэм и нотэхэм япэбжу къилъытащ. Лэгъупыкъур хъурейщ. Хъурей ныкъуэу ар щIэтлъагъур щIым диплъыкIыу абы дызэрыхудэплъейм къыхокI. Кхъухьлъатэм уису лэгъупыкъум уеплъмэ, ар зэрыхъурейр къэплъэгъунущ.

Языныкъуэхэм деж зы лъэгъупыкъум и хъуреягъкIэ етIуанэ, тIэкIу нэхъ фагъуэу къыхыболъагъукI. Уэшх ткIуэпсхэм нэхур тIууэ щызэтепщIыкIыу аращ. ЕтIуанэ лэгъупыкъур и плъыфэкIэ зэгъэзэкIа хуэдэщ - шакъафэр и щIыIумкIэ, плъыжьыр и кIуэцIымкIэ щыIэщ. Апхуэдэу зэпэщылъ лэгъупыкъуитIым я зэхуакум уафэр щынэхъ фIыцIафэщ. Абы йоджэ Александр и уафэ бзыгъэкIэ. А фIэщыгъэр пасэрей алыдж гупсысакIуэ Афродийский Александр и цIэм къытехъукIыжащ. Ди эрэм и 200 гъэхэм ар япэу лэгъупыкъуитIым я зэхуакум щыплъагъу уафэ бзыгъэм тетхыхьауэ щытащ.

ЩыIэщ «мафIэ лэгъупыкъукIэ» щIэныгъэлIхэр зэджэри. Апхуэдэ лэгъупыкъу къыщыунэхум деж дыгъэм и нэхур зытридзэр уэшх ткIуэпсхэркъым, атIэ мыл кIанэ цIыкIухэрщ. Нэхур телъыджэу тредзэри, теплъэ узытхьэкъу иIэ мэхъу лэгъупыкъуми. Пэжщ, апхуэдэм ущрихьэлIэр зэзэмызэщ.

Къапщтэмэ, ди зэманым цIыхухэм зрагъэсащ IэрыщIу лэгъупыкъу къагъэхъуу. Абы папщIэ, хьэуам псы хаутхэри, нэху трагъадзэ. Нэху трегъэдзэным Iэмал щхьэхуэ иIэжщ, щэху куэд хэлъу. Ар бгъэзэщIэнуи тыншкъым.

1637 гъэм лэгъупыкъум и теориер игъэбелджылауэ щытащ франджы философ, математик Декарт Рене.

Жэщу лэгъупыкъу къыщыпхуэлъагъур зэзэмызэххэщ. Абы щыгъуэм ткIуэпсхэм тридзэр мазэм и нэхурщ. Нэхъыбэрэ а къэхъукъащIэ дахэр къыболъагъу пщэдджыжьым е пщыхьэщхьэхуегъэзэкIыу. Сыту жыпIэмэ, лэгъупыкъху къэунэхун папщIэ дыгъэм и нэхур уэшх ткIуэпсхэм ялъэIэсын хуейщ градус 42-рэ хуэдизыну къуапэм (угол) щыIэу. Аращ шэджагъуэм лэгъупыкъу къыщIэмыхъур.

ГъэщIэгъуэнщ лэгъупыкъу зэфэзэщи зэрыщыIэр. Апхуэдэ лэгъупыкъухэр плъыжьщ е хужьщ.

2016 гъэм мэлыжьыхьым и 5-м Канадэм, ахъшэ щащI пащтыхь унэм (монетный двор) дыжьын ахъшэ къыщыщIагъэкIащ лэгъупыкъу тету. Ар «дунейм и къэхъукъащIэхэр» серием щыщ. Лэгъупыкъу тращIыхь хабзэщ IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм я ныпхэмрэ я гербхэмрэ, логотипхэм.

Нэхъыбэ дыдэрэ уафэм ита лэгъупыкъум 1994 гъэм гъатхэпэм и 14-м Великобританием щыкIэлъыплъауэ щытащ. Ар пщэдджыжьыр сыхьэти 9-м щегъэжьауэ, шэджагъуэм сыхьэтыр 3 хъуху кIуэдыжакъым.

ГУГЪУЭТ Заремэ.

 

 

Поделиться: