Франджы усакIуэм и лъэIурИлъэс 205-рэ ипэкIэ дунейм къытехьа Бодлер Шарль мэлыжьыхьым и 9-р и махуэшхуэу щытащ. Адыгэбзэм кърагъэзэгъауэ тхыгъэ куэд зимыIэ франджы усакIуэм и гъащIэ гъэгум дроплъэж. Европэм и усыгъэм лъэужьышхуэ къыщызыгъэна Бодлер Шарль тхакIуэт икIи критикт. ИужькIэ Урысейм зыщызыубгъуа, усакIуэ лъэрызехьэ куэд урыс литературэм къезыта «дыжьын лъэхъэнэ» жыхуаIэми мардэрэ плъапIэу щаIар Бодлер и цIэр къызыхэлыдыкI франджы усыгъэрщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, иджыпсту дэнэкIи щыхэIущIыIу «прозэу тха усэхэр» езышэжьар мы усакIуэр армырами, япэу а тхэкIэ Iэмалым IэфI къыщыщIыхьар Бодлер и «Париж губампIэрщ». УсакIуэр 1821 гъэм мэлыжьыхьым и 9-м Париж дунейм къыщытехьащ. И адэр хуэщIауэ псэу мэкъумэшыщIэт. Франджы революцэм хэта нэужь, Наполеон и Сенатым тхылъымпIэзехьэу, иужькIэ канцелярием и унафэщIу щылэжьащ Бодлер Франсуа. УсакIуэ хъуным щIалэр хуэзыунэтIари и адэрауэ хуагъэфащэ: сурэтыщI гъэлъэгъуэныгъэхэм ишэу, гъуазджэм щигъэгъуазэу, езыми хьэпшып щIэращIэхэр зэхуихьэсу щытащ ар. Ауэ щIалэ цIыкIур дунейм къыщытехьам илъэс 60-м щхьэдэха адэр куэдрэ псэужакъым. Илъэси 6 фIэкIа мыхъуауэ апхуэдэ гъэунэхупIэ хьэлъэ ихуа Шарлрэ и анэр иужькIэ зыдэкIуа полковникымрэ я Iугъуэр зы уэнжакъым зэдикIакъым. УсакIуэр цIыху гупсысэхыу, и хьэлкIи декIуэкIыгъуейуэ къыщIэтэджар хуабагъэ зыхуэчэма и сабиигъуэм тралъхьэ. ЩIалэ цIыкIур илъэс 11 щрикъум, унагъуэр Лион Iэпхъуэжри, езыр интернат хуэдэ еджапIэм иратащ. И къэухьыр мыцIыкIу пэтми, щэн зэтеубыда зимыIэ ныбжьыщIэм егъэджакIуэхэр дэтыншакъым. Зэм нэщхъеягъуэ хьэлъэм иубыду, зэми еджэным итхьэкъуу, Бодлер и насыпри, и псэри усыгъэм зэрыхэлъыр наIуэ къэхъун щыщIидзар а зэманырщ. ЩIалэр балигъыпIэ щиувар и унагъуэр 1836 гъэм здэIэпхъуэжа Парижщ. Хабзэм щыхуеджэ курсхэм щIагъэтIысхьа щхьэкIэ, Шарль абы зэрыдихьэхышхуа щыIэкъым. «Зыми си гур бгъэдыхьэркъым», - жриIэу щытащ а лъэхъэнэм и къуэш нэхъыщIэм. И мылъхуадэм езыр зэрылажьэ дипломат IэщIагъэм тригъэгушхуэрт. АрщхьэкIэ Шарль и гъащIэр литературэм ирипхыну хуейт. Ар и псынщIагъым къыхихауэ къызыфIэщI адэ-анэм щIалэр Индием зыплъыхьакIуэ ягъэкIуащ. Ари щхьэпэ хъуащ усакIуэм и къэухьым зиужьынымкIэ. Бодлер декIуэкIыгъуафIэу, зэпIэзэрыту, гъэсэныгъэ дахэ хэлъауэ зыми жиIэжыркъым. Илъэс 21-рэ ирикъуу, хабзэкIэ къылъыс щIэиныр Iэрыхьа нэужь, ар адрейхэм зэремыщхьыр нэхъри нэхъ наIуэ къэхъуащ, зэраIуэтэжымкIи, ахъшэр псынщIэу IэщIэухащ. Зэм бей дыдэхэм зыхуагъэфащэ гъащIэм къыщыхутэу, зэм факъырэ дыдэ хъужу, усакIуэм и дуней тетыкIэр щапхъэ дахэ хъуным нэсауэ пхужыIэнукъым. Сыт-тIэ усакIуэр усакIуэ зыщIыжыр, гъащIэ гугъусыгъур армырамэ? Псалъэмрэ абы и псэмрэ зэзыпх нэхъуеиншагъэрщ абы и бзэм и беягъыр зымыцIыхуххэхэм я деж нэзыхьэсри, езым зыхищIэ гурыщIэхэм зэрытепсэлъыхь шэрыуагъымкIэ ди уIэгъэхэр щIыхуэгъэхъужри. ЦIыхур зыхэпсэукI гъащIэм, къэзыухъуреихь дунейм емыщхьыну гугъу дыдэ мэхъу сыт хуэдэ зэмани. ЦIыху нэгъэсар зищIысыр псэкIэ зыхэзыщIэ усакIуэ гупцIанэр гъуэгу захуэм текIэрэхъукIыпэу щытми, IэщIэкIар зыхуэдизыр къыгуроIуэж, и Iуэху зыIутымкIи зыкъыхуэгъэпцIэжыркъым. Арагъэнщ псалъэр щIакъуэ баш щIыхуэхъур. А зыхэщIэкIэ куумрэ зыкъэумысыкIэ Iэзагъымрэщ абы усакIуэ нэскIэ дезыгъаджэри. Апхуэдэ цIыхум и дуней тетыкIэр и тхэкIэм щхьэусыгъуэ хуэхъуу аркъудейщ. Париж щекIуэкI литературэ гъащIэм критик хуэдэу тетхыхьын щIидза нэужь, Бодлер и Iуэху еплъыкIэм мыхьэнэ ирату хъуащ. 1846 гъэм усакIуэм япэу зригъэцIыхуащ инджылыз усакIуэ По Эдгар и IэдакъэщIэкIхэр. Бодлер ахэр апхуэдизкIэ игу ирихьати, илъэс 17-кIэ зэпимыгъэууэ франджыбзэкIэ зэридзэкIащ. 1848 гъэм Бодлер «Салют публик» газетым щылэжьащ, абы къытехуэ тхыгъэхэр зэригъэзахуэу. И усыгъэм и лъагапIэу къалъытэр 1850 гъэхэрщ. УсакIуэм цIэрыIуагъ мыщхьэпэ къезытауэ щытар «Ем и удз гъэгъахэр» усэ тхылъырщ. Уеблэмэ абы щхьэкIэ тезыр ирагъэпшынауэ щытащ 1857 гъэм, кIэлъыплъакIуэхэм усих и тхылъым храгъэгъэкIыжащ, «емыкIум зэрытепсэлъыхьым къыхэкIыу». 1860 гъэм Бодлер къыдигъэкIащ нобэр къыздэсым IэзагъкIэ куэд зылъэщIэмыхьа, прозэу тха «Париж губампIэ» усэхэр. «Жэнэт IэрыщI» тхылъыр зытеухуар цIыхум наркотикыр зэрызыхищIэмрэ абы кърищIэмрэщ. Булгаков Михаил ещхьу, Бодлери и тхыгъэм къыщиIуэтащ а мыхъумыщIагъэр зэзыхьэлIэхэм я IэпкълъэпкъкIэ, акъылкIэ, фэрэ лыкIэ къащыщIыр. Езы усакIуэм «хущхъуэ щапIэхэм къыщащэху а щхъухьыр зэрэ-тIэурэ зыIуилъхьэри, гущыкI хуищIауэ, зэи хуеплъэкIыжакъым». ЦIыхухэр абы къригъэлын папщIэщ Бодлер «Жэнэт IэрыщIыр» къыщIыдигъэкIар. 1865 гъэм усакIуэр Бельгием зигъэхъужыну Iэпхъуащ, ауэ къеуэлIа узыр хэтIэсакIэт, къызыфIэувэжыну гугъэшхуэ щымыIэу. 1866 гъэм ар щытыкIэ хьэлъэм иту Брюссель сымаджэщым яшащ. ИужькIэ Париж яшэжауэ, 1867 гъэм шыщхьэуIум и 31-м Сен-Лу члисэм и дэкIуеипIэхэм къыщытехуэри, абдежым и псэр щыхэкIащ. Илъэс 46-рэ къудейщ усакIуэр зэрыпсэуар. Хэлъэт къызэрымыкIуэ зиIэхэр езыхэр дунейм ехыжа нэужьщ нэхъыбэм къыщацIыхур. Монпарнас кхъэм щыщIалъхьа Бодлер теухуауи и кхъащхьэм тратхар и ныбжьымрэ и адэ-анэм я цIэ-унэцIэмрэщ, нэгъуэщIкIэ цIэрыIуэу зэхахатэкъым. УсакIуэ нэсыр адрейхэм щIахэмыгъуащэр и псалъэ къэщтэкIэр ди щхьэм дызэрыгурыIуэж бзэм зэрытехуэрщ. Бодлер и «Жэщу сыхьэтыр зым» пычыгъуэ гуэр хэтщ, дуней хъурейм усэу щаусами псалъэу щагъэщIэрэщIами хыумыгъэгъуэщэну: «Псоми зыгуэр ядигъуэрэ и щхьэми хуэмыарэзыжу псэу сэ сыту сыхуейт гуэныхьу стелъыр къысхуэгъуауэ жэщ Iэуэлъауэншэм и егъэзыпIэм си гур къыщызэрыгъуэтыжыну. ФIыуэ слъэгъуахэм, си сатырхэм щызгъэфIахэм я псэхэ! КхъыIэ, зыкъысщIэвгъакъуи, мы дунейм и пцIымрэ абы къыщхьэщих бахъеймрэ сщхьэщывгъэкIуэт. Уэри, ди Тхьэ, гущIэгъу къысхуэщIи, псом нэхърэ сызэрымынэхъ Iейр, мы сигу зыщыкIа къомым нэхърэ сызэрымынэхъыкIэр си фIэщ ящIыфу, дахащэу усэ зыбжанэ сыгъэтх». Апхуэдэ мыхьэнэ къызэриIуэтэн псэлъэкIэ зыIуралъхьа цIыхум гуэныхь къытенэжауэ уи фIэщ пхуэщIыркъым.
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
09.06.2026 - 14:18 →
«Сэ хамэщIкъым сыкъызыхуалъхуар»
08.06.2026 - 16:37 →
Сабийхэр дихьэхын хуэдэу
05.06.2026 - 14:18 →
Псэ къабзагъэ къызыхэщ усэхэр
05.06.2026 - 12:15 →
Сабийм и бампIэ
02.06.2026 - 18:19 →
ВыщIэ мыгъасэм гуэбэн иумыгъэщI
| ||




