Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм сабийхэм загъэпсэхуныр, я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэныр къызэгъэпэщыным теухуа къалэнхэмкIэ щыIэ ведомствэ зэхуаку комиссэм и IуэхукIэ» 2023 гъэм жэпуэгъуэм и 20-м къыдигъэкIа Указ №104-УГ-м, а Указым щIыгъу Положенэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм сабийхэм загъэпсэхуныр, я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэныр къызэгъэпэщыным теухуа къалэнхэмкIэ щыIэ ведомствэ зэхуаку комиссэм хэтхэр къэщтэным теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм сабийхэм загъэпсэхуныр, я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэныр къызэгъэпэщыным ехьэлIа къалэнхэмкIэ щыIэ ведомствэ зэхуаку комиссэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2023 гъэм жэпуэгъуэм и 20-м «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм сабийхэм загъэпсэхуныр, я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэныр къызэгъэпэщыным теухуа IуэхухэмкIэ щыIэ ведомствэ зэхуаку комиссэм и IуэхукIэ» къыдигъэкIа Указ №104-УГ-мрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм сабийхэм загъэпсэхуныр, я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэныр къызэгъэпэщыным теухуа къалэнхэмкIэ щыIэ ведомствэ зэхуаку комиссэм теухуа Положенэу а УказымкIэ къащтамрэ мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) 2-нэ пунктым и ещанэ абзацым къару имыIэжу къэлъытэн;
б) Положенэм:
1-нэ пунктыр мыпхуэдэу къэхьын:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм сабийхэм загъэпсэхуныр, я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэныр къызэгъэпэщыным теухуа къалэнхэмкIэ щыIэ ведомствэ зэхуаку комиссэр (адэкIэ – Комиссэщ) IуэхущIапIэхэм зэдай органщ, абы и лэжьыгъэр къэрал хабзэм тету еубзыху мы Положенэм.»;
4-нэ пунктым:
япэ абзацым хэт «Комиссэм» псалъэм иужькIэ къэхьын «Урысей Федерацэм щыщ сабийхэм я хуитыныгъэхэм я шэсыпIэ нэхъыщхьэхэр» Къэрал хабзэ №124-ФЗ-м, 1998 гъэм бадзэуэгъуэм и 24-м къыдэкIам, и 125 статьям ипкъ иткIэ (адэкIэ - Къэрал хабзэ №I24-ФЗ)» псалъэхэр;
«а» пункт къуэдзэм хэт «лIыкIуэхэр» псалъэр хэгъэкIын, «I-нэ пунктым» псалъэхэр «7-нэ пунктым и етIуанэ абзацым» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын;
6-нэ пунктым:
«г» пункт къуэдзэр мыпхуэдэу къэхьын:
«г) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъэзэщIакIуэ властым и органым, сабийхэм загъэпсэхунымрэ я узыншагъэр егъэфIэкIуэнымрэ хуэгъэза къалэнхэр зэфIэзыгъэкI IуэхущIапIэхэр зыубзыхум, Къэрал хабзэ №124-ФЗ-м и 122 статьям и 7-нэ пунктым къыщыгъэлъэгъуа щхьэусыгъуэхэм хуэдэ щыIэмэ, сабийхэм загъэпсэхунымрэ я узыншагъэр егъэфIэкIуэнымрэ хуэгъэза къалэнхэр зэфIэзыгъэкI IуэхущIапIэхэм къахэгъэкIыным теухуа жэрдэмхэр ягъэхьыну;»;
«д» пункт къуэдзэм хэт «лIыкIуэхэр» псалъэм иужькIэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъэзэщIакIуэ властым и органхэм» псалъэхэр щIыгъужын,»;
7-нэ пунктым и етIуанэ абзацыр мыпхуэдэу къэхьын:
«Комиссэм хагъэхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъэзэщIакIуэ властым и органхэм, гъэзэщIакIуэ властым и федеральнэ органхэм я щIыналъэ къудамэхэм, апхуэдэуи щIыпIэ самоуправленэмкIэ органхэм я лIыкIуэхэу Къэрал хабзэ №124-ФЗ-м и 125 статьям къыщыгъэлъэгъуахэр, Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ уполномолченнэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэр. Комиссэм хагъэхьэ хъунущ Кэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и нэгъуэщI органхэм, апхуэдэуи жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэри.»;
8-нэ пунктыр мыпхуэдэу къэхьын:
«8. Комиссэм хохьэ Комиссэм и унафэщIыр, Комиссэм и унафэщIым и япэ къуэдзэр, Комиссэм и унафэщIым и къуэдзэр, Комиссэм и секретарыр, Комиссэм щыщ нэгъуэщIхэри.
Комиссэм и унафэщIщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэр. Комиссэм и унафэщIым и япэ къуэдзэщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэу социальнэ унэтIыныгъэр зи нэIэ щIэтыр, Комиссэм и унафэщIым и къуэдзэщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъэзэщIакIуэ властым и органу цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжыным епхам и унафэщIыр, Комиссэм и секретарщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъэзэщIакIуэ властым и орган зи гугъу тщIам и къудамэхэм ящыщ зым и унафэщIыр.»;
10-нэ пунктым хэт «егъэзащIэ» псалъэм иужькIэ «Комиссэм и унафэщIым и япэ къуэдзэ, ар щыщымыIэм деж – » псалъэхэр щIыгъужын;
19-нэ пунктым хэт «къэрал гъэзэщIакIуэ органхэр» псалъэхэр «гъэзэщIакIуэ органхэр» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын;
21-нэ пунктым хэт «къэрал гъэзэщIакIуэ органхэр» псалъэхэр «гъэзэщIакIуэ органхэр» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын;
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм сабийхэм загъэпсэхуныр, я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэныр къызэгъэпэщыным теухуа къалэнхэмкIэ щыIэ ведомствэ зэхуаку комиссэм хэтхэу мы Указым щIыгъур къэщтэн.
3. Къару ямыIэжу къэлъытэн:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм сабийхэм загъэпсэхуныр, я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэныр къызэгъэпэщыным теухуа къалэнхэмкIэ щыIэ ведомствэ зэхуаку комиссэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2023 гъэм жэпуэгъуэм и 20-м къыдигъэкIа Указ №104-УГ-м ипкъ иткIэ къащтам, хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр зэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2024 гъэм шыщхьэуIум и 2-м къыдигъэкIа Указ №64-УГ-м;
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм сабийхэм загъэпсэхуныр, я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэныр къызэгъэпэщыным теухуа къалэнхэмкIэ щыIэ ведомствэ зэхуаку комиссэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2023 гъэм жэпуэгъуэм и 20-м къыдигъэкIа Указ №104-УГ-м ипкъ иткIэ къащтам, хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр зэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2025 гъэм мэлыжьыхьым и 1-м къыдигъэкIа Указ №35-УГ-м.
4. Мы Указым къару егъуэт ар официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ
2026 гъэм мэлыжьыхьым и 6-м
№36-УГ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2026 гъэм мэлыжьыхьым и 6-м къыдигъэкIа Указ №36-УГ-м къищтащ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм сабийхэм загъэпсэхуныр, я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэныр къызэгъэпэщыным теухуа къалэнхэмкIэ щыIэ ведомствэ зэхуаку комиссэм хэтхэр
КIуэкIуэ К.В. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэр (ведомствэ зэхуаку комиссэм и унафэщIщ)
Хъубий М.Б. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэр (ведомствэ зэхуаку комиссэм и унафэщIым и япэ къуэдзэщ)
Тогузаев Т.М. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министрыр (ведомствэ зэхуаку комиссэм и унафэщIым и къуэдзэщ)
Абрэдж А.Хь. - Бахъсэн муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)
Амщокъуэ Ф.Къ. - «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Профсоюзхэм я федерацэ» Союзым и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)
Ахматов А.Хь. - узыншагъэр хъумэн IэнатIэм кIэлъыплъынымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ щIыналъэ органым и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)
Ахъуэхъу Т.Б. - Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)
Бэдракъ А.С. - Сабийм и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)
Быф А.А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм курортхэмрэ туризмэмкIэ и министрыр
Дэхъушокъуэ И.И. - Дзэлыкъуэ муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)
Езауэ А.Къ. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрыр
Жанкишиев Ж.Хь. - Шэджэм муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)
Журавлев А.И. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэр
Инжыжокъуэ С.М. - Лэскэн муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)
Къэжэр Хъу.Хь. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмкIэ, узыншагъэр хъумэнымрэ ветеранхэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)
Къалэбатэ Р.М. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрыр
Кожухов К.В. - Прохладнэ къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)
Кульбаев А.Б. - Шэрэдж муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)
Къумахуэ М.Л. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ и министрыр
Лисун Е.А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм финансхэмкIэ и министрыр
Ломов М.С. - Прохладнэ муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)
Луковэ А.А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм къэрал кIэлъыплъыныгъэмкIэ, лицензэ тынымрэ аккредитацэмкIэ и къудамэм и унафэщIыр
Лу А.Хь. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрыр
Мэкъуашэ А.А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Тарифхэмрэ псэупIэхэм кIэлъыплъынымкIэ и къэрал комитетым и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэр
Мамхэгъ Хь.Хь. - Бахъсэн къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)
Отаров М.М. - Iуащхьэмахуэ муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)
Пагуэ Ж.А. - ЩэхуакIуэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымрэ цIыхум зэIузэпэщ псэукIэ иIэнымрэ я IэнатIэм кIэлъыплъынымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)
ПщыукI Хь.Б. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЛэжьыгъэмкIэ и къэрал инспекцэм и унафэщIыр – Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэмкIэ и къэрал инспектор нэхъыщхьэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)
Саенкэ Т.В. - Май муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)
ЛIыжьыкъуэ Хь.Хь. - Аруан муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)
Хьэжыкъарэ М.Хь. - Урысей Федерацэм Граждан зыхъумэжыныгъэм и IуэхухэмкIэ, къызэрымыкIуэ щытыкIэ шынагъуэхэмкIэ, къэхъуа гузэвэгъуэхэм я лъэужьхэр гъэзэкIуэжынымкIэ и министерствэм и Управленэ нэхъыщхьэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIым и къуэдзэр – кIэлъыплъыныгъэ, профилактикэ лэжьыгъэмкIэ управленэм и унафэщIыр (Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мафIэс къыщымыгъэхъунымкIэ и къэрал инспектор нэхъыщхьэр) (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)
Хьэсанэ И.М. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм спортымкIэ и министрыр
Хъущт А.А. - Тэрч муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)
Шаваев ТI.Т. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм социальнэ Iуэхутхьэбзэ щIэнымкIэ и департаментым и унафэщIыр (ведомствэ зэхуаку комиссэм и секретарщ)