УсакIуэм и гъуэгу

 

Усыгъэм и лъахэм псалъэ къыхэщыпыкIахэмкIэ ита усакIуэщ Хьэх Заурбий. Илъэс плIыщI къигъэщIауэ аращ. ГъащIэ мащIэ пэтми, ди литературэм лъэужь къыхинащ. Хэкум, адэ-анэм, лъахэм, цIыхугъэм, щIыуэпсым, дунейм и къэхъукъащIэхэм, гухэлъым, насыпым тетхыхьащ, цIыхугухэм лъэIэсу. I994 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIауэ щытащ усакIуэ гъащIэмащIэм и IэдакъэщIхэкIхэр щызэхуэхьэса «ЩIы Iэбжьыб» тхылъыр. Усэхэр, поэмэ, усакIуэм и ныбжьэгъухэм хужаIахэр зэрыт тхылъым хуабагъэ щIэлъщ. Абы ит усэхэр бзэ къулейкIэ зэрыгъэпсам щыхьэт дытехъуэну дыхуейщ щапхъэ зыбжанэкIэ: «Телъщи мазэр уафэ ныджэм, жэщым ар и пкъощ» («Си Хэку»), «Псэр ирихухьт гъуэжькуий кIэрахъуэм, дыгъэм, кIэзызу и фэр пыкIт» (« Гъэрэ щIырэ щызэхэкIым»), «Къызэхежыхьыр жьыбгъэм губгъуэр: псыхэм даущыр къаIуреч, жыгхэм я щхьэкIэм зыфIеубгъуэр, тхьэмпэ япытхэр къафIыпеч» («СыщIалэщ»), «Удыхьэжми, си гур уэ бдыщIыгъущи, сэ абдежым зыщызоIэжьэж» («КъэткIухьауэ куэдрэ дызэщIыгъуу»). «Си гум сопсалъэ» поэмэр гугъуехьу зэхэлъа сабиигъуэм усакIуэм и гур зэригъэзэжым, и балигъынэм а псор зэрыщIэкIыжым икIи зэрытепсэлъыхьыжым теухуащ. «Си бгъэм уилъщ уIэуэлъауэу, дуней нэху умылъэгъуауэ» жиIэу зызыхуигъазэр и гурщ. Анэм телъа бэлыхьхэр, езыр къамылъху щIыкIэ и адэр зэраукIар, мэжэщIэлIагъэм зэрыхиубыдар – куэд мэхъу гум зыщIэгъу сабиигъуэм и гъэунэхупIэхэр. ИкIэм, балигъ хъуа и гум аргуэру зыхуегъазэ: «Сигу, ноби уэрщ си гъуэгугъэлъагъуэр, пхуэсщI фIыщIэм гъунэ имыIэж…».

Тхьэгъэзит Зубер, Бицу Анатолэ, Ацкъан Руслан, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Гъэунэ Борис, Джэрыджэ Арсен, Бэрбэч Зубер сымэ я ныбжьэгъу усакIуэм хужаIа псалъэ гуапэхэр итщ тхылъым. ТхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ топсэлъыхь Хьэх Заурбий и зэфIэкIым, зэчийм, псэ хьэлэлагъым, бэшэчагъым, ныбжьэгъугъэм. Хуабагъэ зыщIэлъ гукъэкIыжхэмкIэ ахэр къыддогуашэри, дунейр нэхъ гуапэ щIохъукI абы.

Ацкъан Руслан игу къегъэкIыж: «Дэ еджапIэ нэхъыщхьэм дыздыщIэсащ, щIакхъуэ гъур Iыхьэ зэдыпытщIыкIыу илъэситху дгъэкIуащ. А зэманым нэхъ IэфI сщIэжыркъым. А илъэсхэм Заурбий гуапагъэу дэслъэгъуам сахэдэжыну сыхуежьэм гугъу сохь, ахэр зэрызекъуу си нэгу къыщIоувэж, дэтхэнэ зыри япэ ищыну хэту…  Зы пщыхьэщхьэ гуэрым зэныбжьэгъухэр дызэхэст, дыуэршэру. «Тхьэмахуэ махуэм псори зэгъусэу мэзым дывгъакIуэ», - къыхилъхьащ зыгуэрым. Си закъуэ фIэкIа къэмынэу, зэныбжьэгъуу хъуам апхуэдэ гукъыдэж яIэ хъуащ. Сэ къыспэщылъыр сщIэжт, унэ зыщI си адэм сыдэмыIэпыкъуу хъунутэкъыми, къуажэм сызэрыкIуэжын хуейр си гум къыщIитхъыурэ жысIащ.

Тхьэмахуэ пщэдджыжьым жьыуэ ди анэм сыкъегъэуш, иджыри тIэкIу сыгъэжей жысIэу селъэIу щхьэкIэ, идэркъым: «ЕмыкIущ, Заурбий мэлажьэ, дауэ узэрыжеинур - на?» - жи. «Дэнэ къыздикIар?» - согъэщIагъуэ. Зызохуапэри сыкъыщIож, анэм жиIар си фIэщ мыхъуу, арщхьэкIэ псори пэжт: Заурбий мывэ икъутэу кIэрытт…»

ХьэфIыцIэ Мухьэмэд ныбжьэгъум теухуа и хъыбарымкIэ щыхьэт тохъуэ абы зэи цIыху утыку къызэрыримынам. Я къуажэ бжьамийм кърижэ «псынэпсым и тетым» къыжреIэж: «Мухьэмэд, тхьэ соIуэ, ныбжьэгъуфI уиIэкIэ!» - си дамащхьэм къытоуIуэ ар. «Хэт зи гугъу пщIыр?» - сыщIоупщIэ. «Iэгъу, зыри хэпщIыкIкъэ?! Дыгъуасэ къуажэкум дэж псыр зыгуэш мащэм сису зы хамэ къуажэ щIалэ къуэгъу люкым къыщхьэщыхьащ: «ХьэфIыцIэхэ я унэр дауэ къэзгъуэта хъуну, къуэш?» - жиIэри. «Мыдэ мащэм къихьи, мы псы къыщиудар къыздэIэпыкъуурэ сыгъэгъэбыдэжи, уэлэхьи, итIанэ ХьэфIыцIэхэ я куэбжэм уезмышалIэм», - солъэIу абы. Псы къыщиудар си бгым зэрынэсар илъагъут а щIалэм, ауэ зы псалъэ жимыIэу мащэм къихьэри сэбэп къысхуэхъуащ… ЦIыху мащIэщ апхуэдэу дунейм тетыр…» Пэж дыдэт ар. Си ныбжьэгъуфI Хьэх Заурбий хуэдэ гъуэтыгъуейт».

«Хьэх Заурбий хэлъа цIыхугъэр, нэмысыр, пэжыгъэр – бгъэдэлъа дахагъ псори къытенащ дунейм, ди псэмрэ ди гумрэ ягъэгуфIэу. Къытенащ дунейм пщэдджыжь уэсэпс щыгъэ къабзэ и усэхэр», - итхауэ щытащ Гъэунэ Борис.

«АпхуэдизкIэ цIыху къабзэти, ауэ уэрамым ущыIущIа къудейрэ и сабий гуфIэкIэмкIэ къыпщыгуфIыкIамэ, уи гур хэхъуауэ, гъащIэр нэхъ IэфI къыпщыхъуауэ укъыбгъэдэкIыжт. Ар ящыщт нэхъыбэрэ псэуну зыхуэфащэ цIыхухэм. Ауэ щыуагъэ гуэр къэхъуащ – зэуэзэпсэу тхэкIыжри ежьэжащ, и гуапагъэ иджыри куэдрэ зылъысыну щыта и цIыхугъэхэри, зи IэфIагъым зызыщимыгъэнщIа дунейри къызэринэкIри. Хьэмэрэ пэж дыдэу пIэрэ цIыхуфIхэр нэхъ гъащIэ кIэщIу зэрыжаIэр? ... Заурбий Алыхьым къигъэщIат цIыхухэм яку гуапагъэ, IэфIыгъэ дилъхьэну и натIэ къритхэри. Ауэ апхуэдизу хьэлэлу, гъащIэм гузэрыдзэ хуимыщIауэ щыт пэтми, ар гугъуехь куэд дыдэ зыгъэва цIыхут. ГушыIэурэ жиIэрейт Заурбий: «СыщыцIыкIум апхуэдизкIэ гъаблэгу сщтащи, сышхэурэ сошри соувыIэж, армыхъумэ, нобэр къыздэсым си ныбэр из хъужыркъым». Пэж ткIыбжь щIэлъщ а гушыIэм. Заурбий апхуэдизу нафIэгуфIэу, гушыIэрейуэ щIыщытын гуэри щымыIэу къыпфIэщIт. Ауэ зэи плъагъунутэкъым ар тхьэусыхэу. Тхьэусыхэ дэнэ къэна, езыр адрейхэм зэрадэIэпыкъуным иужь итт. Уеблэмэ къуажэм щыкIуэж тхьэмахуэ махуэ къудейми: «Мобы щIыхьэху яIати, садэлэжьащ, ди гъунэгъум блын зэтралъхьэрти садэIэпыкъуащ», - жиIэу къэкIуэжт», - мыпхуэдэу игу къегъэкIыж Джэрыджэ Арсен.

«ЦIыхур псэущ, уи гум имыкIмэ. Хьэх Заурбий тщыгъупщэркъым, зэныбжьэгъухэр дызэхуэзамэ, абы и гугъу дымыщIу къанэркъым. Зым жиIэжынщ Заурбий Москва нэс лъэсу къызэрикIыжауэ щытар, дунейр нэхъ хуиту зригъэлъэгъун папщIэ етIуанэм дыщIигъунщ Заурбий тхьэмахуэ псокIэ  хьэлъэзехьэу кондитерскэ фабрикэм щылажьэу къилэжьа ахъшэм ипIэкIэ, фошыгъу къэп общежитым щIэс студентхэм-ныбжьэгъухэм къахуихьу ахэр шейхэдзэкIэ  къызэрызэригъэпэщар; адрейхэм пащэнщ Заурбий IэпщIэлъапщIэрэ  мывэ, чырбыш зэтелъхьэным хуэIэрыхуэу и ныбжьэгъум зэрыдэIэпыкъуар. Еджэнми, лэжьэнми, анэ зехьэнми, Iыхьлыхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ IуэхукIэ япэIэбэнми зыкъыдигъахуэурэ, Заурбий усэ итхырт къабзэу, купщIафIэу, езым и хъэтI иIэжу. КIуэрыкIуэм тету усэ пхузэхилъхьэнут, - итхыжауэ щытащ Бэрбэч Зубер.

«Зы школ дыздэкIуэу къуажэм дыщыдэса илъэсхэм къыщыщIэдзауэ дунейм ехыжыху си ныбжьэгъуам и гъащIэр си нэгу IупщIу къыщIэзгъэувэжу согупсыс: «Нэхъ гумащIэрэ хьэлэлрэ уигъэлъыхъуэну, езыр Iэчлъэчрэ IуэхукIэ бэшэчу, дапщэщи нэжэгужэу зэныбжьэгъухэм къытхэтар, сыт щхьэусыгъуэкIэ лIами, къыщIэкIуэжын гугъуехь куэд зыгъэва цIыхут». Гугъуехьтэкъэ усабий дыдэу уи адэр зауэм хэкIуадэу зеиншэу укъэтэджыну? Гугъуехьтэкъэ ущIалэ цIыкIуу зи лъэр къыщIэмыувэж анэ Iэрызехьэм и гъэшхэнри и гъэфIэнри уи пщэм къыдэхуэну? Гугъуехьтэкъэ куэдкIэ мынэхъыжь къуэш закъуэм фIэкIа щIэгъэкъуэн уимыIэу зауэ нэужь илъэсхэм ухэпсэукIыну? ЩIымахуэ жьычхэм IэпцIэлъапцIэу ар пхъэхьи псыхьи кIуащ. Дунейр щисыж гъэмахуэ махуэхэми хадэ ипщIащ, мэкъу еуащ. А псом зыкъыдигъахуэу усэ щитхын зэмани къигъуэтыфырт…» - мыпхуэдэу етх Бицу Анатолэ. Бицум Хьэх Заурбий хуитхыжащ «къыщIэкIуэжащ» усэр. «КъыщIэкIуэжащ зауэ нэужь лъэхъэнэр – Лъэхъэнэм бын дыгъитIкIэ хуэупсам, Лъэхъэнэм лIэхукIэ дахэу хуэусам» - псалъэхэмкIэ еух ар. «ЩIым текIыжкъым зыгуэр тезымых» усэр Тхьэгъэзит Зубер Хьэхым хуитхащ. И ныбжьэгъур дунейм щехыжам кIэлъиусыжам «Зыми зыри щIылъэм тримых» жыхуаIэ гупсысэ пыжеIэж мыпхуэдэу: «ЖаIэр пэжмэ, ныбжьэгъуу уиIар дунейм сыт нэхъ мащIэ щIыщыхъуар?».

И гъащIэ гъуэгур кIэщIт уакIуэм, ауэ бгъуфIэт. Бын къалэн игъэзэщIащ, щIэблэ дахэ къигъэнащ, усэ купщIафIэхэр итхащ, ныбжьэгъурэ цIыхугъэу иIауэ хъуам фIыкIэ ягу къагъэкIыж. Езым и гъащIэр и усэхэм къыщипщытэжа хуэдэт усакIуэм. «Гъуэгу» усэм къыхощ и дуней тетыкIар: «Псэун зыфIэфIыр, гуныкъуэгъуэ хуэзакIэ, хъунукъым щIыкIей. ИрихьэлIакIи зэ гуфIэгъуэ, щхьэпсыншэ хъууэ дэмылъей». Псэуну фIэфIт, ауэ езыр зыщымыгъуазэ гуэрхэм щыгъуазэу къыщIэкIынут и псэр: «ГъащIэм лъэмыкI сигъэIущыну – сыгъащIэ мащIэу къыщIэкIынщ…» - жиIэу усэм иужьрей едзыгъуэу питха щхьэкIэ, ар кIэух ищIатэкъым, атIэ точкищкIэ зэIухауэ къигъэнат.

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться: