УзэгурыIуэну нэхъ тыншщ

Осетие Ищхъэрэ-Алание республикэм и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щэнхабзэм зыщIэгъэкъуэнымкIэ фондымрэ иджыблагъэ Владикавказ щрагъэкIуэкIащ лъэпкърэ динкIэ зэтемыхуэхэр фIыкIэ зэдекIуэкIын зэрыхуейм теухуа «СтIол хъурей».

«Ди стIол хъурейм и мурадыр ижь-ижьыжкIэ ди адэжьхэмрэ дыкъызыхэкIа лъэпкъхэмрэ къадекIуэкI, иджырей щIалэгъуалэми пщIэ зыхуащI хабзэмрэ нэмысымрэ я уасэр къыдгурыIуэжу, динымрэ къэралымрэ зэрызэдэлэжьэну Iэмалхэр дубзыхунырщ», - жиIащ зэIущIэр къыщызэIуихым ар щекIуэкIа республикэм и муфтий Гацалов Хьэжмурат.

КъБР-м щыщу зэIущIэм хэта Сыжажэ Алим и къэпсэлъэныгъэм ислъамым къигъэув зэхущытыкIэ хабзэр лъэпкъкIи динкIи зэтемыхуэхэм тегъэщIапIэ быдэ зэрахуэхъум къыщытеувыIащ. Абы къыхигъэщащ мыхьэнэшхуэ зиIэ IуэхугъуиплI: 1) ЗэрыцIыхуныр: Алыхьталэм дэтхэнэ лъэпкъри езым бгъэдэлъ фIыгъуэхэмкIэ адрейхэм ядэгуэшэн папщIэщ псори зэмыщхьу къыщIигъэщIар. 2) Захуагъэр: ныбжьэгъухэми бийхэми захуагъэкIэ ябгъэдэтыныр. 3) ГущIэгъур: Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхар къызэрагъэкIуар фIыгъуэмрэ гущIэгъумрэ я лIыкIуэущ. 4) Диным зыри лъэщыгъэкIэ бгъэдэмыгъэувэн: «Диным хэгъэзыхь хэлъкъым» Iэятыр абы и щыхьэтщ.

«Зы пщIантIэм лъэпкъ зэмыщхьхэм къахэкIа сабийхэр зэдоджэгури дэтщ, зэгъусэу хохъуэ, ныбжьэгъу зэхуохъу, я адэ-анэхэр къахэIэбэу, ахэр гуэшын щIадзэху, - жиIащ Адыгеймрэ Краснодар краймрэ я муфтийм и къуэдзэ Хъущт Мурат. – ЗэгурыIуэныгъэм и лъабжьэр зы лъэпкъым адрейм пщIэ зэрыхуищIырщ, дэтхэнэ динми уасэ щхьэхуэ зэриIэр псоми къабыл зэращIырщ».

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: