Адыгэ уафэм дыхэплъэмэ…

Адыгэм и гъащIэм увыпIэшхуэ щаубыд вагъуэхэм. Языныкъуэхэм цIэ щхьэхуэхэр иратащ. Вагъуэм и щытыкIэмкIэ ягъэбелджылырт Iуэхугъуэ куэд, яубзыхурт дунейм и къэхъукъащIэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Абы теухуа тхыгъэшхуэ иIэщ тхакIуэ, усакIуэ Лыкъуэжь Нелли. Абы щыщ Iыхьэ фи пащхьэ идолъхьэ.

Шыхулъагъуэ – Млечный путь.
Жэщ уафэм гъуэгум ещхьу щыплъагъу вагъуэбэ куэд зэхэтым Шыхулъагъуэ фIащащ адыгэхэм. «ЖэщкIэ зекIуэ лIыхъужьхэр ШыхулъагъуэкIэ мэзекIуэ», - жаIэрт абыхэм. Пасэрей алыджхэр «Галактикэ»-кIэ зэджэ, урысхэм «Млечный Путь» зыфIаща вагъуэ системэм щхьэкIэ адыгэхэм апхуэдэу щIыжаIар шы зэраху лъагъуэм ирагъэщхьауэ ятх щIэныгъэлIхэм. КIахэ адыгэхэм «Шыгъушэмэ я гъогу» («путь везущих соль») жаIэ.
Вагъуэзэшибл – Большая Медведица.
Уафэм и ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ къыщыблэ, нэхъ ину вагъуибл къызыхэлыдыкI гупым зэреджэр «Вагъуэзэшиблщ», абы щхьэкIэ иджыри «Вагъуэкъащыкъ» жаIэ. Абы и цIэ дахэр «Вагъуэзэшиблым зигъазэмэ, нэху мэщ» адыгэ нэщэнэм ихъумащ.
Мазэхэ жэщым Гъуазэр, Ищхъэрэ вагъуэр, Вагъуэзэшиблыр, МыщэцIыкIу вагъуэр (Вагъуэбыныр) зекIуэлIхэм я гъуэгугъэлъагъуэу щытащ. Вагъуэзэшиблым Ищхъэрэ вагъуэм и хъуреягъыр зы жэщ-зы махуэм къекIухь, абы къыхэкIыу жэщым зэманыр здынэсар ВагъуэзэшиблымкIэ къахутэу щытауэ ятхыж.
Вагъуэ – шу – «звезда-всадник».
«Мы вагъуэр Вагъуэзэшиблым и «къум» хэт етIуанэ вагъуэм и цIэу къалъытэ», - етх Алътуд Мусэ. Нэжан дыдэ уиIэу щытын хуейщ а вагъуэм и щхьэмкIэ «къытес» вагъуэ цIыкIур къэплъагъун щхьэкIэ. Ауэ щыхъукIи а вагъуитIыр зыкIи зэгъунэгъукъым, ЩIым дытету дыплъэу апхуэдэу тлъагъуми.
Нэхущвагъуэ – Венера (япэ къэкIуэкIэ).
Нэхущвагъуэм ВагъуэлыдкIи йоджэ. Ар ЩIым нэхъ пэгъунэгъу планетэщи, IупщI дыдэу болъагъу. Мы вагъуэр ЩIымрэ Дыгъэмрэ я зэхуаку дэтщ, Дыгъэм къыщекIуэкIкIи жыжьэ IукIуэтыркъым, щIэплъыпIэ нэзым (горизонт) и лъабжьэ зэи къакIуэркъым. Пщэдджыжь нэхулъэр къыщищIым къуэкIыпIэмкIэ, дыгъэр щыкъухьэжкIэ къухьэпIэмкIэ къыщоблэ. Нэхущвагъуэм кIахэ адыгэхэр зэреджэр «Нэфылъ жъуагъэщ» («рассветная звезда»).
Хэщхьэж вагъуэ – Венера (етIуанэ къэкIуэкIэ). «Адыгэ псалъалъэми» «Адыгэ-урыс псалъалъэми» апхуэдэущ зэритыр. Хэщхьэж вагъуэр Ахъшэм вагъуэм иужь иту уафэм къотIысхьэ.
Зи адэр дыщэ джэдыгукIэ зыщэжа вагъуэ – «вечерняя» Венера (ещанэ къэкIуэкIэ).
Вагъуэбэ – созвездие Тельца е созвездие Дельфина.
КъуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщыблэ вагъуэ зэрыбынщ, ар гъавэм хэплъэмэ, къэкIыгъэр багъуэу жаIэ. Вагъуэбэм теухуауэ пасэрей адыгэхэм жаIа нэщэнэхэрщ ди деж нэхъыбэу къэсар: «Вагъуэбэр щIым хэплъэмэ, къэб къуэпсым зедз», «Вагъуэбэр къыхэмыплъауэ нартыхум зиIэтыркъым, апщIондэху хэхъуэгъуейщ», «Вагъуэбэр щIым зэрынэсу, щIыри псыри мэщтри, щIымахуэм щIедзэ», жаIэрт адыгэхэм. 
Мыбдеж къыхэгъэщыпхъэщ Вагъуэбэм теухуауэ МафIэдз Сэрэбий итхар: «Илъэсыр IыхьиплIу гуэшыныр адыгэхэм Вагъуэбэ жыхуиIэ вагъуэ зэрыбыным ирапхырт. Вагъуэхэр зыдж щIэныгъэм Дыгъэр здырикIуэу жыхуиIэ Вагъуэ бын 12-м ящыщу «созвездие Тельца» жыхуаIэм нэхъ тохуэ Вагъуэбэр. Ауэ уи гугъэ хъунущ адыгэхэм Вагъуэбэ жыхуаIэу щытам а Вагъуэ бын пщыкIутIри къызэщIиубыдэу, иужькIэ, щIэныгъэу яIар щаIэщIэхужым, ди нэхъыжьхэм а фIэщыгъэр Вагъуэ быным и закъуэ траубыдауэ. Дауэрэ щымытами, ди бзэм къыхэнауэ иджыри хэтщ мыпхуэдэ жыIэкIэхэр: «Вагъуэбэр щIым къыхэкIащ», «Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъащ», «Вагъуэбэр жыг щхьэкIэм хыхьащ», «Вагъуэбэр щIым хыхьэжащ». Вагъуэбэр щIым къыхэкIауэ щалъытэр гъатхэм махуэмрэ жэщымрэ зэхуэдэ щыхъурт. Иджырей ди бжыгъэкIэ ар зыхуэзэр гъатхэпэ мазэм и 21 - 22 махуэхэрщ. Абдеж илъэсыщIэр къихьэу адыгэхэм къалъытэрт… Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъамэ (мэкъуауэгъуэм и 21 - 22), гъэмахуэм щIидзэрт, Вагъуэбэр жыг щхьэкIэм хыхьамэ (фокIадэм и 21 - 22), бжьыхьэр къэсат, Вагъуэбэр щIым хыхьэжамэ (дыгъэгъазэм и 21 - 22), щIымахуэр къихьат.
Вагъуэплъ – Марс (япэ къэкIуэгъуэ).
Ахъшэм вагъуэ – «вечерняя звезда» Марс (етIуанэ къэкIуэгъуэ).
Шортэн Аскэрбий зэритхамкIэ, Ахъшэм вагъуэкIэ зэджэр Сириус вагъуэращ. «Адыгэ псалъэ» газетым (№58-59, 1998 гъэ, гъатхэпэм и 31) зэритымкIэ, Ахъшэм вагъуэ е Хэщхьэжыгъуэ вагъуэкIэ йоджэ Сириус, Арктур, Капеллэ, Альфэ, Бетэ вагъуэхэм (еплIанэ къэкIуэгъуэ). Ахъшэм вагъуэр къитIысхьамэ, хэщхьэжыгъуэ хъуауэ къалъытэрт. «Уафэ джабэм кIэрыщтхьауэ Ахъшэм вагъуэр щIылъэм къыхуонэщхъеих», - етх Шортэн Аскэрбий.

Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться: