Си Iэпкълъэпкъым хэту уафэхъуэпскI, Уэшх къызогъэувыIэ махуэ къэс.

ГУГЪУЭТ Заремэ.

 

* * *
Махуэр щхьэхри, пыкIащ и дыгъэм,
Сэ - уи нитIым къыщIиха гугъэм.
Пшэм зэхелъхьэ емышу нэщхъ,
Махуэ къэскIэ къешхынущ уэшх.

Уэшхыр щIылъэм тощащэ щыгъэу,
Уэшхыр йобжьэ хэпхыжа гугъэм.
ТкIуэпсу хъуар шэчыгъуейуэ зэщхьщ,
Гъатхэ уэшхым сигу зэрегъэшх.
14.05.2024.

* * *
Си гум хышхуэ щобауэ,
Сэ толъкъунхэм созауэ,
Жэщым пщIыхь хэIубауэ, 
Щхьэцым тхъугъэ хидзауэ,
Си гум хышхуэ щобауэ.

ЗыкъэсщIэжмэ, … дауэ?!
Хыр уи нитIым щIэз хъуауэ,
И кум сэ сыкъинауэ,
ГъадэщIыдэ сыхъуауэ
ЗыкъэсщIэжмэ, дауэ?!
9.07.2024.

* * *
Сэ уи гъуэгум сыщыуIэгъэщ,
ЖызмыIахэр къыхэнэу плъэгъуэм.
Мы дунейр уи зы псалъэм щIэхуэу,
Къысхуэнэжри зы бэуэгъуэу.

СщIэркъым си пкъыр жьуджалэ щIэхъур,
СыщыджалэкIэ, уи псэ нэхум
Сытехуэжрэ, дунейр къысхуэгъуу,
СщIэркъым уафэр нэхъ щабэ щIэхъур.

Уафэм нэсти, гупсысэр мэхырт, 
IэфIу си бгъэм щыуз си щэхур
Жэщ жейбащхъуэм зыIэщIигъэхути,
Си нэ кугъуэм зыгуэр щыбзэхырт. 
11.07.2024. 

* * *
Си гур уигу адрыщIым къизгъэхыж,
Жэщ жеинши къызэмыузыжу.
Гъатхи бжьыхьи зыщызмыгъуэтыж,
Си гур къыщеуар уи дежщ иужьу.

Уи нэр сцIыхурт дыкъалъхун япэж,
Уэсым и къабзагъэм къытещауэ.
Гъатхэу хъуам щIымахуэ ягъэпэжт,
Уи пщIыхь хужьхэм нэхухэр щагъэщауэ. 

Уафэр зэрыиным согупсыс,
Сигу къииным сыпэмылъэщауэ.
Си бгъэм дэсу дыгъэ щIыIэрыс
КъызохьэкIыр, уи псэр ешэкIауэ. 
26.07.2024. 

* * *
Е си гухэлъ ескъухыжам
Псэуну лIапIэ къыщеуд.
Е согъэзэж сыкъыщежьам,
Жэщ гъуэрыгъуапщкIуэм сыщыудт…

Сыкъыщежьам щыIэжкъым плъапIэ,
Иджы, мис, жэщым сыщошынэ.
Сэ мы дунейм щысцIыхукъым кIуапIэ,
Сыщыщщ псэ дийм щысщIа лэгъунэм. 
27.08.2024. 

* * *
Уи псалъэу хъуар си нитIым щIэзу,
Зэм гугъэ къуэпсу, зэми нэпсу,
Сызытехуа гупсысэ нэзым
Тезгъэлъэлъэжу си Iэпэпсыр…

Мо уафэ щIыIэм мазэ пщтырыр
Къыздрихар къызогупсыс.
Сызэмысэж щIымахуэ блыным
СохъукI нэхущым щIыIэрыс.

БлэкIа щхьэжагъуэр ерыщ йокIуэ,
Си гъуэгу пхыдзар пцIы зэфэзэщщ.
Гур зауэм Iутщ, щIамахуэр токIуэ,
Си нэгум щIэту си псэм ещхь.
28.08.2024. 

* * *
Си гур угъурсызу къызоуз,
Уи псэм и щыхупIэм зыщидзауэ.
ЩIым макъ щIыIэм зыкъыщIеIукIыж,
Аргуэру къыщиудыжауэ.

ГъэмахуэкIэм гугъэ хэIубащ,
БампIэри нэпс гъущэ еIубауэ.
Бжьыхьэ плъыжьым хуимыщIыну бам
Нэхур щыхукIэ иризэгуэпауэ. 

Си дуней плъыржьэру нэхущ пшэплъ,
Сыпщхьэщыси, уэ сыносэжауэ.
Си гу щIыIэр зэрыузым еплъ,
И хуабагъэр жэщым щибзыщIауэ. 
30.08.2024.

* * *
МэупщIыIуж къэхьэуэ дыджыр,
Укъытощыжыр си нэджыджым.
ЩIымахуэ жэщу псэ къысIуокIэ…
Гъэмахуэ жэщу сигу укъокIыр.

Гупсысэм си гур зэIипщIыкIыу,
Уи пащхьэм минрэ сыщеукIыр.
ЗдэщыIэр сымыщIа мы си псэр
НыпщхьэщотIысхьэри, мэусэ. 
15.09.2024.

* * *
ЩIымахуэт.
Къэбгъуэтри си лIапIэр,
Упхат уэс чэсейкIэ.
Уэрамхэр жейбащхъуэт,
Ирикъутэкъым жейкIэ. 
ЩIымахуэм и пхъуантэм
Дэз щыхъукIэ уэс щабэр,
ФIэфIыпсу хэщатэрт
Дунейуэ тхъуэплъ напэр.
Илъэсыр усакъыу 
Къиплъхьати си Iэгум,
Сепщэжырт си закъуэу,
Сепщэжырт тIэкIу-тIэкIуу.
Си гъусэт уэрэди,
ПхуэсщIыжырт гукъани.
Зэманыр щIэлъэтырт,
Ситауэ уи къану.
Уэс налъэхэм зэи
Уи макъ еIусакъым.
Сигу щIыIэр нэхъ жэрти,
СыкIэлъысакъым.
30.12.2024. 

* * *
Жэщ-махуэр бзагуэ хъуащи, зэгуоуд,
ЖызмыIэфахэр абы къыщеуд.
Уи ныбжьыр си бжэIупэм плъыру Iутщ,
Бжэ лъэмбым къебэкъуэнуи хуимыт.

Си щэхур нэхущ вагъуэм къыщIегъэщ,
Сыкъезыгъэлри сызыхьыжри псэщ.
Щхьэгъубжэм адкIэ щодым къалэ нэщI,
Дуней къат-къатым си гур зэрегъэшх. 

Щхьэгъубжэр хуэсщIмэ, зы бэлыхь къэхъунущ,
Мо уафэм нэхущ вагъуэр къехуэхынущ,
Абы губампIэр жылэу къилъэлъынущ,
ПапцIапIэмкIэ си гущхьэм зыхисэнущ. 
18.01.2025.

* * *

Дыжьын Iуданэ къыхызолъэф
Уафэм сыдоIэбейри.
КъысфIыполъэлъри мыщIэ дыщэху,
Лыгъэ иредз си жейм.

ЛIыгъэ зыхэлъыр си гум и закъуэщ,
ИувагъащIэу лIыпIэ.
Зэхимыхами зэи уи макъыр,
КъыхегъэфIыкI щIэплъыпIэм.

Жэщым и нэзым сыкъыпохужри,
ПщIыхьри есыж пшэплъ-лыгъэм.
СоутIыпщыжыр хьэндрабгъуэ хужьыр,
ЗыхегъэпщкIуэж пшэ-Iугъуэм.
27.04.2025.

* * * 
Жыг щхьэкIэм пыс гъэмахуэ бзухэм
Япсыхь дунейр уэрэд къарукIэ.
Дыгъэ фIэрафIэм и зыщIыкIэм
Уи теплъэ нур къыхызощIыкIыр…

Уи теплъэр сигу щызогъэпщкIужыр,
Дзыхь хуэзмыщIыжу дыгъэ плъыжьым.
ИтIанэ сэри сохъур бзагуэ,
ИтIанэ сэри сохъур дэгу.

Жыг щхьэкIэм къыщоушри жьыбгъэр,
Къызыкъуиха и гугъэу лIыгъэ,
Къэгушхуэжауэ йоуэр Iэгу,
СхущIихулыкIыурэ си нэкIу…

А жьыбгъэм си гур щопсэхужыр…
Къызоубыдри и Iэ хужьыр,
ЕшаелIауэ зызогъэщI,
Сызэрымахэм ищIу лъэщ.
17.06.2025.

* * * 
Псэр йозэш, къелъыхъуэ зы дурэш,
ЩымыIауэ, дунейм щымыщауэ.
ГукъэкIыж къыскIэлъысам и фIэщщ,
Зэхэзмыха макъыр ишэщIауэ.

Жьыр щхьэцыгъуэ Iувым йопэщэщ,
Налъэ тхъуахэр хуэму къыщIигъэщу.
Зэман згъэпIэщIам сыIэщIощэщ,
Дуней нэщIым си гу щIыIэр хэщIу.

Псэр йозэш, уи жьэгум негъэзэж,
ЩхьэщотIысхьэ дэп упщIыIужакIэм.
Псэм зы лъахэ иIэу и гугъэжт,
Ар екIуэлIэпIэншэу къигъэщIами.
20.07.2025. 

* * *
КъэзгъэщIа илъэсхэм сыкъопэзэзэх,
Си гур къихьэжыну симыгугъэ щIэх.
Пэшым хэлъ щхьэгъубжэм къыIут балиейм
И къудамэ Iувым щIэгъэкъуа пкIэлъейм
Дыгъэр тетIысхьауэ, жыгыр зэпеплъыхь…
ПщIантIэм къыдыхьауэ дадэ лъэрымыхь,
Жыгым доIэбейри, къыпеч балий мыхъу…
Балийр зэрымыхъум си Iур гуащIэ ещI…
АдкIэ къыщыт бжыхьым тесщи бзу къуейщIей,
Зэпеуд си пщIыхьыр, ехь къыстеуа жейр…
КъэзгъэщIа илъэсхэм сыкъопэзэзэх,
ПщIыхьым къыщIиху нэпсыр слъэщIыжын сощхьэх.
7.10.2025.

* * *
ГукъэкIыжхэм саходжэрэзэжыр,
Узу гум и уIэгъэжь мыкIыжыр.
Уэшх ткIуэпс-ткIуэпсу дэсщIея унэжьыр
Къыщеудыр псыхьэлыгъуэ хъыжьэу…

СынызэпрыкIырт уафэхъуэпскIым,
Жьыбгъэм сыпэувырти, секIужт.
Си уэшх унэр сыухуати псэкIэ,
Си пкъым къезэвэкIыу сыщыткIужт.

Мис абдежым псори къыщынэжырт:
Уи фIэщ зэи схуэмыщIа си пэжыр,
Жэщ мыжейхэм езудэкIа зэшыр,
УафэхъуэпскIым уэшх зэримыIэжыр,
Мазэр уафэ куэщI зэримыхуэжыр,
Уумей цIэ лей зэрызыфIэпщыр,
Си пщэм тет анэлыр зэрызгъэпщкIур,
Сымыбауэу адрыщI гъуэгуу къэскIур…

…Си гур адрыщI гъуэгум кIуэцIроху,
Мазэр уафэ щIыIэм къыIэпоху,
Си Iэпкълъэпкъым хэту уафэхъуэпскI,
Уэшх къызогъэувыIэ махуэ къэс.
1.11.2025.

 

Поделиться: