Гузэвэгъуэшхуэм дунейр къезыгъэлахэр1986 гъэм мэлыжьыхьым и 26-м къэхъуа гузэвэгъуэм дунейр хуабжьу ихъуэжати, гъащIэр лъэхъэнитIу игуэша хуэдэт: «ипэкIэрэ» «иужькIэрэ». Чернобыль атом электростанцыр къыщыуам цIыхум и тхыдэм нэхъ къэхъукъащIэ гузэвэгъуэ имыIауэ къалъытат - мин бжыгъэхэр абы ихьат. «Чернобыль зэгухьэныгъэ» Къэбэрдей-Балъкъэр жылагъуэ IуэхущIапIэм и тхьэмадэ Хьэбалэ Хьэсэн тепсэлъыхьыжащ АЭС-м гузэвэгъуэр къыщыщыхъуа япэ махуэхэм, къэрал псор зэрызэкъуигъэувар. «XX лIэщIыгъуэм и къэхъукъащIэ нэхъ шынагъуэр къызэрыхъурэ илъэс 40 дэкIыжащ. 2001 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м Минск щекIуэкIа зэхуэсышхуэм СНГ-м и къэралхэм я Iэтащхьэхэм унафэ къыщащтауэ щытащ мэлыжьыхьым и 26-р Радиацэм-рэ нэгъуэщI къэхъукъащIэхэмрэ хэкIуэдахэм я дунейпсо фэеплъ махуэу ягъэувыну. ЦIыхухэр зыпэщIэтар я узыншагъэм зэран хуэхъу лэжьыгъэшхуэт, ауэ укъикIуэти хъунутэкъым. Илъэс 20 фIэкIа мыхъуа зауэлIхэри яхэту, цIыхухэр пэщIэтын хуей хъуащ Хиросимэрэ Нагасакирэ щрадзыха атом лагъым 90-м хуэбгъэдэн къарум. Радиацэм и лъэужьыр гъэкIуэдыжыным ди щIыналъэм икIауэ хэтахэм ящыщу цIыху 724-м къыхуагъэфэщащ къэрал дамыгъэ лъапIэхэр: ЛIыхъужьыгъэм и орденхэмрэ «ХэкIуадэхэр къызэрырагъэлам папщIэ» медалхэмрэ. Апхуэдэ лIыгъэр ящIэн хуейщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэгъуалэм». КъБР-м и Парламентым и депутат Безгодькэ Владимир жиIащ: «Чернобылым и ветеранхэм къызэтрагъэувыIам щIыпIэ мыхьэнэм и закъуэтэкъым иIэр - ар дунейпсо гузэвэгъуэт, радиацэр жыжьэ дыдэ щызэбгрыкIат. КъэхъукъащIэр Хиросимэрэ Нагасакирэ къыщыхъуам нэхърэ нэхъ шынагъуэжт. Дунейм зэи апхуэдэ лIыхъужьыгъэ щыIакъым - сэлэтхэмрэ дохутырхэмрэ, зэрызахъумэн Iэмэпсымэ гуэри ямыIэу, гузэвэгъуэр къыщыхъуа щIыпIэр дыкъэзыухъуреихь дунейм пэIэщIэ щIыным хуэгъэзауэ псынщIэ дыдэу ухуэныгъэхэр дращIеят. Ауэ япэ махуэхэм ди цIыхухэм яхузэфIэкIар мыхъуамэ, хэкIуэдэну щытар нэхъыбэнут. Абы хэта дэтхэнэми и цIэр дыщэ хьэрфкIэ тхауэ тхыдэм къыхэнащ». Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться:
Читать также:
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
18.07.2026 - 09:58 →
Фэеплъыр Налшык къыщызэIуах
17.07.2026 - 17:03 →
ФIэщщIыгъуей хъыбархэр
17.07.2026 - 16:10 →
Революционер шыщхьэмыгъазэт
17.07.2026 - 16:01 →
Лъэпкъ гурыгъузхэр зыхещIэ
| ||




