ГъащIэм тетхыкIа новеллэхэр

Философскэ гупсысэ куукIэ гъэнщIащ IутIыж Борис и новеллэхэр. ГъащIэм упщIэ куэд къегъэув цIыхур зэрыщытын хуейм, ищIапхъэм, фIымрэ емрэ зэрызэхигъэкIыну щIыкIэм теухуауэ. Абыхэм я жэуапхэр хэплъагъуэнущ IутIыжым и IэдакъэщIэкIхэм. 

«Гум и тазыр»

ГукъэкIыжхэр пшыналъэ гущIыхьэу щоIу мы новеллэм. «ЗэгъащIэ Мэрят: гум зыри щыгъупщэркъым» - ар жызыIэр гурщ, езы Марят и гурщ. Щыгъупщакъым абы фIыуэ къэзылъагъу, езыми фIыуэ илъагъу цIыхур ныкъуэдыкъуэ хъуа нэужь, ар зэрыхыфIидзэфар. Хуигъэгъуакъым, езы гур Жансэхъу къыхуэнати: «Уэ укъыбгъэдэкIыжа нэужь илъэс ирикъуи псэужакъым Жансэхъу. А зэман тIэкIурат уи фэрыщIагъэр зыхуримыкъужар…» Новеллэм щыпхышащ цIыхум къыдэгъуэгурыкIуэ хьэл - щэнхэр, гурыщIэхэр. Гугъэр зищIысым тхакIуэр щытепсэлъыхькIэ, куэдым уогупсыс: «Гугъэм бауэбапщэу кIэлъымыкIуа, хьэчэхьэпсэу кIэлъымыжа, ныбафэкIэ кIэлъымыпща цIыху дунейм къытехъуакъым, ар дыдэм къимыгъэпцIа гуэри хыхьэжакъым мы щIы фIыцIэм… Уоу, Гугъэ, Гугъэ! Сыту дахащэ, сыту IэфIыщэ хъурэ уэ уи пцIыр, ухыгъэм и хабзэ ткIийм джатэр къыщытхуиIэтым и деж. Уэ уи дыгъэ нэпцIым и бзийхэрат Жансэхъу къыхуэнэжар».
 Пэжуи, Жансэхъу и гум гугъэ фIэкIа зыри къинэжатэкъым. Ауэ гугъэрт, арат зэрыпсэун къаруи къезытыжыр. Хэт ищIэрэ, а гугъэ кIапэм къригъэлынкIэ хъунт, и лъэр къыщIигъэувэжынкIэ хъунт абы, Мэрят къыдэIэпыкъуамэ, абы и гуапагъэ щымыщIамэ… «… сыхуейкъым си гъащIэ зэхэкъутам уи насыпыр хэзгъэфыхьыну… Псори зыщыгъэгъупщэ, псори уигу игъэхуи… кIуэж…» - апхуэдэу жьэкIэ жиIа щхьэкIэ, Жансэхъу и гум илъыр нэгъуэщIт. Щыгугъырт Мэрят зыщIыпIи мыкIуэну. Иджы хуэдэу ар цIыху гулъытэ щыхуэныкъуэ зэи къэхъуатэкъым. Гуапагъэт абы и хущхъуэгъуэр.
 ФэрыщIагъэ щыдолъагъу Мэрят и деж. Жансэхъу «кIуэж» щыжиIам, абы дамэ къытекIат, езыри зылъыхъуэххэр фIэгъэнапIэти: «Сэ фIы дыдэу сщIэрт уэри уи анэри Iэджэ щIауэ фыкъыстеплъэ зэрымыхъужыр! Апхуэдизу фи гум сыщытемыхуэкIэ, си Iуэхущ, тхьэ, сэри афIэкIа мы унэм сыщIэсым!» Ауэ… акъылкIэ апхуэдизу щхьэпсыншэ цIыхум, гу къабзащэ кIуэцIылъынкIэ мэхъу. Мэрят езымрэ и гумрэ лъэныкъуэ зэрызт. Дауи, гур Жансэхъу и деж къыщынат. Езы Мэрят щхьэгъусэм къызэрыбгъэдэкIыжа щIыкIэр абы и гум къытхуеIуэтэж: «Арати, уи щыгъынхэр япэ къыпIэрыхьа шумэданым дэбутIыпщхьэщ, бжэр ину къебдзылIэжри, зы псалъэ гуапи къыхуумыгъанэу, апхуэдиз IэфIагъэкIэ къыбдэгуэша цIыхум укъыбгъэдэкIыжащ. УкъыбгъэдэкIыжащ, дапщэщи хуэмыдэжу, уи теплъэм, уи псалъэм, пшыналъэу щыIэм я нэхъ дахэу къыщыхъу уи дыхьэшх макъым ар щыхуэныкъуэ дыдэм».
 Мэрят зыIэщIэмыкIыфыр гум и тазырырщ: «Гум зыри щыгъупщэркъым, Мэрят. Гум зыри игъэгъуркъым, Мэрят» - жеIэ шыгъушыпсыпIэм хэлъ гум.
 Новеллэм гупсысэ куууэ хэлъыр нэхъри наIуэ къещI ар зэрытха бзэм. ТхакIуэр зытепсэлъыхь псори сурэту ещIри, уи нэгум къыщIегъэувэ. Псалъэм щхьэкIэ: «Лэгъунэм къыщIэплъэрт мазэ изыр. Акъужьым къихьырт гъатхэм и мэр. ТхьэкIумэм къиIуэрт пфIэфI пшыналъэ… Гум дыхьэу, псэм хыхьэу ар къыхэIукIырт къалэ жейм. АпхуэдизкIэ хьэлэмэтыщэу зэхэпщат а жэщри, къыпфIэщIырт псори хъуауэ псысэ!» Е, Жансэхъу щыпсалъэкIэ, абы и гупсысэхэм я лъагагъыр, я гуапагъэр сыту дахэу къигъэлъагъуэрэ тхакIуэм: «…дапхуэдизу гъащIэр мыфэзэхъуэкIми, ар сытым дежи дахэщ. Жэщ псом мазэр нурщ. Махуэ псом дыгъэр маблэ. Дапщэщи насыпыр щыIэщ. Ахэр къэлъыхъуэн, къэгъуэтын хуей къудейуэ аращ. Гува – щIэхами зэгуэрым тримыхуж пшагъуэ зэрыщымыIэр уи гум игъэлъын хуейуэ аращ…». 
 

Мазэгъуэ жэщ

 «Гум и тазыр» новеллэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэм хуэдэщ «Мазэгъуэ жэщ» новеллэр зытеухуари. Япэм цIыхубзыр епцIыжакIуэу къыхэщмэ, етIуанэм цIыхухъур епцIыжакIуэщ, лIыгъэншэщ икIи напэншэщ. Мыбы къыхощ Фарузэ и лъагъуныгъэ дзыхьыщIымрэ Къербэч и лъагъуныгъэ нэпцI гущыкIыгъуэмрэ. Фарузэ уэндэгъугъэ зэриIэр щриIуэкIым, Къербэч псынщIэ дыдэу лъэныкъуэ зрегъэзыж, «Си ужь укъиувэжыну ухуемыжьэ!» - жеIэри. Зэман дэкIауэ а тIур зэIущIэжащ. Фарузэ и хъыджэбз цIыкIур къыдэкIуэтеят. Къербэч щхьэгъусэ къулей зэригъэгъуэтат, и щыкъури къулыкъурэ мылъкукIэ къыхуэупсэжат. Зэ еплъыгъуэкIэ, Къербэч зэгупсысыжауэ къыпщыхъунут, и пхъур къыщилъагъум, адэ гурыщIэ гуэрхэри къылъыкъуэкIыжа хуэдэт… АрщхьэкIэ, цIыху икIэр дахагъэм дихьэхрэ?! Къербэч и дежкIэ нэхъапэт ахъшэр, мылъкур, IэщIагъэр. ФIыуэ имылъагъуххэ щхьэгъусэ къулейр. ЕтIуанэуи абы Фарузэ къигъэпцIащ. Гугъэр зи гум къыщызэщыужа бзылъхугъэр фIыуэ илъагъу цIыхум и пцIым хэкIуэдэжыпащ: «…Къербэч зыри пидзыжакъым. Ар дэтт мафIитIым я зэхуакум… ЗымкIэ Фарузэ къыщыгугъэрт. АдреймкIэ - Лалинэрэ ФатIимэрэ къыщыдалъэрт. МобыкIэ бгъазэмэ, - лъагъуныгъэт. МыбыкIэ къэбгъэзэжмэ …» Арати. Къербэчым Фарузэ къигъэнащ. Абы и ужь, Фарузэ щымыIэж пэлъытэу, дунейм темытыжу, тетыжми, и напэр текIарэ, ар зэритхьэщIыжын Iэмали щымыIэу къилъытэжащ. Аращ щыуагъэшхуэр щIыIэщIэщIари. Фарузэ и псэр щыхихыжым псалъэ гуузхэр къигъэнащ: «Къысхуэгъэгъу Маринэ… Къысхуэгъэгъу, си пцIащхъуэ шыр цIыкIу… Арыншэу хъужынутэкъым… арыншэу хъужынутэкъым…» 
 IутIыжым къиIэта Iуэхугъуэр нэхъри гукъинэж пщещI абы и бзэ шэрыуэм. Къэтхьынщ щапхъэ зыбжанэ: «Лъагъуныгъэр е таурыхъым и лъагапIэм нэскъым, е абы хуабжьу щхьэпырокI, ахъумэ сыт апхуэдизу зэхуэпабгъэу зэрыгъуэт псэ зэщIасэхэм кIэухыфI къащIыхуэмыгъуэтыр?». «Илъэсхэр зэи къэувыIэркъым. КIэи пэи зимыIэ махъшэ чырэм хуэдэщи, зэман гъуэзым къыхэкIым, кIапсэлъэрышэу кIуэурэ, гъадэ-щIыдэм хозэрыхьыжхэр. Дэ ахэм даIущIэ къудейуэ аращ. ЗыкIи ди Iуэху яхэлъкъым». «Сыту зэмыщхь а тIур: лъагъуныгъэмрэ ныбэизыгъэмрэ. Ахэр зэхуэпхьыныр тIэкIуи гурымыхьщ… Гум и шхыныгъуэ зымыгъуэтахэм пкъым и шхыныгъуэкIэ зытрагъэужурэ, насыпым и лъагапIэ дыдэр ара я гугъэу йосэжхэр…». 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: