Бзылъхугъэм и гуащIэрКъэбэрдей-Балъкъэрым къыщыунэхуауэ щыта цIыхубз зэщIэхъееныгъэм и тхыдэр щыхъумащ КъБР-м и къэрал архивми республикэм и Лъэпкъ музейми. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуэжащ 1900 гъэм къыщыщIэдзауэ 1960 гъэ пщIондэ мэкъумэшым, промышленностым, щIэныгъэм, щэнхабзэм, нэгъуэщI IэнатIэхэми республикэм и бзылъхугъэхэм щызэфIагъэкIыу щыта лэжьыгъэ мытыншхэр. Абыхэм щыхьэт техъуэ дэфтэрхэри, сурэтхэри, тхылъхэри щыIэщ. Тхыдэм дыщриплъэжкIэ, блэкIа лIэщIыгъуэм и 20 гъэхэм Кавказ Ищхъэрэм мыхьэнэ зиIэ зэхъуэкIыныгъэхэр къыщыхъуат. Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ я цIыхубзхэм я япэ щIыналъэ зэхуэсыр 1922 гъэм екIуэкIащ. Абы теухуауэ газет тхыгъэ зыбжанэ ихъумащ КъБР-м и Лъэпкъ музейм. А зэманым жыджэру, псынщIэу къызэгъэпэща хъуат цIыхубз лъэщапIэхэр (щыгъыныгъуэхэр щад, цы щызэрахъэ), гупжьейхэр (щIэныгъэм, щэнхабзэм я фIыпIэр щадж), нэгъуэщI Iэджи. А псори зыхуэгъэзар республикэм и зыужьыныгъэрт. Бгырыс цIыхубзхэр хущIэкъурт я лэжьыгъэм профсоюзхэри жылагъуэ IуэхущIапIэхэри къыхашэну. Мыгувэу диIэ хъуащ IэнатIэ зезыхьэф цIыхубзхэр. Псалъэм къыдэкIуэу, Старэ Крепостым (иджы Бахъсэн къалэрщ) дэта цIыхубз клубым и унафэщI хъуат Сасыкъ Фаризэт. Дэным, хэдыкIым хуэIэзэ а бзылъхугъэм и лэжьыгъэм щыщIидза лъэщапIэ мыиным фабрикэ псо къыхэкIат. ИужькIэ Фаризэт бгырыс цIыхубзхэм я клубым и унафэщIуи хахыгъащ. Къэбэрдейм и промышленностым и IэнатIэ зэхуэмыдэхэм цIыхубзхэр щылажьэ хъуат, абыхэм IэмэпсымэщIэхэр къагъэIурыщIэрт, IэщIагъэ мытыншхэр зрагъэхъулIэрт. Псом хуэмыдэу, ахэр я гуащIэ емыблэжу щылажьэрт IэфIыкIэ къыщыщIагъэкI фабрикэм. Зэман кIэщIым ехъулIэныгъэхэр зыIэрызыгъэхьа цIыхубзхэм я IуэхущIафэр республикэм и мызакъуэу, УрысеймкIи къыщалъытэ хъуат. Хэлъхьэныгъэшхуэ а лъэхъэнэм бзылъхугъэхэм зыхуащIахэм ящыщщ мэкъумэш IэнатIэр. Колхозхэм, совхозхэм щылажьэ цIыхубзхэр я къаруи я пси емыблэж жыхуаIэм хуэдэт. Абы щыгъуэм нартыху нэхъ бэв дыдэр кърихьэлIэжат Молотовым и цIэр зэрихьэу Советскэ районым щыIа колхозым щылэжьа Дэхъушокъуэ Къалэ и гупым. Правительствэм а цIыхубзым хуигъэфэщат медалхэмрэ орденхэмрэ. Аруан районым и цIыхубзхэм щапхъэу яIащ ГъукIэжь Хъаний. 1935 гъэм абы иIыгъа нартыхугъэкI звеном къратауэ щытащ Лениным и орденыр. 1937 гъэм Аруан районым и колхозхэтхэм Хъаний хахат КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату. Апхуэдэуи абы къыхуагъэфэщат «За добросовестный труд в Великой Отечественной войне» медалыр. Куэд къыбжеIэ мы бжыгъэм: 1930 гъэхэм ирихьэлIэу щIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэхэм я процент 44-р цIыхубзт. Блай Фузэ, щIэныгъэхэмкIэ кандидат япэу хъуа бзылъхугъэр, дохутыр Iэзэт, жылагъуэ лэжьакIуэт. РСФСР-м щIыхь зиIэ и дохутыр цIэр зезыхьа Фузэ 1915 гъэм Болэтей къыщалъхуащ. Къиухар Махъэчкъалэ дэт мединститутырт. Налшык къигъэзэжа нэужь, ар щылэжьащ республикэ сымэджэщым и къудамэ нэхъыщхьэм и унафэщIу, КъБКъУ-м и доценту щытащ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ щIэныгъэ тхыгъэу 30-м нэблагъэ. Фузэ къыхуагъэфэщащ Лениным и орденымрэ медалу 8-рэ. 1958 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и етхуанэ зэхуэсым а цIыхубзыр депутату хэтыгъащ, 2006 гъэм Фузэ и цIэр иратхащ Адыгэ щIэнгъуазэм. Адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ Къэшэж Иннэ зауэ зэманым къалъхуахэм ящыщщ (1944 гъэм мазаем и 13-м). Иннэ и адэр адыгэт, и анэр урыст. Дауэ и гъащIэр емыкIуэкIами, дэнэ къыщыщIимыдзами, Иннэ зэи щыгъупщакъым и Хэкур. Абы Къэбэрдей-Балъкъэрыр, къызыхэкIа лъэпкъым и щэнхабзэр сыт щыгъуи фIыуэ илъэгъуащ. ЖытIэм и щыхьэтщ и псэм Iыхьэ гуэр хуэхъуа щIыналъэм теухуа усэ куэд абы зэриIэр. Къыхэгъэщыпхъэщ: Къэшэж Иннэ и япэ усэхэр «Юность» журналым къытехуэу щыщIидзам, ар илъэс 16 хъуа къудейуэ арат. ИлъэситI дэкIри, 1962 гъэм, абы и япэ усэ тхылъыр, «Вольный Аул» зыфIищар, Налшык къыщыдэкIащ. Мыгувэуи, и усэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр радиокIэ къат хъуат. Зэрысабийрэ усэ тхыным дихьэха Иннэ насыпыфIэу зибжыжырт усыгъэ пшыхьхэм кIуэну къыщыхуихуэм. ГуащIафIэт, усакIуэ телъыджэт, псэ хьэлэлт. Япэ балъкъэр бзылъхугъэ-усакIуэу дуней псом цIэрыIуэ щыхъуар Зумакуловэ Танзилящ. Аращ лъэпкъ литературэхэр зыгъэлъагъуэ цIыхубзхэм ящыщу РСФСР-м Горькэм и цIэр зезыхьэ и Къэрал саугъэтыр япэу зыхуагъэфэщари. «Зумакуловэм и IэдакъэщIэкIхэм дихьэхар бгырысхэм я закъуэкъым, ахэр фIыуэ щалъэгъуащ Совет Союз псом», - жиIэгъащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Тхьэгъэзит Зубер. Дызэрыгушхуэнщи, нэгъуэщI бзылъхугъэ куэди тхыгъэ щхьэхуэ ятебухуэ хъуну диIэщ. Мамырыгъэм, зэгурыIуэныгъэм сыт щыгъуи и телъхьэщ цIыхубзыр, гуапагъэр, хуабагъэр жьэгум изымыгъэкIхэм я гуащIэри инщ. Уегупсысмэ, гъащIэр зыдэщIэращIэри цIыхубзым и псэ телъыджэрщ. Ар бэшэчщ, ар анэщ.
Поделиться:
Читать также:
14.05.2026 - 15:00 →
Бгъэжьхэм я тIысыпIэщ
12.05.2026 - 15:00 →
Я унафэ щIыкIэр гъэщIэгъуэнт
08.05.2026 - 17:00 →
Еджэрыкъуейхэр
08.05.2026 - 12:44 →
ЩАУЕЙ НЭКУРЭ И УЭРЭД
29.04.2026 - 13:49 →
Адыгэ уафэм дыхэплъэмэ…
| ||




