Къуаргъым и хьэлырЛъэпкъ библиотекэм и щIыбагъым къыдэт жыг хадэм щызолъагъу мыпхуэдэу: къуаргъхэм жыгым къыпыщэща шыкIуртIымхэр пэкIэ къащтэри яжьэдэлъу заIэт, лъагэу долъэтейри, шыкIуртIымыр кърадзых, щIым хьэлъэу техуа иужьи, ар зэгуоуд. Асыхьэту, къуаргъыр къридзыхыу зэгуиудам къыбгъэдолъэтэжри, зи купщIэр хуит хуэхъуар ешх… Къуаргъхэм ящIэ шыкIуртIымыр, дэр лъагэу пIэтрэ къебдзыхмэ, асфальтым техуа нэужь зэрызэгуэудынур… Къуаргъыр зэрыгубзыгъэр, куэдрэ зэрыпсэур жаIэу зэхыбох. АтIэ сыту пIэрэ ар бзууэ щыIэм нэхърэ нэхъ акъылыфIэу щIабжыр? Илъэс 40 хуэдэкIэ узэIэбэкIыжмэ, Инджылызым щрагъэкIуэкIауэ щытащ «зефир гъэунэхуныгъэ» зыфIащыжа Iуэхур. Зи ныбжьыр илъэсиплIым ит сабий 600-м IэфIыкIэ зырыз иратри, хуеймэ занщIэу яшхыну, хуеймэ, тIэкIурэ емыIусэу щагъэлъу, IэфIыкIитI къратыну къыжраIащ. Нэхъыбэм IэфIыкIэр занщIэу яшхыжащ. Абы емыдзакъэу етIуанэм пэплъахэр школми нэхъыфIу щеджэу, хэлъэти нэхъ яIэу къыщIэкIащ. Сыт атIэ мы къэтIуэтам къуаргъхэм я Iуэхуу хэлъыр жыпIэнкIи хъунщ… Къуаргъхэм шхын ягъэпщкIуурэ ягъэтIыгъуэу я хьэлщи, аращ гъэунэхуныгъэр дигу къыщIэкIыжар. Пэжщ, кIэпхъхэми, нэгъуэщI псэущхьэ куэдми ерыскъы ягъэтIылъ. Ауэ къуаргъхэм шхыныр яхъумэ, я фейдэ зэрыхэлъыр къагурыIуэу. Абы теухуауи зы къэпщытэныгъэ ирагъэкIуэкIащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, къуаргъхэм яфIэфI шхыныгъуэр щагъэлъыфынущ абы ехъуапсэу щытми, нэхъыбэж къахэхъуэну ящIэмэ. Къуаргъхэм шхын хуагъэтIылъри, хагъэдащ: е ар занщIэу яшхыну, е кумбыгъэм и щхьэр зэрытрах Iэмэпсымэ къащтэну. Дапщэрэ къэхутэныгъэр ямыщIами, сытым дежи къуаргъхэм къыхахыр Iэмэпсымэрт. Абыхэм ягъэунэхуат а Iэмэпсымэр къаIэрыхьа нэужь, дакъикъэ пщыкIутху нэхъ дэмыкIыу, шхын зэрылъ кумбыгъэ къызэрахьыр. Ар я щхьэм ираубыдат. НэгъуэщI къэпщытэныгъи драгъэкIуэкIащ къуаргъхэм, зэрыакъылыфIэр къахутэу. Я щхьэр тыншу зэрымыхуэну кумбыгъэ щхьэ зэвым псы иракIэри хуагъэуват. Абы щыгъуэм къуаргъхэм къагъэсэбэпащ «Архимед и закон» жыхуэтIэр - мывэми, хьэпшып цIыкIуу щылъIами къищтэурэ, а псым хидзэрти, псыр къыдрищIейрт, кумбыгъэм ифыкIыну тынш хъухукIэ. Къуаргъ лIэужьыгъуэ нэхъ цIэрыIуэ дыдэу къалъытэхэм ящыщхэр щопсэу Тауэр инджылыз быдапIэм, XII лIэщIыгъуэм абдеж щытIысауэ щытащи. XVII лIэщIыгъуэм Карл II и астрологым жиIауэ щытащ, Тауэр зы къуаргъ къыдэмынэжмэ, Британиер зэхэкъутэну. Абы щыгъуэ пащтыхьым унафэ ищIат къуаргъхэр яхъумэну, яхуэсакъыну. XIX лIэщIыгъуэм Пащтыхь гуащэ Викторие унафэ къищтащ быдапIэм щыпсэу къуаргъхэр Тауэр и мылъкум щыщу къэлъытапхъэу. ЕтIуанэ Дунейпсо зауэм щыгъуэ, Тауэр щыIа къуаргъхэм ящыщу зы фIэкIа къэмынэжауэ, Черчилль Уинстон зэхиха нэужь, унафэ ищIауэ щытащ ахэр ягъэбэгъуэжыну. Къуаргъхэр нэхъыбэ дыдэрэ псэу бзууэ къалъытэ. Мэзым щIэсмэ, щIыуэпсым хуиту хэпсэукIмэ, илъэс 15 хуэдиз къегъащIэ, ауэ мэзгъэфIэнхэм хуэдэхэм щагъэхъумэ, илъэс 40 хуэдизкIэ псэуфынущ. Тауэр щыIа къуаргъхэр псэурт апхуэдизрэ. Къэхъуащ илъэс 65 - 70-кIэ къуаргъ щыпсэуаи. «Къуаргъ сыхъужыху сыпсэуну» жыIэгъуэр диIэщ адыгэм. ЖьыкIэфэкIэм, куэд къэзыгъэщIахэм икIи зылъэгъуахэм нэхъ жаIэрт ар, «сылIэми содэ» жыхуаIэу.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2026 - 11:27 →
ЛъэныкъуитIыр зэгуроIуэ
15.05.2026 - 14:34 →
Алътуд и къежьапIэр
15.05.2026 - 11:33 →
Унагъуэм къыщожьэ
14.05.2026 - 12:43 →
Фэеплъым и джэрпэджэж макъхэр
12.05.2026 - 12:13 →
Анэшхуэ
| ||




