Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм траухуэ![]() КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Ди зэкъуэтыныгъэрщ ди къарур» концертыр, УФ-м и Президент Путин Владимир 2026 гъэр Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу зэригъэувам теухуауэ щытар. Концертым щагъэзэщIащ илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм ятха, Хэку зауэшхуэм и зэманым лъэпкъ зэхэгъэж ямыщIу цIыхубэр зэрызэкъуэувам, лIыхъужьхэм зэрахьа лIыгъэм теухуа уэрэдхэр. Мы уэрэдхэм щIэблэр къыхураджэ ТекIуэныгъэ, мамырыгъэ, щхьэхуитыныгъэ къытхуэзыхьа лIыхъужьхэм я лIыгъэмрэ абы щIата уасэмрэ зыщамыгъэгъупщэну, нэхъыжьхэм яхуэфащэу псэуну. Пшыхьыр ягъэдэхащ Музыкэ къэрал театрым и уэрэджыIакIуэхэу Ташло Алий, Дэгу Каринэ, ЦокIыл Азэмэт, Жубоев Жамболэт, ПащIэ Маринэ, Балъкъыз Гюлшах, Ржевская Татьянэ, Теунэ Джэмал, Шэрджэс Iэсият, КъуэщIысокъуэ Роксанэ, Хуламхайнов Къайсын, Мэз Джульетэ, Абей Рустам, Жылэ Альбинэ сымэ, нэгъуэщIхэми. Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм, зэкъуэтыныгъэм укъыхуезыджэ зэхыхьэм зыкърагъэхьэлIащ Налшык къалэм и курыт еджапIэхэм я гъэсэнхэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэмрэ.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2026 - 10:33 →
Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь
19.04.2026 - 11:00 →
Лианэ и IэрыкIхэр
19.04.2026 - 10:00 →
Тетащ дунейм нэфIэгуфIэу
12.04.2026 - 13:24 →
«Iуащхьэмахуэ и щыгу щагъэзащIэ къафэхэр»
01.04.2026 - 12:30 →
СурэтыщIым и гурыгъузхэр
| ||





