Зэрежьэнум зыхуагъэхьэзырНалшык къалэм дэт Мэжджыт нэхъыщхьэм хьэжыщI гъуэгуанэм зэрызыхуэгъэхьэзырын хуейм теухуа Iуэхугъуэхэр къыщаIэт зэIущIэ иджыблагъэ щекIуэкIащ. Ар къыщызэIуахым, къызэхуэсахэм фIэхъус гуапэкIэ захуигъэзащ КъБР-м и муфтийм и къуэдзэ Сыжажэ Алим. Абы къыхигъэщащ узыншагъэм Iэмал къритрэ гъуэгум текIуэдэну мылъкур бгъэдэлъыххэмэ, хьэж щIыныр дэтхэнэ зы муслъымэнми и къалэну зэрыщытыр. - Сыт хуэдэ Iуэхуми и пщIэр къызэрыплъытэнур абы халъхьэ гурылъращи, хьэжыщI гъуэгуанэм техьэну нет зытым и гум фIы зэрилъым шэч къытепхьэ хъунукъым. ФIэщхъуныгъэ зиIэ дэтхэнэ зы цIыхури щыгъуазэщ КъэзыгъэщIам къыхуигъэува къалэнхэр, фарз жыхуэтIэхэр, Iэмалыншэу гъэзэщIэн зэрыхуейр, абыхэм зэраузэщIыр, гъуэгу захуэм зэрытрагъэувэр. ХьэжыщI кIуэну зи гум изылъхьа цIыхур зыхущIэкъур Тхьэ Закъуэм гъунэгъу зэрызыхуищIынырщ, къыщищIа пщэрылъхэр игъэзащIэкIэрэ, игури и псэри игъэкъэбзэнырщ. Гуапэщ иужьрей илъэсым хьэжыщI кIуэхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэр, абы ехьэлIа Iэмалхэр нэхъыбэ хъууэрэ зэрекIуэкIыр. Ежьэнухэр гъуэгу махуэ фытехьэну, узыншэу фи унэ фыкъекIуэлIэжыну сыфхуолъаIуэ, - жиIащ Сыжажэ Алим. КъБР-м икIыу хьэжыщI кIуэ гупым я гъуазэхэм ящыщ, Джэрпэджэж къуажэм и Iимам Бозиев Абдул-Хьэчим къыхигъэщащ гъуэгу теувэнухэм я тхылъхэр хьэзыр зэрыхъуар, Саудей Хьэрыпым и щIым уихьэну хуит узыщI визэхэр къыдэхыным я Iуэхур зэрызэфIэкIар. - Зы Iуэхугъуэм хуэгъэпсауэ ежьэ гупыр бунэтIыныр, гъуэгумкIэ бгъэгъуэзэныр псапэщ, апхуэдэ дыдэуи жэуаплыныгъэ ин дыдэ зыпылъ Iуэхугъуэщ. Дэ ди къалэным хыхьэр цIыхухэр Саудей Хьэрыпым нэшэсын къудейракъым. А къалэныр зэбгъэхъулIэн папщIэ, къэралым къигъэув хабзэ куэд зэфIэхын хуейуэ къытпэщылъщ. Мы махуэхэм къриубыдэу ди щIыналъэм икIыну хьэжыщI гупыр зыщIэсыну хьэщIэщыр къыхэтхащ, пэш къэс щIэсыну цIыхухэр дубзыхуащ. Кхъухьлъатэ телъэтыкIыпIэм дыкъыщIэкIа нэужь, Мэчэ икIи Мадинэ къалэхэм дызышэну автобус зэгъэпэщахэр къыщытпэплъэнущ. ХьэжыщI кIуэхэр махуэм тIэу ягъэшхэнущ. ДыкъызытеувыIар тырку шхыныгъуэхэращ: блэкIа илъэсхэм хьэжыщI кIуэхэм ар нэхъ къащтэу, нэхъ къезэгъыу, зэщымыщхъу имыщIу къалъытащ. Апхуэдэу Налшыкрэ Бахъсэнрэ дэт мэжджыт нэхъыщхьэхьэм хьэжыщI кIуэнухэм папщIэ курсхэр къыщызыдогъэпэщ мы махуэхэм. Абдеж хьэж зэрыпщIыну щIыкIэхэм, дауэдапщэхэр зэрыщIын икIи духьэхэр къызэрабжын хуейхэм теухуауэ дерсхэр щекIуэкIынущ. Къыхэгъэщын хуейщ илъэсипщI лъандэрэ гъусэ пэж тхуэхъуу дохутыритI зэрытщIыгъунур. Ахэр дэтхэнэми къыткIэлъыплъынущ, щIэгъэкъуэн къытхуэхъунущ, щыIэмалыншэм деж, япэ медицинэ дэIэпыкъуэгъуи тхуэхъунущ. Нэхъыщхьэращи, шэрихьэт щIэныгъэхэм фIыуэ хищIыкIыу, хьэрыпыбзэм хъарзынэу щыгъуазэу, хьэж щытщIкIэ, дызэрыщымыуэным кIэлъыплъу унэтIакIуэхэри диIэнущ. ДыкъэзыгъэщIам солъэIу ди гуращэхэр къыдэхъулIэну, дызытехьэ гъуэгуанэр къыддэхъуну, - жиIащ Бозиев Абдул-Хьэчим. «Хьэж Iуащхьэмахуэ» IуэхущIапIэм и унафэщI Казаков Iэсхьэд зэрыжиIамкIэ, гъуэгу техьэхэр зэрылъэтэнур «Аэробус А-320» кхъухьлъатэ лIэужьыгъуэхэрщ. - Дызытет дунейм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщекIуэкI мыхъумыщIагъэхэм уамыгъэгумэщIынкIэ Iэмал иIэкъым. ЩIыдагъэр лъапIэ хъуащ, уэгу гъуэгухэм я нэхъыбэр зэхуэщIащ, къызыпэпкIухьын хуей щIыпIэ куэд щыIэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, хьэжыщI гъуэгуанэм хуэдгъэхьэзыра программэр, Тхьэм къыддигъэхъумэ, щыщIагъэ имыIэу дгъэзэщIэнущ. Дылъэтэну хуит дызыщI тхылъхэр Саудей Хьэрыпми Урысейми къыдатащ, жыпIэнуращи, дэ дызэрежьэнум дыхуэхьэзырщ, - къыхигъэщащ Казаковым. «Налшык» кхъухьлъатэ телъэтыкIыпIэм и унафэщI Айнетдинов Сергей тепсэлъыхьащ нэхъабэ и жэпуэгъуэ мазэм и «Джазирэ» дунейпсо авиаIуэхущIапIэм и аудит Iуэхугъуэхэм зэрыхэтар, ахэр къанэ щымыIэу зэригъэзэщIар. - Авиадагъэм и фIагъыр къапщытащ, шынагъэншагъэм епха Iуэхугъуэхэр зэрылажьэр ягъэунэхуащ, техникэр зыхуэдэр къалъытащ, кхъухьлъатэр зезыхуэнухэм я щIэныгъэр къапщытащ. Аудитым занщIэу дыпхыкIауэ жыпIэ хъунукъым. Ауэ Дзасэжь Хьэзрэталий и фIыгъэкIэ дызыхуэныкъуэхэмрэ дызыхущыщIэхэмрэ зэдгъэпэщыжащ, - жиIащ Айнетдинов Сергей. Апхуэдэу абы къыхигъэщащ Гъунапкъэхэр хъумэнымкIэ къулыкъущIапIэм, Таможнэ хуэIухуэщIэхэр щызэрагъакIуэ IуэхущIапIэм, Урысейм и потребнадзорым зэрадэлажьэр, хьэжыщI кIуэнухэм я гъуэгур къызэрагъэпэщын щхьэкIэ, къыхэкIынкIэ хъуну лъэпощхьэпохэр зэрагъэмэщIэнум иужь зэритыр.
Поделиться:
Читать также:
15.06.2026 - 17:06 →
Лэжьыгъэр зрегъэлъагъу
15.06.2026 - 16:11 →
ЦIыкIухэм папщIэ
15.06.2026 - 16:00 →
Дунейм фызыфI нэхъ мылъкушхуэ щыIэкъым
15.06.2026 - 15:22 →
Зым и щапхъэр адрейм и бзыпхъэу
15.06.2026 - 13:58 →
ЕхъулIэныгъэхэр яIэу
| ||




