Ди нэхъыжьыфIхэм дыщIапIыкIащ Iущыгъэ, акъыл къызыхэпх хъун хъыбархэм. Пщыхьэщхьэм дызэхуэсыжамэ, ди адэм гъэсэныгъэрэ ущииныгъэрэ зыхэлъ IуэрыIуатэхэм, хъыбарыжьхэм дыщIигъэдэIукIырт. Сабийхэр дызэпригъауэрт къуажэхь къэщIэнкIэ, псалъэжь жыIэнкIэ.
Дэ зэрыбынибл дыхъурти, дызэхьэзэхуэрт, нэхъыбэ зэрыжытIэным дыхущIэкъурт, ауэ нэхъыжьхэм датекIуэртэкъым нэхъыщIэхэр.
Иджы ини-цIыкIуи дыкъинауэ дызэрыс Интернетым къралъхьэхэм уакIэлъыплъмэ, гъэсэныгъэ къызыхэпх хъунур мащIэ дыдэщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, щIалэгъуалэр зэплъу къэна жып телефоным, мыхъумыщIагъэ куэд къыпкърокI, узыншагъэми зэран хуохъу.
Си ныбжьэгъу нысащIэм и тхьэкIумитIым «наушник» жыхуэтIэ IэмэпсымэмкIэ зэпымычу уэрэд едаIуэрти, дызэхуэзэхукIэ «мыбы уи тхьэкIумэр Iисраф ищIынущ, хуэсакъ», - жесIэрт. Зэгуэрым къысхуетх: «Щхьэ сыномыдэIуарэт, си тхьэкIумитIыр операцэ ящIауэ Саратов и сымаджэщым сыщIэлъщ. Дохутырым къызжиIащ тхьэкIумэIулъымкIэ сызэрыерыщым къызэрыхэкIар си тхьэкIумэ узынымрэ тэмэму зэхэзмыхыу сызэрыхъуамрэ».
Девгъэгупсысыт абы зэраныгъэу къишэр зыхуэдизым. Си адэ къуэшым и къуэми ар къыщыщIащ. Илъэс 30 фIэкIа мыхъуа щIалэщIэм и тхьэкIумитIыр операцэ ямыщIу хъуакъым.
Нэхъапэм телевизорым метрищкIэ тпэмыжыжьэу драгъэплъу щытакъым, «фи нэхэмкIэ зэранщ», жаIэрти. Иджы, ди жагъуэ зэрыхъунщи, зи нэм фIыуэ имылъагъухэр нэхъыбэ хъуащ. Сабий куэдым нэгъуджэ яIулъщ. АбыкIэ къуаншэр балигъхэращ, дауи. Сабийм зимыгъэхъейуэ щысмэ, къимыжыхьмэ, мызэранмэ додэ, телефоныр IэщIыдолъхьэри, дэри ещхьыркъабзэу дисщ Интернетым. Сэбэпынагъыу къихьым нэхърэ нэхъыбэ зэраныгъэу къызэришэм дегупсысыркъым.