Мэкъумэшым драгъэхьэх

Хъыбар кIэщIхэр

«ЕрыскъымкIэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным хуэгъэпса технологиехэр» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «АПК-м IэщIагъэлIхэр хуэгъэхьэзырын» щIыналъэ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ 2026 гъэм и фокIадэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и курыт еджапIэхэм ящыщу иджыри 10-м мэкъумэш-технологие классхэм хуэдэхэр къыщызэIуахынущ. А Iуэхугъуэхэм я къалэн нэхъыщхьэр щIэблэр мэкъумэш IэщIагъэхэм дегъэхьэхынырщ, школым къыщыщIадзэу нэхъри хагъэгъуазэурэ мэкъумэш IэнатIэм IэщIагъэлIхэр университетхэм щыхуагъэхьэзырынщ, а лэжьыгъэм хэтхэм я пщIэр къэIэтыжынырщ.
Мэкъумэш-технологие классу тIурытI къыщызэIуахынущ Бахъсэн, Аруан щIыналъэхэмрэ Бахъсэн къалэмрэ, зырыз – Дзэлыкъуэ, Лэскэн, Шэджэм, Шэрэдж районхэм. Абыхэм нэмыщI, нэгъабэ и фокIадэм щегъэжьауэ мэкъумэш классхэр щыIэщ Май къалэм, Куба, Кыщпэк, Красноармейскэ жылэхэм я курыт еджапIэхэм. 
Абыхэм щеджэхэм биологие, химие, физикэ, математик дерсхэр куууэ щрагъэдж, иджырей обрудованэхэмкIэ къэхутэныгъэхэр щрагъэкIуэкI, къыхахыну IэщIагъэхэм хуэижь зэрыхуэхъуну Iэмалхэм щагъэгъуазэ. 
КъищынэмыщIауэ, мэкъумэш-технологие классхэр къыщызэIуах хъуну курыт еджапIэхэр здэщыIэн хуейр цIыху мин 50-м нэхърэ нэхъыбэ зыщымыпсэу къалэхэмрэ жылэхэмрэщ, езыхэр зэраухуэрэ е къызэрагъэщIэрэщIэжрэ илъэситхум щIимыгъуауэ, IэщIагъэлIхэр лэжьыгъэкIэ къызэзыгъэпэщыну мэкъумэш IуэхущIапIэри километр 30-м нэхърэ нэхъ пэмыжыжьэу щыту.

IэнатIэм зеужь

2026 гъэм и щIышылэм – мазаем къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм зэхэту мэкъумэш продукцэу къыщIагъэкIащ сом меларди 5 и уасэ (республикэм иджыпсту къыщекIуэкI уасэхэм ятещIыхьауэ) е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм проценти 102,4-кIэ хуэкIуэу. Апхуэдэ хъыбар иджыблагъэ къитащ Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм. 
Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу хэхъуэ къигъэлъэгъуащ Iэщ гъэхъун IэнатIэм: лымрэ джэдкъазылымкIэ (псэууэ шэчауэ) – проценти 2,1-рэ, гъэшымкIэ – проценти 2,3-рэ, джэдыкIэмкIэ – проценти 2,8-рэ. 
2026 гъэм и япэ мазитIым республикэм лырэ гъэшу къыщалэжьам и Iыхьэ тхуанэр фермерхэмрэ уней IуэхущIапIэхэмрэ къалъысащ: тонн мини 3,6-рэ, тонн мин 12,6-рэ, ахэр зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу къэгъэлъэгъуауэ. 
КъищынэмыщIауэ, нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм а тIум зэхэту лырэ джэдкъазылу къалэжьэам и куэдагъым процент 1,6-кIэ, гъэшым – процент 1,8-кIэ хагъэхъуащ.
 

 

ЩЭУЕЙ Былэ.
Поделиться: