Антикоррупционная линия Главы КБР:
40-89-70, 40-34-32
Урысейм щагъэлъапIэ Лъы зытым и махуэр 1937 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Прохладнэ станицэр къалэ хъуащ. 1925 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI Сындыку Тобий (Анатолэ). 1932 гъэм къалъхуащ режиссёр, УФ-ми КъБР-ми гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтыр зрата Теувэж СулътIан. 1933 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист НэщIэпыджэ Ибрэхьим. 1940 гъэм къалъхуащ УФ-ми КъБР-ми щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик Джырандокъуэ Михаил. 1949 гъэм къалъхуащ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и унафэщI, КъБР-мрэ КъШР-мрэ я цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтыр зрата Ацкъан Руслан. 1955 гъэм къалъхуащ педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, УФ-ми КъБР-ми егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Щоджэн Ахьмэд.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 12 - 13, жэщым градуси 9 - 10 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 4-кIэ зихъуэжынущ.